ЗЭАНЭЗЭПХЪУР ЗОПСАЛЪЭ

Хьэрун и машинэм нэкIэ кIэлъыкIуатэурэ имылъагъуж щыхъум, Линэ пэшым къыщIохьэжри, япэщIыкIэ абы и гъусэу зыпэрыса хьэщIэщ Iэнэм бгъэдотIысхьэ. ИтIанэ, зэрымыIэуэлъэуэным иужь иту, шей Iэнэр трехыж, хьэкъущыкъухэр етхьэщIыжри, зытхьэщIыпIэм фIэлъ гъуджэм бгъэдэувауэ мажьэмкIэ мэIэбэ. Зи фэр пихуа и щхьэц хужьым и лъабжьэм щIэуэ къэкIыжа налъэ фIыцIэхэр къыщIоплъ. ПегъэупщIыгъуэр къэсащ, тыншу игъэIэбэркъым. Iупэлэр шейм кIэрихащ. «Хэт зызыхуэбгъэдадийр?» - арат Хьэрун къыжриIэр, и Iупэр илэу къыщыщIэкIхэм деж. «Уэ зыпхузогъэдадий», - иритыж хабзэ жэуапыр жриIэ хуэдэу къызэфIигъэщIри, и дыхьэшхын къэкIуащ Линэ. Хьэрун фIэлъагъугъуейуэ зэи гурыщхъуэ зыхуригъэщIакъым. «Мыр нэхъ дахэу уокIу» щыжиIэ щыIэт, ауэ «мыр уэкIуркъым» жиIэу игъащIэм къыжриIакъым. Дауэ хъуну пIэрэ ди Iуэхур? ИгукIэ «дэ» зэрыжиIэр и щхьэ хуигъэщIэгъуэжурэ зытхьэщIыпIэм къыщIэкIыжащ.

Ягу зэщыкIатэкъым зэщхьэгъусэхэм, зыхъумэжыкIэ ямыщIэу аркъудейт. Зыпхъумэжыфын папщIэ, уи акъыл зэрызэтехуэр махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэс зыхэпщIэу щытын хуейщ. Хуэбгъэфащэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым. ГъащIэм апхуэдэ Iэмалхэр къытезыхыфырщ псэур, цIыхухэри япэ дыдэ зэбгъэрыкIуэр нэм къыфIэнэ зэгурыIуэрщ. Мис, Линэ зыщIэт тыкуэныр зыгъэлажьэ цIыхубзыр хуэкъулейуэ мэпсэу, имыIэ щымыIэу. ЩIалэрэ хъыджэбзрэ и закъуэу ипIащ. Ахэр иригъэджэн, унагъуэу игъэтIысыжын щхьэкIэ игу тримыгъэхуар укIуэдыж. Иджы апхуэдиз гугъуехьым кърита хьэлым тэмакъкIэщI ищIауэ, ахъшэри фIэIэфIыжкъым, цIыхубз насып зэримыIэр и фэм къытощ. Хьэрун и анэми аракъэ къыщыщIар? Лини абыхэм ещхь хъуну пIэрэ?

Езыр зыкIи мыкъуаншэу, Хьэрун лIы мыхъумыщIэу къилъытэртэкъым Линэ. Зы хъыбартэкъым, тIутэкъым абы зэхихар фадэм дихьэха ялIхэм къызэрырагъэзам теухуауэ, пщIэ хъунум егупсыс зэпытт. Щхъухь зыхэзыIухэм елъытауэ, аркъэр Iэмал зыхуэбгъуэтыфыну гуэру къыфIощI иджыри. Ефэр Хьэрунми, езыращ Алыхьым лIы фадафэ зритар, насып Iыхьэ зыхуищIар. Линэ дэкIуэн ипи ищIэрт Хьэрун и анэм фадэ зэрищэри езым ар зэримыгъэхьэрэмри. Ауэ ар узыгъэгужьеин, уи гугъэ псори пфIэзыгъэкIуэдыфын гуэрым хуэкIуэнкIи зэрыхъунур игъэунэхуатэкъым. Унэм фадэ щызэрахьэмэ, щIэсхэм зыхуей ягъуэту, фIыуэ псэууэ къафIощI цIыхухэм. Лини къыфIэщIырт, ауэ пцIыщ. Иджы ар фIыуэ ещIэ.

 Бзаджагъэщ хуримыкъуар Линэ, жыIэдэIуагъкъым. ЖыIэдэIуагъыр псапэ щыхъур узэдаIуэр щыузыншэм, уифI щызэрихуэм дежщ. ЛъэныкъуитIыр щызэакъылэгъум дежщ. Апхуэдэ зэхущытыкIэ а унагъуэм илъакъым. Мэржан нэм зыкъыщIэзыдзэ гуапагъкIэ ерыщт, абы зыкъомрэ къигъэпцIащ. Къэблэжьыр пIэщIигъэкIырт, езым зримыпэс гуэрхэр къыплъригуэжырти, къуищIахэмкIэ узэригъэунар нэмэзыбзэу къуигъэбжыжырт. Уи щхьэм щыхьэт нэпцI ухуищIыжырт. Дэтхэнэра анэм пхужеIэнур? Жэщым мыжеижу, къыпщIэгупсысу и гъащIэр ебгъэхьыну?

 Нэхужьэ и пхъур къызэрыщIыхьэжар щызэхихым, сабий Iурихахэр къигъанэри пщэфIапIэм къыщIыхьащ. Линэ къыщылъэтауэ анэм зрешэкI.

- Шей пхуэсщIын, мамэ?

- Сэ сщIыжынкъэ, зыгъэпсэху.

- Хьэуэ, сэри сыхуейщ.

- ИIэ-тIэ.

- Фошыгъу хэздзэн?

- Ууейм ещхьу щIы. ЛIо жиIэр?

- Пщэдей утшэжыну жеIэ къуажэм, ухуеймэ. ИтIанэ унэмкIэ дыкIуэжынщ, жи.

- Хъарзынэкъэ-тIэ.

 И пхъум шей къытригъэувэху, Нэхужьэ щIакхъуэр зэпеупщI. ТIури етIысэха нэужь, Линэ и нэхэр зэригъэпщкIум гу лъетэ.

- Сыт уи гум жиIэр?

- Гу сиIэж сэ?

- Ахэр жумыIэ. КъыщигъэзакIэ, Iэмал псоми еплъын хуейщ.

 И шейр зэрызэIищIэм хуэдэурэ, Нэхужьэ мылым лъэмыж трелъхьэ:

- Ленэ и пхъур пщIэжрэ, тхылъ хъумапIэм щылажьэу щытар?

- Мэрушэ и цIэу?

- НтIэ. И щIалэгъуэм яшэри, мазэ бжыгъэкIэ фIэкIа имысу къигъэзэжат абы, зэи дэкIуэжакъым. «Зумыпэс зыпщIри, уэращ сыкъизылъэфыжар. Щхьэ мыгъуэ сынодэIуа!» - жиIэурэ, и анэр псэуху ириудэкIащ жаIэ.

- Псэужкъэ?

- Езыр псэущ, Тхьэм игъэпсэу. Ар щIыжысIэр… Уи адэмрэ сэрэ уэ зыращ пхъууэ диIэр. ИгъащIэкIи лIы сыхуейкъым жыпIэмэ, уи бынитIыр ди бынщ, дэ нэхърэ нэхъ ехъулIа щымыIэу дыпсэунущ. Ауэ езыхэр къыдэкIуэтеймэ, ди адэм уезэгъакъым жаIэнурэ къуаудэкIыжынущ, дыщэ жыг яхухэпсами. Дэри игъащIэкIи дыпсэунукъым.

- Езыхэри балигъ хъунщ зэгуэр.

- Ара жыхуэпIэр? Уэ уи псалъитIым я зыр «папэщ», а насыпыр уи пхъум е уи къуэм имыIэныр дауэ къыпщыхъурэ?

 Линэ зыри жимыIэу и шейм хегъэщI. Телефоным йопэщэщ.

- Тхьэ, щIалэм лажьэ имыIэ, мэлажьэ, мэшхэж. Си щхьэгъусэ, си бын щыжиIэкIэ, сыт къебгъэIуэтэнур?

- Зыри къытлъэмыIэсу щIыпIэ жыжьэ гуэр сыщыпсэунт.

- УщамыцIыху ущылъапIэкъым жаIэ, дэнэ уздэкIуэнур?

- ДыщацIыхуи дыщылъапIэкъым.

- Сыт ущIэмылъапIэр? НтIэ, удэкIуэрэ хьэгъуэлIыгъуэ пщIымэ, зэфIэкIа уи гугъэ? ГъащIэ щыхъукIэ, зыгуэри пшэчынщ. Уи сабийхэр узыншэщ, ебгъэшхын, щыптIэгъэн уиIэщ. Мор щIалэщ, мор хъыджэбзщ, лIыри къыпхуейщ. Гуапагъэм къимыгъэш щыIэкъым. Уи дэлъхуитIращи, уэ щхьэкIэ зыуагъэукIынущ, дэ дыпсэущ. Зэ еплъыж, къыщыкIуакIэ. СфIэпсэкIуэд хъуащ, тхьэмыщкIэ, и джанэр упIышкIуауэ. И закъуэ унэ нэщIым щхьэ щIигъэс ар?

- КIуэуи хуэпщэфIэнукъым, и щыгъыни хуижьыщIынукъым, унэри зэхэтхъуа зэпытщ. Ауэ сэ сызэрыкIуэжу, анэ гумащIэ мэхъужри, узэфIигъэнэху пкIэрыкIынукъым. Дызэгъусэу дыкъилъагъункIэ Iэмал иIэкъым! Езыр щыщытым деж «Си къуэр! си къуэр!» фIэкIа зэхыумыхыу. И щIыб къызэригъазэу: «Хьэрун шынэкъэрабгъэщ, Хьэрун щхьэгъэтыншщ…» Зым адрейм и дагъуэм гу лъыдмытэнкIи хъунущ. ЦIыхуитI зэзэгъыу игу техуэркъым, сыт пщIэнур?

- Ахэр жумыIэ, дунейр абы и унафэ щIэткъым...

ЧЭРИМ Марианнэ, «ЛIы иримыкъу».
Поделиться:

Читать также: