Ди блэкIар нэхъ жыжьэ хъухукIэ абы теухуауэ нэхъыбэ къыдощIэ. Хэбгъэзыхьмэ, ар нэгъуэщIу къаIуатэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, 1917 гъэм и мазаемрэ жэпуэгъуэмрэ Урысейм щекIуэкIа революцэхэм ятеухуауэ иджы ятххэр хуабжьу къащхьэщокI нэхъапэм жаIэу щытам. Генерал Корнилов Лавр зэрызыкъиIэтами, зыкъыщIиIэтам и щхьэусыгъуэми тхыдэджхэр зэхэхауэ тепсэлъыхьыртэкъым. Ауэ ар ди къэралым и дежкIэ псэзэпылъхьэпIэу щытащ, абы зэрихъуэкI пэтащ и къэкIуэнури. Ауэ хэт хъуну ар езыр?
Корнилов Лавр Омск губгъуэм щыщ къэзакъ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыщалъхуащ, и гъащIэм къыщехъулIа псоми ар ялъэIэсащ езым и гуащIэрэ и пщIэнтIэпскIэ. 1892 гъэм артиллерие училищэр къиуха иужь щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIащ, къулыкъукIэ дэкIуейуэ. ЗауэлI къалэнхэр зэригъэзащIэм къыдэкIуэу, и щIэныгъэм зэпымыууэ хигъахъуэрт, бзэхэр иджырт. Штаб нэхъыщхьэм и академием щеджащ, Урыс-Япон зауэми Япэ дунейпсо зауэми хэтащ. 1917 гъэм и гъатхэпэм генералыр Петроград дзэ округым и Iэтащхьэ хъуащ. Къэзакъ къызэрыгуэкIыр а илъэсым и бадзэуэгъуэм лъэIэсащ лъагапIэ нэхъ ин дыдэм - дзэ псоми я УнафэщI нэхъыщхьэу ягъэуващ.
И къэралым сыт и лъэныкъуэкIи хуэпэж генералым, дауи, илъагъурт Урысейм щекIуэкIхэри, ар зыхуэкIуэри. Монархиеми социалист гупсысэхэми япэIэщIэ абы хэкIыпIэу къилъытэр власть лъэщ гъэувынырт
ШыщхьэуIум и зэхуэдитIым Корниловым правительствэр щыгъуазэ ищIащ къэралыр щытыкIэ хьэлъэм къызэрикIынум теухуауэ зэхилъхьа программэм . Генералым къигъэуващ къуэншар яукIыну унафэ зыщIыну хуит трибуналыр къызэIуахыжыну, командирхэм я хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжыну, дзэхэм пэкIухэр щызэхашэу, агитацэ щрагъэкIуэкIыу ямыдэну, сэлэт комитетхэмрэ ПIалъэкIэ щыIэ правительствэм и комиссархэмрэ я лъэкIыныгъэхэр ягъэмэщIэну. Апхуэдэу къыхилъхьэрт дзэр зыхуей-зыхуэфIхэм хуэлажьэ гъущI гъуэгухэр зауэ щытыкIэм хуагъэкIуэну. Советхэр, профсоюз комитетхэр зэхуащIыжын, Петроградрэ Кронштадтрэ я гарнизонхэм Iэщэхэр къыIахын, ахэр къалэхэм дэшауэ я къалэнхэр къэралым хуэпэж частхэм я пщэ дэлъхьэн хуейт. Власть нэхъыщхьэр къанэ щымыIэу хуэкIуэрт ЦIыхубэ зыхъумэжыныгъэмкIэ совету езы Корниловыр, Керенскэр, генерал зыбжанэ зыхагъэхьэнум. ИпэжыпIэкIэ дзэм и диктатурэ игъэувырт. Учредительнэ зэхуэсыр щызэхагъэхьэнур зауэр иуха иужькIэт, зэхамыгъэхьэнкIи хъунут.
Программэр ягу ирихьащ офицерхэм я нэхъыбэ дыдэм. АрщхьэкIэ абы зыкъыпэщIисащ Керенский Александр. Правительствэм мыбдеж тегъэщIапIэ щищI хъунут дзэр е сэмэгу къарухэр. Абы иужьрейхэр нэхъ къищтащ.
Ауэ Корниловым къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъыр къыгурыIуэрти, а программэм теухуауэ зэпсэлъэн хуейуэ жиIащ икIи дзэ министерствэр зезыхьэ Савинков Борис игъэкIуащ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ советыр къызэрызэрагъэпэщыну щIыкIэр иубзыхуну.
АрщхьэкIэ зраухылIахэм ящыщу зыри Керенскэм игъэзэщIакъым. Абы и пIэкIэ большевик агитаторхэр Корниловым генерал Крымовыр я пашэу гарнизонхэр зэбгрыхун папщIэ ягъэкIуа дзэхэм хаутIыпщхьащ. Езы Крымовым къыIэрыхьэ унафэхэр зэпэщIэуэу тIуащIэт. ЗауэлIхэр IэубыдыпIэншэ хъурт.
ШыщхьэуIум и 27-м Правительствэм и бийуэ Корниловым зыкъиIэтауэ къалъытащ икIи ар ягъэтIысащ. МахуитI дэкIри, лъэхъуэщым кърагъэкIыжащ Троцкий Лев, иужькIэ къигъэзэжащ Финляндием щыIа Ленин Владимири.
Зэрытлъагъущи, Корниловыр ираудыхащ зыкъимыIэт щIыкIэ. Ауэ генералым Керенскэм дзыхь хуимыщIамэ, псори нэгъуэщIу къыщIэкIынкIэ хъунут. Крымовым и къарухэм Петроград гарнизонхэр щызэбграхуу ПIалъэкIэ щыIэ правительствэри щытрадзыфынут. Сыт итIанэ?
Сэмэгу партхэм ящыщхэм, псом хуэмыдэу большевикхэм, я Iуэхур зыхуэкIуэнур белджылыт: ахэр ягъэтIысынут, уеблэмэ, яукIынкIи хъунут. Плъыжьхэм ящIахэр пщызыгъэгъупщэжыну гущIэгъуншагъэ хэлъу Урысейм цIыхухэр зэхэзехуэн щащIынут: мыбы хьэрыкъуакIэ щыдадзэжынут демократиери хуитыныгъэхэри.
Ауэ Урысейр яхэтынут Япэ дунейпсо зауэм щытекIуахэм. Абы къылъысынут ягуэш псоми щыщ IыхьэфI, Урысейм зы щIыналъи фIэкIуэдынутэкъым. Дауи, жэпуэгъуэм щыIа революцэри къэхъунутэкъым. Зэт, зэт! Ар ди дежкIэ, псом хуэмыдэу лъэпкъ цIыкIухэм щыщхэмкIэ, фIыт? Дауи, фIытэкъым, дыхэкIуэдэжыпэнкIи зыхуэIуа щыIэтэкъым, ауэ дэ зи гугъу тщIыр къэхъункIэ хъуну щытарщ.
А псоми я мызакъуэу, Инджылызыр, сыт щыгъуи Урысеймрэ Германиемрэ зи ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу къэзылъытэ къэралыр, увыIэнут? Ар нэхъапэхэми хуэдэу хущIэкъунут а къэралхэр зэпэщIигъэувэну. А зэманым Германием щылъэрызехьэт сэмэгу къарухэр. Англосаксхэр ядэIэпыкъуурэ, абы революцэ къыщагъэхъунти, нэгъуэщI теплъэ зиIэ Урысейм къыпэщIэувэнт.
А псори, дауи, шыпсэу къэплъытэ хъунущ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, языныкъуэхэм деж зы цIыхуми тхыдэм и екIуэкIыкIэр щызэригъэдзэкI къызэрыхъур. Корниловыр апхуэдэ цIыхуу къыщIэкIакъым. Хъарзынэщ: залымыгъэкIэ ягъэува властым зэи фIым ухуишэркъым…