И лэжьыгъэм и гур хигъахъуэу

Иджыпстурей щIалэгъуалэм нэхъ псынщIэу заужь, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэралри щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу. Тэрч къалэм Сабий творчествэмрэ щIалэгъуалэ жэрдэмхэмкIэ и центрым (ЦДТ) и лэжьакIуэ Балъкъэр Дайанэ илъэс 2I-рэ хъууэ аращ, ауэ ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIэ, иджырей къэфэкIэхэр егъэщIэнымкIэ зэфIэкI иIэщ. 
Илъэс мыхъупэм къриубыдэу, абы хузэфIэкIащ гуп дахэ зэщIигъэуIуэу, утыку къришэну. ЩIыналъэм щекIуэкI щэнхабзэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ, гуфIэгъуэ махуэшхуэхэм иращIэкI зэхыхьэхэм ирагъэблагъэ. СфIэгъэщIэгъуэн хъуар зи ныбжькIэ щIалэ дыдэ хъыджэбзым сабий 60-м нэблагъэ зэрызригъэдэIуэфымрэ зэригъэсэфымрэщ. Аращ къызэрыщIэддзар Дайанэрэ сэрэ дызэрызэпсэлъар.
- Абы щэху гуэр хэлъу къысщыхъукъым. Сэ езым къафэм и Iэмалхэр «къэстIэщIын» щIэздзэу аращи, Iуэхум сызэрыдихьэхыр абы хэплъхьэжмэ, арагъэнщ сабийхэм я гулъытэр къыщIэсхьэхуфыр, дерсхэм нэхъыбэ «зэрыщIахынум» иужь щIитыр. Иджыпсту щIалэгъуалэр нэхъыбэу зыдихьэхыр Интернетырщ. СыхущIокъу ари къэзгъэсэбэпу, си къэухьым зэрыхэзгъэхъунум. Псалъэм папщIэ, сфIэфIщ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэ нэхъыбэм зыщызгъэгъуэзэну, ахэр си гъэсэнхэм езгъэщIарэт жысIэуи сохъуапсэ.
Къафэм сабийм и Iэпкълъэпкъыр зэрипсыхьым къищынэмыщIа, и хьэл-щэнкIи зыкъызэкъуригъэхыу къалъытэ. Абы теухуауи арэзыщ Дайанэ: «Къафэм цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэми зэхущытыкIэми хуегъасэ. Iуэху дахэм иужь ит гуп сабийр нэхъыбэрэ хыхьэхукIэ, абдеж щилъагъухэр щапхъэ хуохъу. Иджыпсту дунейм цIыхур зыдихьэхынкIэ хъунур, мыхъумыщIагъэхэри яхэту, апхуэдизкIэ куэдыщэ щыхъуащи, гъуэгу нэхъ пэжым, дахагъэм щIэблэр хуэзунэтIхэм ящыщщ къафэ гъуазджэр. Ди дерсхэм къэфэкIэм и мызакъуэу, дэтхэнэ сабийми гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зы щхьэпэ гуэр здыщIех. ИтIанэ, гу зэрылъыстащи, къафэм и фIыгъэкIэ ныбжьыщIэм игурэ и щхьэрэ нэхъ зэтелъ мэхъу, зэхэщIыкI иIэу, и къарум щыгугъыжу ещI, и гупсысэм къытехуэ ныбжьэгъу куэд зрегъэгъуэтыф.
Дайанэ школым щIэсу дихьэхауэ щытащ къэфэкIэхэм. Тэрч къалэм дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий школыр къиухащ. Ар и гъэсэнщ КIыщ Оксанэ. Ауэ абы щыгъуэм игу къэкIыххэу къыщIэкIынтэкъым езыр гъэсакIуэ зэгуэр хъуну. КъБКъУ-м и педколледжым пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ IэщIагъэм щыхуеджэу егупсысын щIидзат сыт хуэдэ лэжьыгъэ къыхимыхми, ар сабийхэм епхауэ зэрыщытынум. Колледжыр къыщиухым къыгурыIуащ и лъахэм иджырей къэфэкIэхэм сабийхэр щыдригъэхьэхыну зэрыхуейр. Абы ирихьэлIэу, и насып кърихьэкIри, Тэрч къалэм Сабий творчествэмрэ щIалэгъуалэ жэрдэмхэмкIэ и центрым къащтащ, гъэсакIуэ IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ гуэдзэни зригъэгъуэтыжащ.
Ар мы зэманми йоджэ. Лэжьыгъэмрэ абырэ хъарзынэу зэдехь. КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физическэ щэнхабзэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым заочнэу щIэсщ. Нэхъыщхьэращи, Дайанэ игъасэ сабийхэр занщIэу къихьэхуфащ.
Мы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу, къафищ игъэуващ. Тэрч къалэм дэт «Теремок» нэгузегъэужьыпIэм япэ дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. ИлъэсыщIэмрэ Хэкум и ХъумакIуэм и илъэсыр къыщызэIуахымрэ теухуауэ Сабий творчествэмрэ щIалэгъуалэ жэрдэмхэмкIэ центрым щекIуэкIа пшыхьхэми хэтащ гупыр. Иджыблагъэ ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа «ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыкI къафэ» район фестивалым щIыхь тхылъ къыщыхуагъэфэщащ. ЦДТ-м щигъасэ гупыр сабий 30 мэхъу, илъэси 7-м къыщыщIэдзауэ I6-м нэс я ныбжьу. КъищынэмыщIауэ, апхуэдиз дыдэ, гупитIу гуэшауэ, щегъасэ Тэрч къалэм дэт прогимназие №2-м. Мы гъэм 4-нэ класс къэзыуххэм я пшыхьым щагъэлъэгъуэну вальсыр мы зэманым абыхэм ярегъащIэ. 
- Згъасэ гупыр нэгъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм хэсшэну сыхуейщ, заужьын щхьэкIэ ныбжьыщIэхэм яIэ Iэмалхэр зыхуэдэр езгъэлъэгъуну. Си хъуэпсапIэщ си гъэсэнхэм нэхъ утыкушхуэхэм, урысейпсо мыхьэнэ зиIэхэм, зыкъыщезгъэлъэгъуэныр, увыпIэ лъагэхэр зыIэрагъэхьэныр. 
Шэч хэмылъу, си дежкIэ фIыгъуэщ си сабийхэм сазэрыхэтыр. Сыт и уасэ дерсым и пэщIэдзэмрэ и кIэухымрэ къыббгъэдэлъадэу абыхэм IэплIэ къызэрыпхуащI къудейр! Си гур хохъуэ абыхэм жаIэж хъыбархэм сыщедаIуэкIэ. Къапщтэмэ, сфIэфIщ зи лэжьыгъэм гухэхъуэгъуэ къыхэзыххэр, ехъулIэныгъэхэм хущIэкъухэр. ГъащIэр, цIыху гущIэгъулыхэр фIыуэ солъагъу, нэхъыбэ зэрысщIэнум сэри сыпылъщ. Си унагъуэр, лэжьыгъэр, ныбжьэгъухэр - аращ си гъащIэр, - дыщIегъу хъыджэбзым.  

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: