Шинкубэ Багърэт и адэжьхэри мухьэжыр хъуахэм ящыщщ (Тыркум ягъэIэпхъуат). Абы теухуауэ езым итхыжащ: «1878 гъэм ещанэу къэхъуа мухьэжыр гъуэгуанэм хэхуащ си адэшхуэри - Тыркум ирашат, ауэ абы щалъхуа и къуажэм къигъэзэжат, унэ 13 фIэкIа зыдэмытыжым»…
Шинкубэ Багърэт Василий и къуэр зэфIэкI ин зыбгъэдэлъа бзэщIэныгъэлIт. Абхъаз-адыгэ бзэ гупхэр иджырт, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатт. Усыгъэмрэ прозэ тхынымрэ дихьэхауэ зэман куэдкIэ къекIуэкIащ, ауэ Iуэхум иужь щихьар балигъ ныбжьырщ. Псалъэм папщIэ, «ЖылакIэр» дунейм къыщытехьам, Багърэт илъэс 57-рэ хъуагъэххэт. Къэбгъэлъагъуэмэ, убыххэм я Хэкур зэрафIэкIуэдам теухуауэ 1974 гъэм абы къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр нобэр къыздэсым тхылъ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Псом хуэмыдэу Кавказ зауэр КъухьэпIэмкIэ зэрыщекIуэкIар джынымкIэ ар щхьэпэу къалъытэ.
Убыххэр адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм ящыщщ, 1864 гъэ пщIондэ Сочэ псыхъуэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэуауэ. Лъэпкъым я зэкъуэтыныгъэмрэ дзэ Iуэхухэр зэгъусэу яубзыхуу зэрыщытамрэ и фIыгъэкIэ, убыххэр адрейхэм елъытауэ нэхъыбэрэ Урысей пащтыхьыгъуэм пэщIэтыфат. АрщхьэкIэ 1864 гъэм къыпагъэувыпащ - е Урысейм и унафэм щIэту Псыжь Iуфэ Iэпхъуэну, е я щIыпIэр ябгынэу Тыркум кIуэну. Пщыхэм етIуанэ гъуэгур нэхъ яфIэкъабылу, цIыхубэр здрашэжьащ. Апхуэдэу Сочэ псыхъуэр илъэс пщIы бжыгъэкIэ нэщI хъуащ. Абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэр яхуэфIакъым убыххэм. Тыркум къапиубыдащ я щэнхабзэ ямыгъэлъэгъуэну, я анэдэлъхубзэкIэ мыпсэлъэну. А псом лъэпкъым насыпыншагъэ къыхуихьащ. Иужьрей дыдэу зи анэдэлъхубзэр зыIурылъа Эссенч Тевфик 1992 гъэм дунейм ехыжащ. Абы и цIэр дуней псом щызэхахат къэрал зыбжанэм я бзэщIэныгъэлI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм я фIыгъэкIэ. Эссенч Тевфик илъэс пщIы бжыгъэкIэ абыхэм ядэIэпыкъуат убыххэм я бзэ кIуэдыжар джынымрэ хъумэнымрэ теухуауэ.
ТхылъымкIэ къэдгъэзэжмэ, ар къызэрыдагъэкIар лъэбакъуэшхуэт. Къэбгъэлъагъуэмэ, убыххэм ятеухуа Iуэхухэр а зэманым СССР-м щащIэжыххэтэкъым (хамэ къэралхэм я щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм мащIэт щыгъуазэр). Абы къыхэкIыу тхыгъэр гум илъыр наIуэрэ IупщIу къэзыIуэтэжа хъуащ. Зэман дэкIри, тхылъым итым шэч лъэпкъ къытрамыхьэжу ар тегъэщIапIэ ящIащ.
Тхыгъэхэм къахощ Шинкубэ Багърэт убыххэм ящыщу зэрыщымытар, а лъэпкъым теухуауэ хъыбархэр иужькIэ къищIауэ зэрыарар. Ар езыр абхъазхэм къахэкIат, убых лъэпкъым и тхыдэм щыдихьэхар щеджа илъэсхэрщ. Езым мыпхуэдэу жиIэгъащ: «Аспирантурэм сыщыщIэсым, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым щызекIуэ бзэхэр зджыуэ япэ дыдэу зэхэсхауэ аращ убыхыбзэм теухуауэ - щымыIэжу къалъытэ лъэпкъым я бзэр. Абдеж щыщIэдзауэ убыххэм я бзэмрэ я тхыдэмрэ теухуа хъыбархэр зэхуэсхьэсу сыхуежьащ. Норвегием щыщ щIэныгъэлI Фогт и зы тхыгъэ къысIэрыхьат, убыхыбзэм ирипсалъэу цIыху 16 фIэкIа щымыIэжу, абыхэми я ныбжьыр зэрыхэкIуэтар къигъэлъагъуэу. А хъыбарыр си гум щIыхьат. Аращ лъабжьэ хуэхъуар «ЖылакIэ» тхылъыр стхыным».
Совет зэманым печатым къытехуэхэм ткIийуэ кIэлъыплъу зэрыщытар жаIэж. Тхыгъэм и ныкъусаныгъэ нэхъыщхьэри зыхуахьыр убыхыпщхэм я пщIэр гъэулъииным тегъэпсыхьауэ ар зэрыщытырщ. Романым ахэр къыщокIуэ щхьэхуэфIу, я фейдэ къызэрикIынум къищынэмыщIа, цIыхубэм я къэкIуэнум емыгупсысу. Апхуэдэ «лIыхъужьхэр» къэгъэщIыныр къызыхэкIауэ къалъытэр, арыншэу романыр цензурэм зэрыпхамыгъэкIынурт. Ахэр лъэпкъым я «лъыиф» хъун хуейт.
ТхакIуэм езым къигупсыса зы хъыбар хьэлэмэт тхыгъэм зэрыхиухуэнари къыхэгъэщыпхъэщ. Романым узыIэпызышэу къыщыкIуэ Iуэхугъуэхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ убыххэм тхьэ пэлъытэ хуэдэу яIауэ абы къигъэлъэгъуа Бытхьэ теухуар. Абы и фэеплъхэр дыщэм къыхэщIыкIауэ лъагэу бгым (иджырей Сочэ къалэм и Iэгъуэблагъэм) тетауэ тхакIуэм къигупсысащ. Тхыгъэм къызэрыщыкIуэмкIэ, убыххэм зыхуагъэщхъырт бгъэ теплъэ зиIэ ухуэныгъэм (языныкъуэми жьынду хуэдэу къагъэлъагъуэ). Лъэпкъыр Тыркум ягъэIэпхъуэну къыщыщIэкIым, убыххэм фэеплъ нэхъ цIыкIур кхъухьым иралъхьэри здрашащ, нэхъ иныр цIыкIу-цIыкIуу якъутэри, щIым щIатIащ, мывэхэр тратхъуэжащ. А теплъэгъуэм апхуэдизкIэ Шинкубэ Багърэт и щIэджыкIакIуэхэр иригъэтхьэкъуати, Бытхьэ щыIауэ я фIэщ ящIыжауэ, Абхъазым мажусий диныр къыщыгъэщIэрэщIэжыным хуэкIуами ярейт. ЛъыхъуакIуэхэрати, хъугъуэфIыгъуэр «къатIэщIыжын» щIадзат. АрщхьэкIэ ипэжыпIэращи, зы тхыгъи тхылъымпIи щыIэкъым убыххэм Бытхьэр яIауэ - ар тхакIуэм и гупсысэкIэ къигъэщIа къудейщ.
Тхылъым и лIыхъужь нэхъыщхьэр языныкъуэм Эссенч Тевфику къазэрыщыхъури Iуэхугъуэ щхьэхуэщ. Ар щIызэхагъэзэрыхьым и щхьэусыгъуэр убыхыбзэр иужь дыдэу зыIурылъа Эсенч Тевфик «иужьрейуэ икIауэ» фIащыныр тхыгъэм и цIэращ къызыхэкIар. Шинкубэм къыхигъэщауэ щытащ Тевфик ижь къыщIихуа къудейуэ зэрыарар. Абы езым теухуауэ зыри тхылъым къызэрыщимыгъэлъэгъуар (къигъэлъэгъуэнкIи Iэмал иIакъым – Эссенч Тевфик къыщалъхуар зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм я ужькIэ илъэс 68-рэ дэкIа нэужьт).
Ди зэманым и гугъу пщIымэ, убых лъэпкъыр кIуэдауэ къэплъытэныр пэжкъым, ахэр зыщIыпIи бзэхакъым. ЩыIэщ, ауэ я бзэр яIэщIэхуащ. Абыхэм къащIэхъуахэм къащтащ абхъазыбзэр, адыгэбзэр е щыпсэуну къахуиуха къэралхэм я бзэхэр. Ауэ нобэми убых лъэпкъым я фэеплъыр, я лъабжьэр куэдым ящIэж. Псалъэм папщIэ, Тыркум и Мрамор тенджыз Iуфэм щыс къуажэ зыбжанэм убыххэр дэсу жаIэ, къызыхэкIар ящIэжу. Абыхэм яхэтщ убыхыпщ Бэрзэджхэ къатепщIыкIыжахэри. Апхуэдэ щапхъэхэр щыIэщ Сочэ и Лазаревскэ районым хыхьэ Хьэжыкъуэ къуажэм, Адыгейм я жылэ зыбжанэм, Абхъазым. Убыхыбзэр зэфIэгъэувэжынм елэжь гуп щыIэщ. Уеблэмэ Абхъаз къэрал университетым ар щрагъэдж дерсхэр къыщызэIуахащ. Мыбдеж къыхэдгъэщыну ди гуапэт иджыблагъэ зы уэрэд, убыхыбзэр и лъабжьэу, утыку кызэрырахьари. Пырын («дахэ», «телъыджэ» къикIыу) - аращ абы зэреджэр. Уэрэдыр ятхащ Уардан Эрастрэ Бакъ Иналрэ, композиторыр - Темыркъан Залымджэрийрэ ТеуныкI Альбертрэщ. Уэрэдыр егъэзащIэ абхъаз уэрэджыIакIуэ Пкин Сабринэ.