Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэрт

Мысыр новеллэм и япэ вагъэбдзумэр къэзыхьауэ ялъытэр Теймур Мухьэмэдщ (1892 - 1921). Ар Теймур-пэщэ Ахьмэд филолог лъэрызехьэм, хьэрып классикэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къэхутакIуэм, пасэрей тхылъыжьхэмрэ Iэрытххэмрэ я зэхуэхьэсыжакIуэм и унагъуэм къыщалъхуащ. Я анэр пасэу щылIэм, Мухьэмэд щIалэ цIыкIуми абы и къуэшхэми я гъэсэныгъэр и пщэ дилъхьэжащ я адэ шыпхъу Теймур Айшэ. ТхакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм и къекIуэкIыкIам тетхыхьыжащ журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 
И сабиигъуэм щыщIэдзауэ тхакIуэ хъуну ныбжьыщIэр литературэ Iуэхум хэша мэхъу, я унагъуэм исхэм тхылъым пщIэуэ хуащIыр зэрыиным и фIыщIэкIэ. А псор, дауи, лъэужьыншэ хъуакъым Мухьэмэд и дуней еплъыкIэр щызэфIэувэм. Курыт щIэныгъэ абы щызрегъэгъуэт европей курыт еджапIэхэм ещхьу Каир дащIыхьам. А илъэсхэм белджылы къохъу литературэмрэ гъуазджэмрэ абы лъагъуныгъэ зэрыхуиIэр. Апхуэдэ гукъыдэжыр сыт и лъэныкъуэкIи къыдаIыгъ и адэмрэ абы и шыпхъумрэ. ИлъэсипщI ныбжьым къыдыщIедзэ Мухьэмэд усэ тхыныр. Поэзием лъагъуныгъэу абы хуищIар зыкIи ужьыхакъым и гъащIэ мащIэр иухыху.
Абы къыдэкIуэу Теймур Мухьэмэд дихьэхырт гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэми. Псом хуэмыдэу фIыуэ илъагъурт театрыр. ЕджапIэм щыщIэс зэманым ар куэдрэ кIуэрт спектаклхэм, езым я унагъуэ театрым щыджэгурт, абы щагъэлъэгъуэну пьесэхэр итхырт. Мухьэмэд и къару щоплъыж публицистикэми. Абы къытрырегъадзэ социальнэ-жылагъуэ икIи хабзэ-бзыпхъэ къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ тхыгъэ зыбжанэ.
Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, ар Париж макIуэ. ИлъэсищкIэ абы щедж европэ литературэр, щыгъуазэ зещI франджы щэнхабзэ гъащIэм, я хьэл-щэнхэм, хабзэхэм кIэлъоплъ. И нэгу щыщIэкIахэр, гукъинэж нэхъ щыхъуахэр Мухьэмэд щызэхуихьэсыжащ «Париж теухуа гукъэкIыжхэр» тхылъым.
Дунейпсо зауэм и пэщIэдзэ зэманым ар ирихьэлIащ Мысырым щыIэу. Абы къехъулIакъым и еджэныгъэр и кIэм нигъэсыну, ауэ, жыIэн хуейщ, алъандэрэ зыхуеджами, зригъэщIами я фIыщIэкIэ Мухьэмэд пасэу къызэрыжэпхъар, Iуэху еплъыкIэ нэхъ зэрыубыда иIэ зэрыхъуар.
Зауэ екIуэкIымрэ революцэ зэщIэхъееныгъэмрэ я толъкъунхэм зэщIищта къэралым Теймур Мухьэмэд зыщрегъэужь щэнхабзэ Iуэху зехьэн и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIымрэ къарумрэ. Абы а зэманым къытрыригъадзэ тхыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар пэIэщIэт политикэ и лъэныкъуэкIэ къабзэу икIи бзыгъэу укъуэдия еплъыкIэм. Ар либералт, зыпылъари зыщ - цIыху щхьэ закъуэм иIэн хуей хуитыныгъэм, демократием, зэхуэдэныгъэм къыхуеджэныгъэкIэ къыхузэщIэIэтэнырщ.
Зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэхэр Теймур Мухьэмэд и литературэ лэжьыгъэм и нэхъ купщIафIэ зэману уващ. Абы етх публицистикэ лэжьыгъэ зыбжанэ, щэнхабзэм, еджэныгъэм, псом хуэмыдэу литературэ гуащIэм теухуауэ. Мухьэмэд и пьесэхэр дунейм къытохьэ, а лъэхъэнэм ирохьэлIэ абы и хъыбар нэхъыфIхэри.
Теймур етхьэкъу драматургием. Абы етх «Хъарым ис бзу цIыкIу», «Абу ас-Саттар - ефэнды», «Ныбжьэгъугъэ жумарт» пьесэхэр, ахэр сценэм щыгъэувыным холэжьыхь, сыт щыгъуи пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ Париж и театральнэ гупхэм.
«Ас-Суфур», «Аль-Мимбар» газетхэм Мухьэмэд къытрыригъэдза и тхыгъэхэр сэбэп мэхъу театр критикэр къызэщыунымкIэ. Ар ятотхыхь ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм и драматург, актер цIэрыIуэхэу ал-Юсуф Роз, Хъиджази Сэламэ, Идэ Хьэзиз, ал-Мэхьди Мунир, нэгъуэщIхэми.
Теймур Мухьэмэд Мысырым и япэ театр критик икIи тхыдэдж инщ.
Тхэн Iуэхум абы щиIэ зэфIэкIыр нэхъ къыщынэIуар новеллэхэрщ. Абыхэм я нэхъыбапIэр щитхар 1917 - 1918 гъэхэрщ икIи «Нэхэм ялъагъу псор» псалъащхьэр иIэу «Ас-Суфур» газетым къытрырегъадзэ. А хъыбархэм яхыболъагъуэ кинематограф еплъыкIэкIэ къэпхъуэта хъуа теплъэгъуэхэр. КинокIэ дигъэлъагъум хуэдэу тхакIуэм ди пащхьэ кърегъэувэ жылагъуэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэтепщIыкI лIэужьыгъуэ зыбжанэ.
Теймур Мухьэмэд новеллэ куэд дыдэ и къалэмыпэм къыщIэмыкIами (псори тIощIым ноблагъэ), ар ялъытэ мысыр литературэм и жанр кIэщIым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ. Социальнэ Iэпкълъэпкъыу гъащIэм къыхигъуатэхэм хъыбар пэж фащэ япэу щызытIэгъар аращ. А гупсысэм арэзы тохъуэ хьэрып литературоведхэри, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу къэралхэм я литературэр зыдж журт академик Крачковский Игнатий, украин профессор Крымский Агафангел, азербайджан академик Али-заде Абдулкерим, урыс профессор Коцарев Николай сыми.
И гъэпсыкIэкIэ Теймур Мухьэмэд и новеллэхэр гупитI ипщIыкI хъунущ. Япэрейм хохьэ жылагъуэ-политикэ, цIыху псэукIэм теухуа Iуэхугъуэхэр къыщиIэт хъыбархэр («Дыгъумрэ дыгъумрэ», «МафIэгум», «ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ», «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ», «Унэ угъурлы», нэгъуэщIхэри). ЕтIуанэ гупым хеубыдэ хабзэмрэ нэмысымрэ пыщIауэ цIыхубзым гъащIэм щиубыд увыпIэм, нэчыхьым, унагъуэм, лъагъуныгъэм теухуа тхыгъэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Си тхьэ, хэт мы насыпыр къыщIэбгъэщIар?», «Уэрам... унэ №22», «Сабийуэ щытащ, щIалэ жэпхъа къыхэкIащ» новеллэхэр. ФIыуэ упхрыплъмэ, гу лъыботэ мы хъыбархэри социальнэ Iуэхухэм къуэпскIэ зэрапыщIам.
КъыкIэлъыкIуэнущ. 
 

 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: