Гъуазджэм и цIыхухэр

ХьэцIыкIу Миланэ ятIагъуэ гъэжьам къыхищIыкI хьэкъущыкъухэр игъэдахэ къудейкъым, атIэ тхыдэ яIэн хуэдэу гупсысэ щхьэхуэхэр абыхэм яхелъхьэ.

ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэми ди къалащхьэр къалъытэ псэм зыщигъэпсэху, щхъуантIагъэкIэ къулей жыг хадэу. А гупсысэр иIэу, ХьэцIыкIум «Налшык и жыгхэр» зыфIища и лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ хъуащ.

Щхъуэмчжыг, тхушэ (платан), кхъужьей, бзииху, псей. Мы жыг лIэужьыгъуитхум я теплъэм къищынэмыщIа, уеблэмэ я «хьэл-щэни» шынакъхэм къытригъэщыну хъыджэбзыр хущIэкъуащ икIи, дызэреплъымкIэ, ар абы къехъулIащ. Миланэ тыдогъэпсэлъыхь Iуэхум зэрыщIидзам, зэрелэжьам, щIагъыбзэ ящIилъхьахэм.

- «Платформа» IуэхущIапIэм и унафэщI Шыхъуэстан Аксанэ Налшык теухуауэ лэжьыгъэ гуэр яхуэсщIыну зыкъыщысхуигъазэм, ди къалэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм сыт япэу гу зылъатэр, жысIэу гупсысэн щIэздзэри, сигу къэкIыжащ жыг лIэужьыгъуэ куэд дыдэ дызэриIэм щхьэкIэ ар щхъуантIагъэм и лъахэу къызэралъытэр, - жеIэ ХьэцIыкIум. - Жыгхэм ятеухуа тхылъ сиIэти, абы итхэм сыкъеджэурэ сыдихьэхри, адэкIэ Налшык къалэм нэхъыбэу сыт хуэдэ жыг дэтми сыкIэлъыплъу сыхуежьащ. ЯтIагъуэ гъэжьам сурэтым ещхьу зыгуэр тебдзэну гугъущ. Абы къыхэкIыу сэ тхыпхъэхэмрэ жыг тхьэмпэхэмрэ нэхъ тыншу, авангард теплъэ яIэу, зэрытесщIыхьыным сыхущIэкъуащ. Iэгубжьэ къэс сурэт щхьэхуэ иIэщ, къытригъэзэжыркъым. Апхуэдэу си гупсысэм зезгъэшэщIри, джэгукIэ гуэр хэту плъыфэхэри нэшэкъашэхэри къэзгъэсэбэпащ, жыг къэс плъыфэ щхьэхуэ зырыз яхухэсхащ. Псейм, дауи, хуэкIуэнур щхъуантIэрт. Бзиихур гъэмахуэм дахэу мэгъагъэ, мэ гуакIуэ къыпехри, удзыфафэ сщIащ. Кхъужьыр гъуэжьщ, пэжкъэ?! Ар дыщафэ сщIащ. Щхъуэмчыр фIыцIафэу зэрыщытыр къэслъытэри, абы хужьрэ фIыцIэрэ естащ. Етхуанэу къыхэсхар тхушэрати, абы и зэхэлъыкIэр нэхъ гугъущ, итIанэ сыкъызэреджамкIэ, ар пащтхыхьхэм я жыгыу къалъытэ. Пащтыхьхэм я плъыфэр щыплъыжькIэ жысIэри, абы хухэсха Iэгубжьэхэм плъыжьымрэ фIыцIэмрэ щызэхэзухуэнащ. АдэкIэ жыгхэм я хьэл-щэнхэм сегупсысащ, зыр адрейм къызэрыщхьэщыкI гуэрхэр тхыпхъэхэмкIэ къэзгъэлъэгъуэну сыхуейт. Псалъэм папщIэ, псеймрэ щхъуэмчымрэ я банэ цIыкIухэр къэзгъэсэбэпащ. Кхъужьми и кумылэм цIыхубз Iэпкълъэпкъым зэребгъэщхьыр, пхъэщхьэмыщхьэр зэгуэбгъэжмэ, шыкIэпшынэ теплъэ зэригъуэтыр - си нэгу къыщIыхьэ сурэтхэр «къэзгъэщIащ».

Дэтхэнэ жыгми Iэгубжьэ пщIырыпщI триухуащ Миланэ. Махуэ къэс къатщтэ хьэпшыпхэм апхуэдэ гупсысэ куухэр яIэу зэращIам дыщыгъуазэмэ, шэч хэмылъу, ар нэхъ дгъэлъэпIэнущ. «Шей ефэныр сыт хуэдэ лъэпкъми я щэнхабзэм хэтщ, мыхьэнэшхуэ ирату. Абы къыхэкIыу ди зэманым IэгубжьэкIэ зыгуэрым ухуэупсэныр хабзэ дахэ хъуащ. Тхыдэ гуэр зиIэ хьэкъущыкъу къэпщтэху, уи гум ар йохуэбылIэ, ущегъэгуфIыкI. Иджыпсту абы мыхьэнэшхуэ иIэу къысщохъу. Апхуэдэ хьэпшып яхуэхъуну сыщогугъ си лэжьыгъэхэр зыIэрыхьэхэм», - дыщIегъу Миланэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ урыс литратурэмкIэ и къудамэр къэзуха, филолог IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта ХьэцIыкIу Миланэ сурэт техынми дехьэх, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм «Гранд Кавказ» хьэщIэщым (Налшык къалэ) къыщызэригъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм абы и IэдакъэщIэкIхэри хэтауэ щытащ. Гъуазджэм зэрыдихьэха щIыкIэм теухуауэ Миланэ жеIэ: «СхужыIэнукъым абы сыпыщIа зэрыхъуам щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIауэ. СызэреплъымкIэ, иджыпсту Урысейми ди щIыпIэми гулъытэ нэхъ щыхуащI хъуащ абы. ЦIыхухэм я IэкIэ зыгуэрхэр ящIыну гупыж ящI хъуащ. Абы хеубыдэ ятIагъуэ гъэжьам къыхэщIыкIа хьэпшыпхэри зэращIыр кIуэ пэтми яфIэгъэщIэгъуэн зэрыхъур. Абы урилэжьэн папщIэ, техникэ щхьэхуэ (хьэкур зэгъэпэщыпхъэщ) уиIэн хуейщ, апхуэдэуи адрей гъуазджэхэм къащхьэщыкIыу нэхъ гъуэтыгъуейщ а Iуэхум ухуэзыгъэсэфыну IэпщIэлъапщIэхэри. Арауэ къысщохъу мы Iуэхум ди деж зыщIыщимыубгъуар. Ауэ, нэхъыжьыIуэхэм зэращIэжщи, Налшык къалэм и Александровскэ хьэблэм дэту щытащ керамикэ заводышхуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар хокIуэдэж. НэгъуэщI къэралхэм къакIэрымыхуу, а IуэхущIапIэм хьэкъущыкъухэр къыщыщIагъэкIырт. А зэманым кхъуэщынхэкIхэм елэжьахэм ящIэж ар. Къэралым цIыхум апхуэдэ IуэхуфI къыхузэригъэпэщыфу зэрыщытам ущедаIуэкIэ, уохъуапсэ икIи уи жагъуэ мэхъу ди зэманым ар къызэрымысар. Шэч хэмылъу, нобэ куэдымкIэ зыужьыныгъэ дгъуэтащ, ауэ тIэщIэхуащ мы зэманым хъарзынэу екIуну щыта гуэрхэри.

КхъуэщынхэкIхэр щIыным сыщыдихьэхым, абы зэрелэжьым сыхуэзыгъэсэн республикэм щызмыгъуэту Ставрополь сыкIуэри, а Iуэхум зы лIыжь гуэрым мащIэ-куэдми сыхигъэгъуэзащ. АдэкIэ сэ езым хуэмурэ щэхухэр къэстIэщIащ. Гукъыдэж къызэзыт лэжьыгъэм сызэIэпишауэ, Интернетым си IэдакъэщIэкIхэр къыщислъхьэм, цIыхухэр ехъуэпсащ, дыхуейт зыдгъэсэну щыжаIэм, студие къызэIусхыныр абы къыхэкIащ. ИлъэситIкIэ абы дерсхэр щезгъэкIуэкIащ, балигъхэм къищынэмыщIа, сабийхэми садэлажьэу».

Сабийм дежкIэ сыткIэ ар сэбэп жысIэу Миланэ сыщеупщIым, сыщигъэгъуэзащ: «Сабийхэр псынщIэу дахьэх апхуэдэ Iуэхухэм. Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, мы IэщIагъэм сабийр хуэбгъэсэну нэхъ гугъущ, и техникэр хьэлъэщ, къару пхэлъын хуейщ, зэманыфIи токIуадэ. Абы къыхэкIыу сабийхэр лъэщапIэм къыщашэм къалэну зыхуэзгъэувыжакъым Iэмал имыIэу ахэр а гъуазджэм хуэIэзэ сщIыну. Сабийр мы Iуэхум къыхэпшэным и сэбэпынагъыр зэпхар нэгъуэщIщ - ятIагъуэм елэжьыху, пэщэщэху абыхэм я къэухьым хохъуэ. Къапщтэмэ, сэ езым си сабийри, зэрыцIыкIум щхьэкIэ къэзмыгъанэу, бгъэдэсшэурэ ятIагъуэм хызогъэIэбэ, и Iэпэхэр игъэлэжьэн, и жыджэрагъым хигъэхъуэн папщIэ. Iэпэр нэхъыбэрэ зэрылажьэм къищынэмыщIа, ятIагъуэм и зэхэлъыкIэр къэпхутэну ухущIэкъухукIэ, цIыхум и акъылми псэлъэкIэми зрегъэужь, и гупсысэкIэр жан мэхъу. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр яIэщ цIыхумрэ мы гъуазджэмрэ. ЯтIагъуэ гъэжьам къыхэщIыкIа кхъуэщынхэкIым и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэщ щIым щIэптIэу илъэсищэ бжыгъэ дэкIа нэужьи, зыри къыщымыщIауэ ар къызэрыщIэпхыжыфынур…»

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: