Дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэр пасэ зэман лъандэрэ къагъэсэбэп

- Зэрыджэгу гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуиду ди анэм иригъэжьащ гъащIэм къыщыхуэщхьэпэжа IэщIагъэр. ИужькIэ езым и щхьэм хуэдэн щIидзащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, нобэр къыздэсым дохъумэ ди анэм и бынхэм тхуидауэ школым дызэрыкIуэу щыта щыгъыныгъуэхэр, - дыщегъэгъуазэ зэрысабийрэ сурэт щIын жыпIэми, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIынрами - пыщIа Шурдым Миланэ. Къапщтэмэ, ар анэм и лъагъуэщ зрикIуэр. Шурдым (Къанкъул) Лейлэ езыр дэрбзэрщ, и ныбжьыр илъэсипщI щыхъуам къыщыщIэдзауэ мадэ, хедыкI. 
- Ди нэхъыжьхэм зэращIэжщи, япэм гъуэтыгъуейуэ щытащ щыгъыныр. Ауэ зэрыдэ Iэмэпсымэхэр унагъуэ къэс яIэт, зыгуэрхэр я IэкIэ ядыжу. Ди анэм и адэшхуэ Къанкъул Гъузер (ефэндыуэ щытащ) сыт щыгъуи щэкI ихъумэрти, ди анэм къритурэ ар а Iуэхум дригъэхьэхащ. Балигъ хъуа нэужьи, ди анэм IэщIыб ищIакъым а IэщIагъэр, модельер-конструктору еджауэ алъандэрэ мэлажьэ. Къапщтэмэ, ди анэм зэи мурад иIакъым езым и IэщIагъэм зыгуэр дыхуигъэсэжыну. Абы ищIэм сыкIэлъыплъурэ сэ езыр сыдихьэхащ а лэжьыгъэм, - жеIэ Миланэ.
Миланэ игу къегъэкIыж и анэм дэн щыщIидза ныбжьым езыри щитым, и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIур и гъусэу, хьэпIацIэ щыгъэкIэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр яблэу зэрыщытар. Уеблэмэ къэхъурт абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр гъунэгъухэм, Iыхьлыхэм тыгъэ папщIэу щрат. 
ИужькIэ Шурдымым зыщигъэсащ Бахъсэн къалэм дэт художественнэ школым (иджы илъэс еплIанэ хъуауэ ардыдэм егъэджакIуэу щолажьэ). КъыкIэлъыкIуэу, къиухащ КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетыр.
- Адыгэхэм пасэ зэман лъандэрэ къагъэсэбэп дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэм, уагъэ щIыным я щэхухэм куууэ зыщыщыдгъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха нэужь, си анэм и гъусэу фащэ здын щIэздзащ. Къапщтэмэ, сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ Iуэху гуэрым селэжьыну икIи абы и лъэныкъуэкIэ узэрыгушхуэнщ адыгэ фащэм иужьрей зэманым гулъытэ хъарзынэ зэригъуэтыжар, - жеIэ Миланэ.
Хъыджэбзым къехъулIэу зэдехь егъэджакIуэ IэщIагъэри и анэм и гъусэу фэилъхьэгъуэхэр хэдыкIынри («Шурдым» фIащащ къызэIуаха ательем). 
- ЗэрытщIэщи, адыгэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ фащэм тращIыхь дамыгъэхэм икIи ахэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщыкIырт. Тхыпхъэхэм фащэр зэрагъэдахэм къищынэмыщIа, дэтхэнэми гупсысэ гуэр щIэлът, - жеIэ Миланэ. - Нэхъыбэу къэкIыгъэ, псэущхьэ, плIимэ, щимэ теплъэхэр хадыкIырт. Нэхъ цIэрыIуэу къагъэсэбэпу щыта дамыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ар выщхьэ теплъэ зиIахэращ. Абы гупсысэшхуэ щIэлъу щIэныгъэрэ къарурэ къыпкъырыкIыу къалъытэрт. НэгъуэщI зы дамыгъи куэдрэ къагъэсэбэпу щытащ: хъурейм иращIыхь блэм и щхьэм бзу цIыкIу тесу, зы лъэныкъуэмкIэ бдзэжьей кIапэ пыту. Псэущхьэ зыбжанэ къыщагъэсэбэпу щыта тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ дунейм и къэхъукъащIэхэр кърагъэлъагъуэу арат. Апхуэдэ дамыгъэхэм ящIэлъа щIагъыбзэхэр къыщытхуеIуэтэж Накуэ Феликс и тхылъ щхьэпэм. Гу зэрылъыттэщи, ди зэманым цIыхухэм фащэ щахуэдкIэ къэкIыгъэ теплъэ зиIэ тхыпхъэщIыпхъэхэр нэхъ къыхах. Ауэ абыхэм я мыхьэнэм щIэупщIэр куэд хъууэ схужыIэнукъым. Ахэри пхуэгъэкъуэншэнукъым, сыту жыпIэмэ, абыхэм ехьэлIауэ хъыбару ди деж къэсар мащIэщ. 
Шурдымым и диплом лэжьыгъэми гъэщIэгъуэнагъ хилъхьэфащ. «Сigar box» фIэщыгъэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта, пхъуантэ теплъэ зиIэ сумкэхэм хуэдэщ хъыджэбзым и лэжьыгъэр къызытрищIыкIар. «Сыщымыуэмэ, апхуэдэ япэ хьэпшыпхэр XVIII лIэщIыгъуэм къежьащ икIи нэхъапэ ахэр зезыхьэу щытар цIыхухъухэрат, тутынылъэу къагъэсэбэпу, - дыщегъэгъуазэ Миланэ. - ИужькIэ пхъуантэ плIимэ цIыкIум къу хуащIри, цIыхубзхэми кърахьэкI хъуащ. Абы лъандэрэ ар а цIэм къытенауэ къогъуэгурыкIуэ. Иджыпсту апхуэдэ сумкэхэр «Dolce Gabana» брендым къыдегъэкI. А хьэпшыпым и тхыдэр сфIэгъэщIэгъуэн хъуати, сыдихьэхыу сумкитху сщIащ. 
Миланэ а лэжьыгъэм и «хъэтI» зэрыхилъхьэным хущIокъу икIи ар къохъулIэ. Хьэпшыпхэр я инагъкIи зэхуэдэкъым, я плъыфэкIи зэщхькъым, къищынэмыщIауэ, адыгэхэм я тхыпхъэщIыпхъэ зэхуэмыдэхэр дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ ахэр игъэдэхэжащ. 
Лъэпкъ IэщIагъэр къыхэзыха хъыджэбзым мурад куэд иIэщ, и хьэпшыпхэр зэригъэлъэгъуэнуми йогупсыс. Ди гуапэщ зыщIэхъуэпсыр зригъэхъулIэну. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: