Тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ

Ди литературэм и фIыпIэм щыщ хъуа усыгъэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, тхылъеджэхэм фIыуэ ялъэгъуа усакIуэщ Бицу Анатолэ. Тхэным гу зэрыхуищIам, литературэм, бзэм теухуауэ иIэ гурыгъу-гурыщIэхэр къыщыгъэлъэгъуащ абы «Тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ» и тхыгъэм.
 
«ТхэкIэ-еджэкIэ сщIэ щыхъуам къыщыщIэдзауэ зыгуэрхэр зэрысхъэрт. Етхуанэ классым сыщIэсу усакIуэу зыкъэслъытэжат, литературэр фIы дыдэу зылъагъу, апхуэдабзэуи абы хэзыщIыкI егъэджакIуэ Бэрбэч Жылэбий стхахэм хэплъэри къыщытхъуати. Ебланэ классым сыщеджэу «усакIуэшхуэу» зызбжыжат си зы усэ цIыкIу «Ленин гъуэгу» газетым къыщытрадзам. ИтIанэ газетхэми журналхэми ятескIутэу щIэздзащ си «IэдакъэщIэкIхэр». «Пушкиныр къэкIуащ», - жаIэрт, редакцэхэм сыщыщIыхьэкIэ. Ар къысфIэзыщар «Ленин гъуэгум» сызыщыIущIэ Къамбий Зуфарт, игу ирихьауэ абыкIэ къызэджэр «Iуащхьэмахуэ» журналым щылажьэ Мысачэ Пётрт. Сыкъамылыфэ къудей мыхъуу, сэ сыфIыцIэжь цIыкIут, сыщхьэц хъурыфэт, си набдзэхэм къытеуэу си нэбгъуитIми къехыу щхьэц утIэрэзар Iувуу стетт, кIуэаракъэ, сы-Пушкин дыдэт…
ГушыIэ хэмылъу жысIэнщи, Пушкин сымэ зыпэрыта IэнатIэр зищIысри, абы пэрыувэ дэтхэнэ зыми и пщэ къыдэхуэ къалэнри, абыхэм къапэплъэри къыщызгурыIуар иужькIэщ. ЯпэщIыкIэ Тхьэгъэзит Зубер, итIанэ КIыщокъуэ Алим, итIанэ Сокъур Мусэрбий – абыхэм сахуэзэ, стхыхэр езгъэлъагъу, я чэнджэщ, я ущие седаIуэ, я IуэхущIэкIэ сыкIэлъыплъ, я Iэзагъэ, я акъыл зыхэслъхьэ хъуа нэужьщ. Абдежщ щыкIуэдыжар школакIуэ щIалэ цIыкIу «усакIуэри», «усакIуэшхуэри», абдежщ къыщыунэхуар иджырей Бицу Анатолэр. «Пушкиныр» зыкъомрэ къыздекIуэкIащ – си щхьэцыр тхъуху, икIыху.
«УсакIуэ», «Зэчий» псалъэхэр псалъэшхуэщ. Ухуэсакъыпэущ ахэр къызэрыгъэсэбэпын хуейр. Къайсын «сыусакIуэщ» жиIэртэкъым, «стихотворецыр» нэхъ къищтэрт. Сэри нобэ зыкъызэрыслъытэжыр зэрыцIыкIурэ «тхэн гукъыдэж» зиIэ цIыхуущ… А гукъыдэжым къежьапIэ хуэхъур мыращ, жыпIэу хэхауэ зыгуэрым укъытеувыIэфынукъым. Зыми тэмэму тщIэркъым цIыхум усэн мурад езыгъэщIыр, япэ дыдэу къалэм къыщIищтэр, абы езыхулIэр. Ауэ дощIэ: зэшкъыхуэщтэу къалэм къащтэркъым. Къэзыщтэми уигу дыхьэн псалъэ къыбжиIэфынукъым. Мыри дощIэ: е гуфIэгъуэшхуэщ е гуауэшхуэщ, е лъагъуныгъэ инщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псэр ямылейуэ зыгъэпIейтей, гум псэхугъуэ къезымыт гупсысэ, Iуэхугъуэ гуэрщ усэ псалъэ къэзыгъэщIыр. ГъащIэр апхуэдэ Iуэхугъуэ защIэу зэхэлъщ, аращ тхакIуэ, усакIуэ нэсым и къалэмыр куэдым щIылъэIэсри.
 
КъыпхуэмыIуэтэщIыну къулейщ адыгэбзэр
Бзэм и мыхьэнэр псоми къыдгуроIуэ. Ар кIуэдмэ, лъэпкъри кIуэдащ жыдоIэ. Литературэм куэд и пщэ къыдохуэ ар хъума, егъэфIэкIуа хъунымкIэ. Абы езым псэуэ пытыр бзэращ. Сыт хуэдэ тхыгъэри, минрэ гупсысэшхуэхэр къыщыIэтами, бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ мытхамэ, фагъуэ мэхъу, гум дыхьэркъым. Щапхъэ зытепх хъун Iэджэ бзэ и лъэныкъуэкIэ дэ диIэщ. Щапхъэщ, псалъэм папщIэ, Къашыргъэ ХьэпащIэ, КIэрэф Мухьэмэд, МафIэдз Сэрэбий, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Мэзыхьэ Борис сымэ я прозэр, Сокъур Мусэрбий, Шэвлокъуэ Пётр, ХьэкIуащэ Андрей, Къэрмокъуэ Хьэмид, КхъуэIуфэ Хьэчим, Нало Заур, IутIыж Борис сымэ я публицистикэр. Зи цIэ иужь къисIуаитIым усэбзэр телъыджэу ягъэшэрыуэ. Усэбзэм икъукIэ йогугъу Бещтокъуэ Хьэбаси Ацкъан Руслани. Я цIэ-унэцIэкIэ къезмыбжэкIми, дэ ди мащIэкъым бзэм гугъу зыдезыгъэхь тхакIуи усакIуи. КъыпхуэмыIуэтэщIыну къулейщ адыгэбзэр. ЩIэх-щIэхыурэ къытедгъэзэжурэ щIэдвгъэджыкIыж ди IуэрыIуатэр. Дыкъевгъэджэж ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Агънокъуэ Лашэ, КIуащ БетIал сымэ я IэдакъэщIэкIхэм. Зыщыдвмыгъэгъупщэ ди адыгэ псалъэжьхэр - псалъэуха къэс зы тхылъ Iущ хуэдиз хъухэр. КъытщIэхъуэ сабийхэр – ахэращ псом ящхьэр – едвгъэгъасэ анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу, Iэзэу ирипсэлъэфу, иритхэфу, зыхедвгъэгъащIэ абыхэм бзэм и IэфIыр, едвгъэгъэлъагъу и дахагъыр. 
 
Литературэр гъащIэм и гъуджэщ
Литературэм и къалэн нэхъыщхьэу дапщэщи щыту сэ сщIэр зыщ – гъащIэр художественнэ IэмалхэмкIэ пэжу къэгъэлъэгъуэнырщ. Аращ абы «гъащIэм и гъуджэкIэ» щIеджэри. Абы хохьэ зи хьэл-щэнкIэ, зи IуэхущIафэхэмкIэ, зи дуней тетыкIэкIэ зэхуэмыдэ цIыху щхьэхуэхэм я образхэр IупщIу, уи фIэщ хъууэ, гъащIэм узэрыщрихьэлIэм хуэдэу къэгъэлъэгъуэныр. Ахэр къызэрыбгъэщIыфырщ зэлъытар уи тхыгъэр фIы хъунуми Iей хъунуми. А къалэным зихъуэжыркъым. Апхуэдэуи зихъуэжыркъым литературэм укъызыхуриджэм. Ар дунейм цIыхуу утетынырщ, гъащIэр уи гуащIэкIэ зэребгъэфIэкIуэным ухущIэкъунырщ, захуагъэм, цIыхухэр зэхуэгъэдэным, псэукIэ дахэм, къэкIуэнум ущIэбэнынырщ. Пэжщ, зэман щхьэхуэхэм абы укъыхуреджэ Iэщэ къапщтэу зыкъэпIэту революцэ пщIынуи, Iэщэншэу унафэ ткIийхэр къапщтэурэ хабзэ пыухыкIахэм тету зэхъуэкIыныгъэ ебгъэкIуэкIынуи. Апхуэдэхэм дежи литературэм зэрихуэр зы Iуэхущ – гъащIэр узэщIынырщ. Литературэм и пщIэр нобэ хуэдэу щехуэхи щыIэщ, икъукIэ лъагэ щыхъуи къохъу, ауэ абы и мыхьэнэр кIуэдыркъым, и къалэным зихъуэжыркъым.
Тхыбзэ зэригъуэтрэ куэд мыщIа дэ тхуэдэ лъэпкъ цIыкIум и литературэм щIэгъэхуэбжьауэ зиужьын хуей хъуащ. ЦIыкIухэр школым зэрыщеджэн учебник закъуэтIакъуэ фIэкI диIакъым лIэщIыгъуэ кIуам и пэщIэдзэм тхыбзэ щыдгъуэтам (я гугъу сщIыркъым урысыбзэкIэ тхэуэ щыта Нэгумэ Шорэ, Хъан Джэрий сымэ хуэдэхэм).
Нобэ еплъ: литературэм и жанр псоми IэкIуэлъакIуэу иролажьэ ди тхакIуэ-усакIуэхэр. Абыхэм я Iэдакъэ къыщIокI лъэпкъышхуэ куэдым илъэс щэ бжыгъэкIэ зэрагъэпэща литературэхэм япумыдзыхын тхыгъэхэр. Апхуэдэу зипчу лъагапIэ гуэрхэм унэсыныр ехъулIэныгъэшхуэщ, абы гугъуехь зэрыпыщIари гурыIуэгъуэщ. 
 
Зэчий, Iэзагъэ, щIэныгъэ
«Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэчий» жыхуэпIэр зимыIэм тхакIуэкIи усакIуэкIи уеджэ хъунукъым. Ар гурыIуэгъуэщ. Мыри IупщIщ: тхакIуэпсэ, усакIуэпсэ пIуту укъалъхуами, жыпIэфынур дахэу, гум дыхьэу къызэрыпIуэтэн Iэзагъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. Iэзагъэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ щIэныгъэм. Аращи, тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ».
Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: