Уи быным адыгэбзэкIэ епсалъэ!

 

         Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр, абы и лъапIагъыр къызыгурыIуэ лъэпкъым и къэкIуэныр дахэщ, и гъуэгуанэр кIыхьщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъэпкъ цIыкIухэм ящыщ куэдым бзэр хъумэным теухуауэ гугъуехьхэр яIэщ. Адыгэбзэм и IуэхукIи апхуэдэ лъэпощхьэпохэр щыIэщ. Абы теухуауэ псалъэмакъ куэди ирагъэкIуэкI. 2004 гъэм тхакIуэ IутIыж Бориси къиIуэтауэ щытащ бзэм теухуа и гурыгъузхэр.

«…Щхьэ бжыгъэм Iуэхур щынэсым деж, адыгэ куэдым яфIэфIщ мелуанырыбжэр. «Нэхъ куэд дыхъуащэрэт, нэхъыбэу дыщытащэрэт» жызымыIэ лъэпкъ цIыкIу зэрыщымыIэр къэплъытэмэ, абы бгъэщIэгъуэну зыри хэлъкъым. А къыщыраупщIэ дыдэхэм унэмысми, пэжу къыщIэкIынущ ар, - «мелуан» псалъэр къызыхуэпщтэ щхьэ бжыгъэ адыгэхэкIхэр зэрыхъур. Ауэ щхьэ бжыгъэмрэ адыгэ бжыгъэмрэ зэтехуэу пIэрэ, ярэби? Анэдэлъхубзэр зымыщIэ адыгэр, ар зэримыщIэм зыкIи иримыгумэщI адыгэр, ищIэнуи къыщIэхъуэ щIэблэм яIурилъхьэнуи хущIэмыкъу икIи хумей адыгэр адыгэ щхьэ бжыгъэ нэсу къэплъытэ хъуну пIэрэ, ярэби? Хьэмэрэ сэ, лIэщIыгъуитIым я зэхуакум сыщыхэжаеу зэхэзмыха щхьэкIэ, анэдэлъхубзэ иIэныр лъэпкъым и нэщэнэ пажэхэм ящыщ зыуэ ябжу зэрыщытыр якъутэжауэ пIэрэ? (Си фIэщ хъуркъым). Хьэмэрэ дунейм тепхъа зэрыхъуам нэхъ кIэщIущ ищIауэ жыхуаIэ журт лъэпкъым абыкIэ щапхъэ къыхутехыу нобэ бгъэкIуэдыж сэ, гузэсэжу иджыпсту уи пащхьэ ис анэдэлъхубзэр, хуей хъумэ, зэгуэр сыкъыпхуэгъэпсэужыну пIэрэ?

СощIэ, щхьэусыгъуэшхуэ иIэщ мы уэрэ сэрэ ди зэхущытыкIэ хъуар къызэрежьам. Хэкукъутэрэ лъэпкъкъутэкIэ къытпегъуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым къытхуихьа мыгъуагъэщ а псори. ЩIыналъэ дахэкIэ Тхьэр къазэрыхуэупсам нэхъ лажьэ зимыIэ адыгэпсэ куэдыкIей мы дунеижьым и ныджэ нэхъ гъуркIхэм тезыпхъа трагедие шынагъуэращ ар зи Iэужьыр.

«СыкIуэдынщ, нэгъуэщIхэм сахэшыпсыхьынщ, афIэкIа сыадыгэжынкъым» жыпIэу лъэпкъхъуэж щIыным уи мурадыр тебухуагъэххэмэ, а мурадым тегъэщIапIэ къыхуэхъун философие псо къыпхухэщIыкIынущ ди лъэпкъым и щхьэ кърикIуа а трагадием.

«Нэхъыбэ дыдэу къащти, зы илъэс 50 хуэдэ дэкIмэ, адыгэбзэ гъэхуа зыщIэу дэ зыри къытхэнэжынукъым» жызыIэ куэд нобэ яхэтщ мы дунеижьым трапхъа адыгэхэм. Илъэс бжыгъэм теухуауэ тIэкIу щыуэу пIэрэ жызоIэ апхуэдэу зи гугъэхэр, ауэ а шынагъуэр пэж дыдэу зэрыщыIэр занщIэу наIуэ къэхъунут зи анэдэлъхубзэ ирипсэлъэжыф адыгэхэмрэ иримыпсэлъэжыфхэмрэ зыгуэрым зэпибжамэ. Псом хуэмыдэу – щIэблэм къысхуаIэ гукъыдэжым тещIыхьауэ ди къэкIуэнум ириплъэфахэмэ.

Пэжщ, а «илъэс 50-р» сэ пIалъэу къысхуэзыгъэувхэм  яхэтщ ар зигу къеуэ хуэдэурэ жызыIэхэр, ауэ, гуауэракъэ, зи гум къыщIитхъыурэ, къигъыкIыурэ къэзыпсэлъ куэд яхэту си фIэщ сэзыгъэщIын гуэри яхэслъагъуэркъым апхуэдэхэр а Iуэхум «зэрытегузэвыхь» щIыкIэхэм. Мис абы сегъэпIейтей… «Ярэби, зи анэдэлъхубзэ зыIурылъыж лъэпкъыу укъэнэным теухуауэ щапхъэ къызытепх хъун гуэрхэр мы дунеишхуэм темыту пIэрэ? Апхуэдэхэм ягъэунэхуарэ дэри къытхуэсэбэпынкIэ хъуну зы Iэмал гуэрхэр щымыIэу пIэрэ? Абыхэм егупсысрэ телажьэу къыфхэкIIауэ слъагъукъыми, - мис абы сегъэгумэщI.

Ауэ щыIэщ апхуэдэ Iэмалхэри, апхуэдэ щапхъэхэри. ЩыIэщ: «Апхуэмыдэхэми дыкъелащ!» жызыIэу гъащIэм зригъэувэлIа зэхэгъэкIыпIэ шынагъуэхэм къикIыфа лъэпкъхэу лъабжьэжь зиIэхэр. (Хьэмэрэ уэ пщыгъупщэжауэ ара лъабжьэжь зиIэ лъэпкъхэм ухабжэуи захэббжэуи зэрыщытар?) Нэхъыщхьэр – ар жозыгъэIэфын лъэпкъ хъуаскIэ дэтхэнэми и лъым хэтынырщ: «Апхуэмыдэхэми дакъелащ, мыбыи дыпикIуэтынкъым!» жозыгъэIэфын акъылрэ лIыгъэрэ.

ЦIыхум куэд пэбудыфынущ, ауэ нэхъ къалэн гугъу дыдэхэм ящыщу къыщIэкIынущ зыгуэрым и унэм и быным и анэдэлъхубзэкIэ щепсэлъэныр пэбубыдыныр. ЯщI хъужыкъуэми, апхуэдэ унафэ мыхъумыщIэ щащIыр зэзэмзэххэщ, ар нэсу щахуэгъэзэщIа пщыгъуи къэралыгъуи дунейм тетауи, тетынуи къыщIэкIынукъым. АтIэ, мис мыр жысIэну сыхуейт абы теухуауэ: «Мыбы лъэпкъ Iуэху зэрехуэ, мыр лъэпкъым толажьэ» зыхужагъэIэным щхьэкIэ лIыгъэ инхэр зэрахьэфу, гугъуехь куэд яшэчыфу щытащ япэм адыгэхэм. Нобэ хэкIыпIэ тынш дыдэ къэунэхуащ абы ехьэехуэ фIыщIэ лъэпкъым и къэкIуэнум деж къыщыпхьынум папщIэ: зыри гугъуехьу хэлъкъым, - уи быным адыгэбзэкIэ епсалъэ, уи щIэблэр анэдэлъхубзэр яIурылъу къэгъэхъуи, къалэн нэхъыщхьэ дыдэр лъэпкъми сэри къытхуэпщIауэ къэплъытэ хъунущ.

Лъэпкъым акъыл гъэтIылъарэ мылъку дэдзыхарэ зиIэ цIыху куэд дыдэ хэмытмэ, и нэгум тхьэмыщкIафэр зэи икIынукъым. Шыкур Алыхь – къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэм иджыпсту гъунэжу яхыболъагъуэ мылъку и IуэхукIэ уей-уей жезыгъэIэхэр. Яхэтщ абыхэм лъэпкъ Iуэхум зи сом хэзылъхьэф гуэрхэри. Ауэ мащIэщ, мащIэ дыдэщ апхуэдэхэр. Нэхъ мащIэжыр ахэм ящыщу сэ зи жыхафэгу сыщызезыгъакIуэхэрщ, зи щIэблэ къысщIэзыпIыкIхэрщ.

Мы псэлъафэр жаIэу куэдрэ зэхэсхащ: «Зи ныбэ из хъуа адыгэм зытет щIыри имылъагъуж мэхъу». Щхьэусыгъуэншэу къежьакъым, дауи, а псэлъафэр. Тхьэм ирещIи, мамыр псэукIэм хущIэкъурэ щIэхъуэпсу къекIуэкIа адыгэр мэжалIэ зэпытурэ тхыдэм кърикIуагъэнущ. «Жэщибл-махуибл сэнэхуафэти», «вы ехъуар я нышти», «лэгъупиблыр я Iэпэшыпсти» - апхуэдэ берычэт жыIэкIэхэр гъунэжу хэтщ адыгэ IуэрыIуатэм. Пэжым нэхърэ, хъуапсэр нэхъ я лъабжьэу щымытауэ пIэрэ, ярэби, ахэр зыхэт хъыбар дахэхэм? Ахъумэ «хугуитI зэуIуу зи къыркъ еха» нобэрей адыгэр занщIэу къыпхуэмыцIыхуж щхьэ хъурэ? Щхьэ Iумпэм сащIу щIадзэрэ? Щхьэ щIэх дыдэу хамэ сыщыхъурэ я сэрей унэхэм? Я зуэхуэс-зэIущIэхэм? Я уей-уей псэукIэ хъуам сэ сахуемыгъэкIуж, сахуемыгъэщхьыж хъууэ ара?... Арагъэнущ.

Абыхэм яIэщ уэрэ сэрэ адэкIи дызэдэгъуэгурыкIуэным зыкIи темыгъэпсыхьа дуней еплъыкIэ. Сэ къысщхьэщыж, къысщхьэщыпсэлъыкI гуэрхэм щарихьэлIэм деж, мо Уэгум Къисым имыщIэхэри къащIагъэфэ зытрагъауэурэ ауаныщIу щIодыхьэшхыкIхэри, ягукIэ жаIэ абыхэм: «Вы лIам сэ хэвмыIу, блэкIам зыкIэрывмыщIэ, гъащIэмрэ логикэмрэ я хабзэхэм фапэмыув, - адыгэбзэм къикIунур къикIуакIэщ».

Зызэхуэдгъэумысыжи, куэдыIуэ, куэдыщэ мэхъу си Iуэхум нобэ апхуэдэу егупсысхэр, къысхупыгуфIыкI хуэдэурэ защI щхьэкIэ, зыкъом щIауэ зи гъащIэм сыхэзытхъыкIыжахэр. Нэхъ тегъэчыныхьауэ уапкърыупщIыхьмэ, ахэр ноби хуэхьэзырщ я гум къысхуилъыр макъкIэ къагъэIуну. «Мынэхъыбэу пIэрэ, ярэби, апхуэдэ адыгэхэр, - жысIэурэ сызоупщIыж сэ зэм-зэми, - гъащIэмрэ логикэмрэ я хабзэхэр  си нэм къыщIэзыIуну хьэзырхэр?» Сыхуейтэкъым апхуэдэ жэуап зэсытыжыну, ауэ, сыт сщIэн, - си гум жеIэ нэхъыбэу…

…Сыхуейт уи псэм уахътыншэ сыщыхъуну, адыгэ лъэпкъ. Мыпхуэдэу успыIукIуэтурэ зэгуэрым укъысщыгуфIыкIыжыпэнкIэ хъумэ, сыхуейт, уи лъым сыхыхьэу, Тхьэм и тыгъэ лъапIэу АнэдэлъхубзэкIэ зэджэ сэ уи гъащIэм зэгуэр сыкъыщызэщIэблэжыну. Псэ уахътыншэ къыпхэзылъхьэфын къарууэ зэгуэрым уи пкъым сыкъыщыушыжыну».

Безрыкъуэ Данэ.

Поделиться:

Читать также: