Нэхъыжьыр нэхъыщIэм щыхуэарэзым деж, хужиIэ щытхъу гъэщIэгъуэнхэм язу адыгэбзэм мыри хэтщ: «Шэ хьэлэл ефащ». Дэнэу пIэрэ къыщежьэр а псалъэуха дахэр?
Мыр къыщыхъуар иджырей ингуш унагъуэщ. Сабий зыгъуэтагъащIэ нысащIэр и тхьэмадэм деж щIэлъадэри, игъэгуфIэну хуежьащ: «Папэ! Папэ! Сэ уи къуэпсыр игъэбэгъуэну щIалэ цIыкIу къэслъхуащ!» Абы хуэмыхьэзыр, итIанэми хабзэм кIэлъыплъу еса тхьэмадэр куэдрэ гупсысакъым: «ДебгъэхъулIащ! Псэ быдэ Тхьэм ищI, ауэ уэ умыгъашхэ!» НысащIэм и псынщIагъэр иримыудэкIыу, нэхъыжьым Iэмалрэ гушыIэрэ хурикъуащ ар «жыжьэу» ириIуэкIыну. «Сыт абы къригъэкIар?» - жиIэу щIэупщIэмэ, нысащIэм япэ къэсым къыжриIэнут хабзэкIэ къемызэгъ гуэр зэрыIэщIэщIар.
Ингуш хъыбарыр уафэм къызэремыхуэхар, муслъымэн лъэпкъхэр игъащIэми я щIэблэм хапщэну зыхуей хьэлхэм, ар къозыгъэхъулIэм е абы ухэзыгъэкIыжынкIи хъунум егупсысу къызэрыгъуэгурыкIуам и щыхьэту къоув «Рухьул Бэян» тафсирым ит хъыбарыр. «Шэм къыздихьа хьэл» пычыгъуэр зытеухуар Джувэйний Iэбу Мухьэмэд щихъым и унагъуэрщ.
Зэгуэрым, унэм кIуэжауэ, абы и къуэ къалъхугъащIэр нэгъуэщI цIыхубзым игъашхэу къилъэгъуащ. Щихъыр пхъуэщ, сабийр къаIэщIичщ, и щхьэр и ищIагъыу лъакъуэкIэ иубыдри, и ныбэм телъэщIыхьын щIидзащ, итIанэ и Iэпхъуамбэр жьэдилъхьэри, сабийм ишхар къижьыжыху увыIакъым. «СылIэрэ сызэгъэжым нэхъыфIщ си быным и хьэлыр хамэ цIыхубзым и шэм езгъэгъэкIуэд нэхърэ», - жиIэрт щихъым а псом щелIалIэм. Илъэс бжыгъэ дэкIри, щIалэр щIэныгъэлIышхуэ хъуащ, ауэ утыкум къыщыпсэлъэн хуей хъумэ, щызэIынэ къыхуихуэрт. «Мыпхуэдэу сыщIызэIынэм и щхьэусыгъуэр а цIыхубзым и шэращ къызыхэкIар», - пыгуфIыкIыурэ жиIэрт езыми.
Тафсирыр зытхыжа Бурсэуий Исмэхьил Хьэкъкъий дыщIегъу: «Мы хъыбарым къыхощ сабийм ар зыгъашхэ цIыхубзым и хьэлыфIри хьэл Iейри къызэрищтэр. Апхуэдэ дыдэу цIыхум къиубыдынкIи хъуну щэныр елъытащ абы зил Iухуэ псэущхьэр зыхуэдэм».
Мы хъыбарым поджэж Iэбу Хьэнифэ теухуари. Зэгуэрым абы и адэм псы Iуфэм къыщикIухьырти, мыIэрысэ кърихьэхыу къилъэгъуащ. Къищтэу едзэкъа нэужьщ мыIэрысэр зыгуэрым еинкIи зэрыхъунур игу къыщыкIар. Арати, мыIэрысэ дзэкъэгъуэр къижьыжри, лIым мыIэрысэр къыздрих лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ, куэд дэмыкIыуи ар къызыпыхуа мыIэрысэ хадэр зейр къигъуэтащ.
«Къысхуэбгъэгъуну сынолъэIу, - жриIащ абы Iэбу Хьэнифэ и адэм, – мыращ къысщыщIар». «Къыпхузогъэгъу, ауэ пшыныжыпщIэу си деж илъэсиблкIэ ущылэжьэнущ», - къыжреIэ хадэр зейм. Iэбу Хьэнифэ и адэр арэзы хъуащ. Мис апхуэдэ тхьэшынагъэ хэлът дызытет мэсхьэбым и тегъэщIапIэхэр зыубзыхуа щIэныгъэлIышхуэм и адэм.
Езы Iэбу Хьэнифэ КъурIэн лъапIэр махуищкIэ гукIэ зригъэщIауэ щытащ. И анэм къыжриIэрт: «Уи адэр а мыIэрысэм емыдзэкъамэ, зы махуэм пхузэгъэщIэнут уэ КъурIэныр».