Джэдмышх псыкъелъэхэр![]() Дэтхэнэ зы щIыналъэми иIэщ зэрыгушхуэ щIыпIэ дахэхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдым йофIэкI. Къэтщтэнщ республикэм и Дзэлыкъуэ районри, нэр зыхьэхуу, гур хэзыгъахъуэу сыт хуэдиз щIыпIэ телъыджэ иIэ абы. Языхэзми укъыщыхута нэужь, абы щыплъагъу дахагъэм псэр етхьэкъу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Шэнтхъурейр, Псынащхьиблыр, Тамбукъан гуэлыр, Джылы-Су аузыр, Джэдмышх псыкъелъэхэр. Ахэр щIыуэпсгъэдахэу, турист кIуапIэу зэрыщытыр хэткIи щэхукъым. Си тхыгъэм и гугъу щысщIыну сыхуейт Джэдмышх псыкъелъэм. ЦIыхухэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащI зыгъэпсэхупIэхэм ящыщщ ар. А щIыпIэм туристхэр «Пащтыхь псыкъехуэхкIэ», «Пащтыхь пыIэкIэ» йоджэ. Псэр зыхьэху псыкъелъэхэм я лъагагъыр метр 60 мэхъу. Уумэзэхауэ сыхьэт бжыгъэкIэ уакIэлъыплъыфынущ абыхэм: хэти уэру, хэти псыгъуэу къохуэх ахэр бгыщхьэм. АпхуэдизкIэ макъышхуэ яIэщи, гъунэгъуу щыт цIыхум жиIэр хуиту зэхэпхынукъым. Махуэ дыгъэпсхэм псыкъелъэм къыхэплъагъукIыфынущ лэгъупыкъу. ЩIымахуэ лъэхъэнэми удэзыхьэх теплъэщ псыкъелъэм иIэр. Ар зэрыщыту зэщIощтыхьэри, мылым къыхэщIыкIа скульптурэ гъэщIэгъуэн мэхъу. УкIэлъыплъыну гъэщIэгъуэнщ ар зэрызэхэт мылдзасэ цIыкIухэр къыщыпылъэлъкIэ макъ гъэщIэгъуэнхэр къагъэIуурэ къуэм зэрыдэхуэм. «Джэдмышх» цIэм адыгэбзэкIэ джэдхэм ямышх удз жиIэу аращ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, а щIыпIэм апхуэдэ удз куэд къыщокI. ЩIыпIэм и цIэр къызытекIам нэгъуэщI хъыбари иIэу жаIэ. Ар а щIыпIэм щыпсэуа, щIыналъэр зыIэщIэлъа уэркъ лъэпкъым я унэцIэми къытекIауэ хуагъэфащэ. Илъэс куэдкIэ къекIуэкIащ Джэдмышх псыкъелъэм щIыпIэм щыпсэухэм фIэкIа щымыгъуазэу. 2000 гъэм щIыпIэм щыIэ Iэхъуэхэр псыкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ ар зэрыжэн бжьамийхэр ирашэлIа, абы ухуэзышэ гъуэгури яухуа нэужь, псыкъелъэм къекIуалIэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. ЖыпIэнурамэ, нобэ ар щIэупщIэ зиIэ турист зекIуапIэ нэхъ цIэрыIуэхэм хабжэ. Дыгулыбгъу Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 16:04 →
ЗэрызэщIэцIууэр дэркIэ Iэмалщ
30.08.2026 - 10:01 →
ЩIалэгъуалэр дэни нос
17.08.2026 - 14:04 →
КъигъэщIар мащIэми, куэд хузэфIэкIащ
17.08.2026 - 13:44 →
Донецк щыщ пщащэм ди университетырщ къыхихар
16.08.2026 - 14:03 →
ЩIалэгъуэ, щIэныгъэ, дахагъэ
| ||





