«Лъахэ уэрэдхэр»КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Артиадэм и лауреат (2004 гъэ), «Илъэсым и цIыху» (2008 гъэ), «Си гур сабийхэм тыгъэ яхузощI» (2010) зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъуа, «ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и егъэджакIуэ нэхъыфI» (2015 гъэ) урысейпсо зэпеуэм щытекIуа, Тэрч къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI икIи и егъэджакIуэ, композитор Iэзэ ЗэрамыщIэ Заретэ иджыблагъэ къыдигъэкIащ «Лъахэ уэрэдхэр» (Адыгэ композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэм я антологие) уэрэдылъэм и еплIанэ Iыхьэр. Абы ихуащ ЗэрамыщIэм зэхуихьэсыжа, зэригъэпэщыжа, нотэкIэ итхыжа уэрэдхэр. Уэрэдылъэм къыщывгъуэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зыужьыныгъэм лъэужь дахэ къыхэзына, уэрэд гъуазджэм зезыгъэужьа композиторхэмрэ уэрэдусхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэу дзапэ уэрэд хъуахэм ящыщхэр. Лэжьыгъэм и япэ напэкIуэцIхэм ихуащ Совет къэралыщIэ яухуагъащIэм гурэ псэкIэ акъылэгъу дэхъухэу япэу радиом щылэжьахэм ящыщу Къэжэр Индрис, ДыщэкI Залымхъан, Пщынокъуэ БетIал сымэ я уэрэд нэхъыфIхэр. Апхуэдэу мы тхылъым хагъэхьащ урыс композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано итха уэрэдхэр. ИлъэсипщIкIэ (1950 - 1960) Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр игъэкIуатэу, республикэм и лэжьакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу лэжьащ ар. Арат зыгъэхьэзырар Москва щагъэлъэгъуэа концертхэм я нэхъыбэр. Куэдым ящIэжыркъым КъБАССР-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым щIыпIэ куэдым щигъэзэщIа «Кабардинка» уэрэд цIэрыIуэм и псалъэхэр Мурадели зэритхар. Мы тхылъым щызэхуахьэсащ цIыхубэм яIурылъ, фIыуэ ялъэгъуа уэрэд зыбжанэ. Ахэр нобэ щоIу адыгэ унагъуэ куэдым, хьэгъуэлIыгъуэхэм, махуэшухэхэм икIи радиом и фондыр зыгъэбей дыщэ пхъуантэщ. Апхуэдэщ Балэ Мухьэдин, Шахгалдян Артемий, Къардэн Хьэсэн, Темыркъан Борис, Тхьэбысым Умар, Шэрий Иринэ, Къашыргъэ Билал, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Молэ Владимир, Даур Аслъэн, Жырыкъ Заур сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Тхылъым и щIэныгъэ редакторыр ЩIДАА-м и вице-президент, «Адыгэ щIэнгъуазэ» институтым и унафэщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Редакторыр усакIуэ, журналист цIэрыIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI тхылъхэм я редактор Джэрыджэ Арсенщ. Макъамэ редакторыр КъБР-м и Композиорхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIилщ. Композиторым и тхылъ ебгъуанэщ дунейм къытехьар. Лэжьыгъэр яхуэгъэзащ адыгэ уэрэдхэр фIыуэ зылъагъухэм, еджакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, дэтхэнэ зы адыгэми. Тхылъыр къыдигъэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ Къанокъуэ Арсен, Лосэн Тимур, Табыщ Мурат, ГъущIо Ритэ, ЗэшэкIуий ТIэхьир, Балэ Линэ, ДыщэкI Ахьмэд, Пщынокъуэ Артур, Къардэн Заремэ, Къэгъэзэж Людмилэ, Намэ Иллен, Шэрий Маринэ, Тэрч щIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэр. ЗэрамыщIэм и зэфIэкIыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэми нэрылъагъу щыхъуащ, Тэрч къалэм и Сабий музыкэ школым ныбжьыщIэ куэд лъэпкъ пшынэмрэ баянымрэ щыхуигъэсащ, абы ящыщ зыбжанэ республикэм и музыкэ сабий школхэм щолажьэр, ахэр республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм, фестивалхэм гъэ къэс хэтщ, пашэ щыхъуу. ЗэрамыщIэм КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис, Къанкъул ФIыцIэ, Вындыжь Марие, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Ацкъан Руслан, Семэн Юрэ, Бейтыгъуэн Iэуес, Хьэщыкъуей Олег, нэгъуэщIхэми я усэхэм макъамэ щIилъхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и нотэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ, адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэр зэхуихьэсу яхуитха нотэхэр, уэрэдхэр зэрыт и тхылъхэр лъэпкъ щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэфIщ. КъызэщIэпкъуэжмэ, ЗэрамыщIэм уэрэд 200-м щIигъу иIэщ. Абы ящыщ куэд щIэх-щIэхыурэ республикэм и телевиденэмрэ радиомкIэ къат. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу КIасэ Майе, Кърым Иринэ, ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Сокъур Ольгэ, Даур Иринэ, ПащIэ Ленэ, Нэхей Тамарэ, Къашыргъэ Мухьэмэд, Нэхущ Чэрим сымэ Заретэ и уэрэдхэр яфIэфIу ягъэзащIэ. Уэрэдхэм къадэкIуэу, сабийхэм щхьэхуэу Iэмэпсымэхэм папщIэ макъамэхэри яхуетх. Республикэм адыгэ пшынэм папщIэ нотэ литературэ зэримыIэм къыхэкIыу, пшынауэ Iэзэхэм (ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, ЖьэкIэмыхъу Жансурэт, Тубай Артур, Сэхъу Хьэсэн, Къуэдз Iэбубэчыр, Хьэгуарэ Ксение) нэгъуэщIхэми я деж и магнитофоныр иIыгъыу кIуэрт, я пшынэ еуэкIэр иригъэтхыну. КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ, республикэм и Музыкэ школхэм папщIэ 1990 гъэм япэу къыдигъэкIащ «Мелодии гор» тхылъыр. ЗэрамыщIэм сабийхэм яхуитхащ «Нурхьэлий», «Ислъэмей», «Понарошкин мир», «Мой утёнок», «Мой Терек», «Мир вам, люди», «Моя песенка» уэрэдхэр. «Песня-танец», «Наигрыш», «Солнышко», «Школьный вальс», «Танец мухаджиров» пьесэхэр. КъыдигъэкIа тхылъхэм ящыщщ «Сыныппоплъэ» (1994), «Тэрч пшыналъэ» (2002), «Адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ дзапэ уэрэдхэмрэ» (2008), «Насыпыр аращ» (2009), «Лъахэ уэрэдхэр» (2020), «Лъахэ уэрэдхэр» (етIуанэ тхылъ, 2021), «Лъахэ уэрэдхэр» (2022) уэрэдылъэхэр.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2025 - 09:40 →
Гъуазджэм и цIыхухэр
06.05.2025 - 17:16 →
Уи ужькIэ къэбгъанэрщ…
06.05.2025 - 16:13 →
IэщIагъэр гъащIэ гъуэгуу
05.05.2025 - 16:13 →
Тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ
05.05.2025 - 15:12 →
Москва щагъэлъагъуэ
|