Я Iуэхур дагъэпсынщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэситIым щIигъуауэ дэIэпыкъуэгъу яхуохъу Херсон областым щыщу и нэIэ щIэт щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я IэнатIэхэм, ахэр зыхуэныкъуэ медицинэ IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр яхуигъакIуэурэ. Апхуэдэуи IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр хуашэ: хущхъуэхэр, медицинэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр, ерыскъыхэр, зэфэн псы.

Иджыблагъэ ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ медицинэ центрым щылажьэ анестезиолог-реаниматолог гуп Херсон областым кIуащ, щIыпIэм щыпсэухэм зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэн папщIэ.

Дохутырхэр щолажьэ Скадовск къалэм дэт сымаджэщым, псом хуэмыдэу ахэр щIэгъэкъуэнышхуэ яхуохъу хирургие къудамэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм, апхуэдэуи фэбжь зыгъуэтахэм, къыхэзыгъэзыхь узыфэхэр зиIэхэм, пIэщIэгъуэкIэ дохутырхэм я Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэхэм псынщIэу дэIэпыкъуэгъу яхуохъу. Абыхэм я нэIэм щIэтщ анестезиологиемрэ реанимацэмкIэ къудамэм щIэлъ сымаджэхэр икIи Iэзагъ псори къагъэсэбэп ахэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзэн папщIэ.

ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ медицинэ центрым и IэщIагъэлIхэр дзэ Iуэху хэхам хэту фэбжь зыгъуэтахэм я узхэр ящхьэщыхыным хуэIэижь хъуащ. Нэхъ ищхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, ахэр пIалъэкIэрэ а щIыналъэм макIуэ  IэнатIэр зэпэщу зэтеувэжынымкIэ, я лэжьэгъухэм зыпэрыт Iуэхур дагъэпсынщIэнымкIэ зыщIагъакъуэу.

Ди дохутырхэм Херсон щIыналъэм щагъэзащIэ лэжьыгъэр щытыкIэ гугъу къихута ди хэкуэгъухэр къэралым зэрыдиIыгъым хуащI хэлъхьэныгъэшхуэщ.

Хьэжнэгъуей Азрэт.

 

Поделиться: