Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я тхыдэр зэраджыр фIыщ. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, зэритхымкIэ, адыгэм ди тхыдэр, ди блэкIар къэзыхутахэр, тетхыхьахэр ди лъэпкъым щыщкъым, нэхъыбэу урыс щIэныгъэлIхэрщ, хамэ къэралхэм къикIыу щыта зекIуэлIхэрщ, еджагъэшхуэхэрщ. Ари зыкIэ фIыщ - абы ятхахэм пэж нэхъыбэ хэтщ. Совет зэманым ирагъэджа тхыдэтххэми пцIым зыдрагъэхьэхыщэу щытакъым - ахэр къэзыгъэувыIэн, зыщышынэн IуэхущIапIэхэр щыIэт.
Нобэ псори хуит хъуащ, узыхуейр жыIэ, уи гум къилъадэр тхы, зэхэгъэкI фактхэр, гъуджэ нашэ игъаплъэ цIыхухэр, лъэпкъхэр. Апхуэдэ «хуитыныгъэм» нэхъыбэу зэран къыхуэзыхьыр адыгэхэрауэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Щапхъэхэр гъунэжщ: Ингушым я нобэрей бэракъым тетщ ди «щолэхъу» шы лъэпкъым и дамыгъэр, шэшэнхэм ящыщ «щIэныгъэлI» гуэрхэм адыгэ Черкасскэ унэцIэ зезыхьэхэм яныкъуэр шэшэну ятх.
Ди гъунэгъу дыдэхэм я деж дыкъэкIуэнщи, илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ Iуащхьэмахуэ япэу дэкIар зэрыкъэбэрдейр, зэры-Хьэшыр Чыларыр ауи кърамыдзэу къэрэшей «Хачиров ХыйсакIэ» зэрахъуэкIащ, фэеплъи хуагъэувыжащ. Уеблэмэ, шэрджэсхэр дэрмырауэ, ахэр къызытехъукIар тюркыбзэкIэ псалъэу щыта лъэпкъхэу етх къэрэшей «тхыдэтх» гуэрым. Нэхъ шынагъуэр аракъым, делэ зи мащIэ лъэпкъ щыIакъым, ауэ ди гъунэгъухэм къахэкIыркъым пцIы зыупсхэр къэзыгъэувыIэн, зыгъэукIытэн.
Ди гъунэгъухэм къахэкI националистхэр хэтщ ди тхыдэр ягъэулъиину, ягъэцIыкIуну, езыхэм я Iуэхур егъэлеяуэ яIэтыну. КъахэкIащ абы адыгэхэр «Iэпхъуэшапхъуэ» («кочевник») лъэпкъыу къыщIезыгъэдзыну хэтхэри. АбыкIэ къагъэсэбэп адыгэхэр зэхэзехуэн зыщIа Кавказ зауэм къыдэкIуа Iуэху зэхэмыбзхэр. Илъэсищэ зауэм адыгэхэр къулейсыз ищIащ, зэбгридзащ, зэрихъуэкIащ я псэукIэр, дыхуигъэкIуащ «тырлыку» архитектурэм. (Хэт и фIэщ пщIын тенджыз Iуфэм Синдикэ къэралыгъуэ щыдиIауэ, къалэхэр духуауэ, алыджхэм я щэнхабзэ лъагэм дыпыщIауэ, Мысырым илъэс куэдкIэ адыгэр щытепщауэ).
Урыс пащтыхьым адыгэхэр къыщизэум псом япэ Къэбэрдейр хигъэщIащ. Ермоловым 1822 гъэм мы хэгъуэгум кIэ иритауэ ябж. Абы арэзы темыхъуа къэбэрдей адыгэхэр а гъэми, абы и пэкIи (1804, 1807 гъгъ.) куэду Iэпхъуащ Псыжь адрыщIкIэ. Абыхэм щагъэтакъым я щхьэхуитыныгъэм щIэбэныныр. Хъан-Джэрий СулътIан зэритхымкIэ, ПсыжькIэ 1822 гъэм Iэпхъуащ къуажэ 62-рэ (иужькIэ къуажитху якIэлъыкIуащ абыхэм). Псори къуажэ 67-рэ мэхъу. Хъан-Джэрий абыхэм я цIэр гугъу дехьу итхащ, дэ къэтхьынщ иужьрей тхыбзэм нэхъ пэгъунэгъуу: Абатэхьэблэ, Абыкъуэхьэблэу къуажищ, Адэмейхьэблэ, Ажджэрийхьэблэ, Алъэсчырей, Анзорей, Ашэбей, Бабыгуей, Багъырсей, Багъхьэблэ, Бейхьэблэ, Бэзджэнхьэблэ, Беслъэныкъуэ къуажэ, Ботэщей, Бжьахъуэкъуей, ВакIуэжылэ, ГукIэжхьэблэ, Даутокъуей, Джатэгъэжьхьэблэ, Джотей, Дохъущыкъуей, Думэней, Елдырей, Елкъэбаней, Ерыгухьэблэ, Жанокъуей, Жэзей, Жэрэщтей, Зэхъуэхъухьэблэ, Иналыжьей, Ислъэмей, Къанбэчыкъуей, Къанщауей, Къэрэмырзей, Къэсейхьэблэ, Къесынхьэблэ (3), Къэзаншей, Къуэныпсейхьэблэ, Къубатей, Къундэтей (3), Лъостэныкъуей, ЛIупхьэблэ, Мэргъущей, Махуэкъуей, Нартыжьхьэблэ, Пщымахуэкъуей, Пщычоу, Тэнащхьэблэ, Таухьэблэ, Тохъутэмыщей, Тыжьхьэблэ, Хьэгъундыкъуей, Хьэмырзей, ХьэтIохъущыкъуей, ХьэпцIей, Хъутатей, Шыдхьэблэ, ЩауэпцIей, Щоджэнхьэблэ, Щэжьыкъуей, Щхьэхуэмей.
Зэрытлъагъущи, къуажэ щхьэхуэу мыбы хэтыр мащIэщ, нэхъыбэр хьэблэу къэбэрдей къуажэхэм къахэкIахэрщ. Псыжь лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуэныр щIэгъэхуэбжьауэ екIуэкIащ I804 гъэм. Урыс генерал Глазенап топ 24-рэ иIэу, лъэсыдзэу батальоний, драгун полкиплI, къэзакъ гуп зыбжанэ и гъусэу накъыгъэ мазэм къэбэрдей шуудзэр зэхикъутащ. 1805 гъэми къэбэрдейхэу зауэлI миниблым нэс Глазенап езэуащ, ауэ текIуакъым. Абы щыгъуэ адыгэхэр, абазэхэр, Къэбэрдейм иса нэгъуейхэри яхэту Iэпхъуащ Псыжь адрыщI. Глазенап къуажэ куэд игъэсащ. Iэщу яIахэри хэкум ирихуащ. Пэжщ, Къэбэрдейм къэзыгъэзэжа гуэрхэр яхэтащ хьэжрэтхэм. 1804 гъэм Iэпхъуа унагъуэ 275-м щыщу 1805 гъэм унагъуи 115-м къагъэзэжащ, ауэ иужькIэ ПсыжькIэ кIуэхэр нэхъыбэ хъу зэпытурэ екIуэкIащ. 1807 гъэм, псом хуэмыдэу - 1822 гъэм. А илъэсым Ермоловым адыгэм удынышхуэ къарихащ. Мы лIы пхъашэм нобэр къыздэсым Урысейм пщIэ щыхуащI, фэеплъхэр хуагъэув, ауэ ар зи IэрыкIхэм фIыуэ ящIэркъым Ермоловым зэрихьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэр. Ар гуфIэрт адыгэхэм емынэ уз къазэрыхыхьам папщIэ, узыр пащтыхьыдзэм «и дэIэпыкъуэгъу» хъуауэ къилъытэрт.
Псыжь Iэпхъуа къэбэрдей къуажэхэм бэлыхь куэд яшэчащ илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэкIэ, къуажэхэм я IыхьэфIыр зэтракъутащ, ягъэсащ, къэнахэм я нэхъыбэр Тыркум Iэпхъуащ, беслъэнейхэм, абазэхэхэм, шапсыгъхэм, бжьэдыгъухэм я гъусэу. Къуажэ, хьэблэ зыбжанэм я щхьэр КIахэм (Адыгейм) нахьэсри, абдеж щетIысэхащ.
Этнограф цIэрыIуэ Волковэ Н. В. 1974 гъэм къыдигъэкIа тхылъым («Этнический состав населения Северного Кавказа») къыщегъэлъагъуэ Лабэрэ Хуэдзрэ я Iуфэм щысауэ хьэжрэт («беглые кабардинцы» - Волковэ зэритхымкIэ) къуажэ 15. Ахэр щIэныгъэлIым зэрыжиIэм хуэдэу къэтхьынщ урысыбзэкIэ. Лабэ Iуфэ деж - Натырбиева, Секизова, Унарокова, Хуэдз и Iуфэм - «Аулы Шугенова, Хахандукова, Анзорова, Куденетова, Дюменова, Маргушева, Дерева, Кандаурова, Трамова, Ажигереева, Кубатова. XIX лIэщIыгъуэм икухэм къуажэхэр нэхъ ин хъуащ, хьэблэ зыбжанэ зэхыхьэрти, къуажэщIэ хъурт. Апхуэдэу нобэ Адыгейм щыIэ Куэшхьэблэ къуажэшхуэр къэхъуащ хьэблитху зэхагъэхьэри: Анзорейр (абы къытекIащ къуажэр), Дэхъущыкъуейр, Къубатейр. Мы щыми дэсар къэбэрдей хьэжрэтхэрщ, Трамэхэ дэсар абазэхэщ. Бэгупсынэ - беслъэнейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ. Нобэ Улапэ зи цIэ къуажэм (1867 гъэм Улэ псым деж щагъэтIысащ, Хуэдз и Iуфэм щыса хьэжрэтхэр ягъэIэпхъуэри) щызэхэтIысхьащ къэбэрдейуэ 136-рэ беслъэнейуэ 686-рэ, абазэу 699-рэ, нэгъуейуэ 10, шапсыгъыу 6. Хуэдз къуажэри зэхэпхъащ хьэблэ-хьэблэу - Ажджэрийхэ, Къанбэчыкъуэхэ. Блашэпсыни апхуэдэщ.
КъыкIэлъыкIуэнущ.