УнафэщIым куэдкIэ елъытащБахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм илъэс 13 ипэкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ амбулаторэщIэ къыщызэIуахауэ щытащ. Абы лъандэри IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ ефIэкIуащ, жылэдэсхэр абы щагъуэт дэIэпыкъуныгъэхэм арэзы къищIу апхуэдэщ. Амбулаторэм псори зэхэту цIыху 68-рэ щолажьэ. Абы щыщу 18-р дохутырщ, абыхэм яхэтщ терапевт, хирург, стоматолог, онколог, педиатр, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэми зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хищIыкIыу, цIыху гумащIэу, гуапэу щытхэщ. Медицинэ IуэхущIапIэм хэтщ махуэ стационар, лабораторэ, физиотерапие, ЭКГ пэшхэр. КъищынэмыщIауэ, амбулаторием иIэщ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и къудамэ щхьэхуэ. Абы епхауэ, жэщми махуэми цIыхухэм зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэр хуащIэу, цIыхуитху мэлажьэ. IэнатIэр машинэкIи зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIи къызэгъэпэщащ. IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэпэщу зэрызэтеублар псом япэу щылъагъупхъэр абы и дохутыр нэхъыщхьэ Къэбардэ ХьэIишэт Iэмырбий и пхъум и дежщ. А бзылъхугъэр зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIщ, зи къалэныр нэгъэсауэ зэфIэзых, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ унафэщIщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм и еплIанэ курсым щIэсу абы лэжьэн щыщIидзауэ щытащ Бахъсэн район сымаджэщым дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и къудамэм. Илъэс 20-кIэ абы щылэжьауэ, езыр къыщалъхуа Ислъэмей къуажэм и амбулаторэм и унафэщIу ягъэувауэ щытащ. Езэш зымыщIэ бзылъхугъэщ, и щIэныгъэми, и зэфIэкIми сытым дежи зэрыхигъэхъуэным хущIэкъуу апхуэдэщ. Зыхэт гупми къуажэдэсхэми ХьэIишэт зэрацIыхур пэжыгъэ зыхэлъ, псэ хьэлэл зиIэ, гуапагъэрэ гумащIагъэ зыдэплъагъу бзылъхугъэ щыпкъэущ. И дэIэпыкъуныгъэ хуейуэ абы бгъэдыхьа цIыхур щигъэщIэхъуа къэхъуакъым, дэтхэнэми хузэфIэкIыр хуищIэну хьэзырщ. «Дохутыр IэщIагъэр къыщыхэтхакIэ, дэ ди къалэнщ зи щхьэ къыдэзыхьэлIа сымаджэм зэрытхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхуэхъуныр, ди лэжьыгъэм къыпэкIуэ пщIэ нэхъыщхьэр абы и нэгум итлъэгъуэж гупсэхугъуэрщ», - жеIэ Къэбардэм, и лэжьыгъэм и гугъу щищIкIэ. Апхуэдэ еплъыкIэ зиIэ унафэщIым и нэIэ щIэт IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэпэщу зэрекIуэкIым шэчи къытепхьэжынукъым. Урыс Марэ.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 16:04 →
ЗэрызэщIэцIууэр дэркIэ Iэмалщ
30.08.2026 - 10:01 →
ЩIалэгъуалэр дэни нос
17.08.2026 - 14:04 →
КъигъэщIар мащIэми, куэд хузэфIэкIащ
17.08.2026 - 13:44 →
Донецк щыщ пщащэм ди университетырщ къыхихар
16.08.2026 - 14:03 →
ЩIалэгъуэ, щIэныгъэ, дахагъэ
| ||




