ПщIэну щхьэпэщУФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищу 2009 гъэм Налшык къыщыдигъэкIа и тхылъым ихуахэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынухэр. Вагъуэзэбын - созвездие, вагъуэ гуэрэн ззэхэт. Вагъуэлэкъум – планетэ. Вакъуэ – къахьауэ япI щIалэ цIыкIу, пIур («къан» жыхуаIэрщ). Вакъуэ адэ – пIурыр зыпI адэ. Вакъуэ анэ – пIурыр зыпI анэ. Вэпхъу – пщащэ цIыкIу пIур. Вэрывэж – фэрэкI къызэуза сабийм, хъужа нэужь, хьэлIамэ хуагъавэрт, Iэпищым я пIэ тедзауи, абы щыщ гъунэгъухэм хуагъэхьырт, я сымаджэр зэрыхъужам, я цIыкIухэр иджы къакIэлъыкIуэ зэрыхъунум и дамыгъэу. Вэрывэж и Iэпищ – вэрывэж хьэлIамэм традзэу щыта Iэпхъуамбищым ирагъэщI IэпапIищым арат зэреджэр. Вагъэ зэтедзэ – гъунэр хьэсэкум щралъэу вагъэ бдзумэхэр зэжьэхэуэу щавэкIэ. Вагъэ зэщыдз – хьэсэ гъунитIым щыщIадзэу, бдзумэхэр зэпыIудзауэ щавэкIэ. Вагъэ набдзэ – иравэкIам хуэдэу зэхэкIа набдзэ (цIыхум ехьэлIащ). ВаIэгъуэ – гъатхэм щIыр ягуэшу щавэкIэ, щIым и фIыпIэри и IеипIэри зэхуэдэу трагуашэрт, мыарэзыныгъэ къыхэмыкIын папщIэ. Выпит – иужь ирагъэувэ «дакъэ» витIым япэ итхэрщ. ВыплIэкъу – витI нэхъыбэ щIэщIэн хуей хъумэ, ахэр зэрызэпащIэ гукъуращ. Вы цIыкIу – мэшбэв («божья коровка» жыхуаIэ хьэпIацIэ цIыкIурщ). ВыщхьэфIэч – гулъэфми хуэмыубыду, гур (выгур, шыгур) къызэх гъуэгу задэкIей. Гыншыгъу – шэ гыным хэлъ шыгъу (селитра), адыгэхэм мэл гуарцэмрэ яжьащхъуэ яжьэмрэ къыхагъэвыкIыу щытащ. ГуагъэкIа – жыгым езым щымыщу е щыщу гуагъакIэрщ. ГуауэжакIуэ – хъыбар гуауэ къезыхьэкI, щхьэкIуэ. Гуащэ лэпс – нысэ къызыхуаша анэм жьагъэ иригъэукIырти, хьэблэ фызхэр игъэхьэщIэжырт, езыр гуащэ зэрыхъуар и щхьэусыгъуэу. Гуащэхьэлывэ (диалект) – шапсыгъхэм я нысашэ хабзэм хэт Iыхьэщ, гуащэм псыхьэлывэ ещI, унагъуэм и «Тхьэм» и Iыхьэу. ГуащIэрагъ – къару текъузэ, залымыгъэкIэ егъэзын. Гуэнтет – зыгуэр щхьэкIэ ягъэхьэзыра ерыскъыбэм и тет. ГуэнтеуIуэ – япэ уафэгъуагъуэр зэрызэхахыу, адыгэхэр я гуэнхэм, гъавэ хъумапIэхэм бэлагъкIэ теуIуэрт, ахэр нэщI мыхъуну, гъэ бэв яIэну Тхьэм елъэIуу. Бзылъхугъэхэм удз цIынэм псы къыщIапIытIыкIырти, ар псыкIэ нэхъыбэIуэу зэIыхыжауэ гъавалъэхэм траутхэрт, сабийхэми тракIэрти, абыхэм пщIантIэр, хадэхэр кърагъэжыхьырт. Гужакъуэ икIын – зыгъэнщIын, арэзы хъун. Гужэ – зыгуэрым хуэпэбгъэн, икъукIэ щIэхъуэпсын. ГукIуэцI губжьэ – гум и гуфитIыр зэрызэрыгъэубыда, абы лъэгу хуэхъу кукъухэр. Гукъу – «дышло» жыхуаIэрщ. Гунэгу – и гум илъыр зи нэгум къищ цIыху. Гупсэ – Iыхьлы, благъэ. ГупщIэх – темыгушхуэ, къэрабгъэ, щтэIэщтаблэ. Гупыщхьэ – гупым я унафэщI, тхьэмадэ. Гурзэ – лы хьэжа зыдэлъ адыгэ псыхьэлывэ. Гурыгъ – гукъумрэ бжьымрэ е нэгъуэщI зэфIэлъ гуэрхэр зэрызэрагъэубыд пхъэ быдэ, гъущI лъэдий (шкворень). Гурыщтэ – цIыхум къыгурыIуэ, и гум тыншу къищтэ. ГутIэ – къэрабгъэ, лIыгъэншэ. Гуоужь (гууэжь) – гъуо, хъыбарегъащIэ. Гуфэч – гуфэм (пкIэлъейм) дахухь чы щабэ. Гухъунэ матэ – гухъум и зэ икIутэгъуэ. Гущэкъуапэ ибзэ – пасэм хъыджэбз цIыкIу къалъхуам и гущэ къуапэр хурабзэрт а жэщ дыдэм къыдэхъуа (дунейм къытехьа) щIалэ цIыкIум е, апхуэдэ щымыIэмэ, а унагъуэм благъэ зыкъыхуэзыщIыну хуейм и щIалэ цIыкIум. Зи гущэ къуапэ ирабзам нэгъуэщI щIалэ къепсэлъыхъуртэкъым, я ныбжь нэсмэ, езы зэтраIуахэр зэрышэрт. ЗытраIуа щIалэр псэууэ пщащэр нэгъуэщI дэкIуэ хабзэтэкъым… Гущхьэ - гущхьэ гъэсэкIэ (духовность, духовное воспитание). ГущхьэIыгъ – гублащхьэм дэсу гур зыгъакIуэ, машинэр зыху. Гущтэ-гулэ – дзыхьмыщI, щтэрей, щтэIэщтаблэ. ГущIей – мурад, гурылъ. Гу Iэрыгъажэ – IэкIэ зепшэф гу цIыкIу.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:32 →
УсакIуэм и лэжьыгъэщIэ
12.12.2025 - 15:30 →
Кулиевым и сатырхэр
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
11.12.2025 - 12:00 →
Жаныкъуейхэм зэрахуэусам и хъыбарыр
09.12.2025 - 14:33 →
Хэкум ипхъу губзыгъэ
| ||




