Хужь-фIыцIэ-яжьафэ

Америкэм къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ. Адыгэщ! Хамэ щIыпIэм къыщыхъуам, хамэбзэ зэхэзыхам, хамэ хабзэ зылъэгъуам зэрыадыгэр щхьэ къыфIэIуэхун хуей?! Ар лъым и къарущ. Аращ дунейм хэгуэша адыгэр дызэпызыщIэжри. 
Бэрзэдж Чыгъэду (Зак Хакаду) и сурэтхэр фIыцIэщ-яжьафэщ-гъуабжэщ… чэтхъащ, ныкъуэсщ, улъиящ. Ауэ щхьэ деплърэ, ди нэр къытхутемыхыу, щхьэ къыдгурыIуэрэ, щхьэ ди псэм зыхуишийрэ?! Тхыдэм дыхохьэри, пасэрейм дыIуощIэ. лэжьыгъэхэм къыщыгъэсэбэпащ щIы, фэ, пхъэ, щэкI, гъущI, жэз… - псори тIорысэщ, гъадэщIыдэм къикIа хуэдэщ. И лэжьыгъэхэм къыщигъэсэбэпа ЩIыр и Хэку къигъазэри иришащ – нэгъуэщI кIэрызэгъэнтэкъым!
«Тхьэм и лIыкIуэ» фIищащ Бэрзэдж Чыгъэду и лэжьыгъэхэм ящыщ зым. Адыгэ къамэ тегъэбыдащ, и щхьэмкIэ «Хэку» тетхащ. Гъуэлърэ тэджу, и ныбэ из ищIу дунейм тетын хуейкъым адыгэр. ЩыIэну, зихъумэжыну, псэуну къигъэщIащ. Хэкуи къритащ, бзэи къыIурилъхьащ. Мы щIалэм и лэжьыгъэм щыдолъагъу адыгэм и шыфэлIыфэ – дуней псом къыщацIыху, яфIэдахэ фащэр… Фащэр лэжьащ, пытхъахуэщ. ЩIым хэлъщ, итIани и теплъэр зэрыекIущ - хьэзырыбгъэр къыдэгъэзеящ. Гур егъэхуабэ «Анэм и пшыналъэ» лэжьыгъэм. Мыбдеж «фIыцIэ-хужь-яжьафэ» плъыфэм нэмыщI, тхьэмбылыфэр къщыгъэсэбэпащ. Анэ - шыкIэпшынэ - макъамэ. Мыра хъунщ щIалэр Хэкум къэзышэжар! 
Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр и IэдакъэщIэкIхэм куэду къыхощ - дамыгъэкIэ къегъэбыдэкIа хуэдэщ. IэдакъэщIэкI къэс хъыбар щхьэхуэ я гъусэу къыпщохъу. Пасэрейм нэхъри гъунэгъу ухуащI хьэпшып щхьэхуэхэм: афэ джанэм, къамэм, шыкIэпшынэм, сурэт пытхъахуэм, гъущI Iунэ улъияхэм… 
Зэ IуплъэгъуэкIэ мо фIыцIэ, яжьафэ теплъэхэм яхэмызагъэ хуэдэу къыпщохъу зы лэжьыгъэ: «ИкIэм - икIэжым» зыфIищар. И щIагъкIэ бжэгъу IэплIакIуэщ. Бжэгъу хъуащ, пкъы яIэщ, ауэ щIым хэтыжкъым. Сурэтым ищхьэкIэ щхъуэкIэплъыкIэ защIэщ, уигу къиуIэн хуэдизу. Ауэ… а щхъуэкIэплъыкIэм упхоплъри, яжьафэ-фIыцIэ-хужьхэр къыпхопсыж – жыгхэр къокI. ДыщыIэщ, добауэ, щIым дыхэтщ. 
Лэжьыгъэхэм уаIуоплъэ цIыхуIэ емыIусарэ, зэманымрэ щIыуэпсымрэ я Iэужь хуэдэу. Ауэ, апхуэдэу уаIуплъэн щхьэкIэ, дапхуэдиз гуащIэрэ гупсысэрэ ехьэлIэн хуейт абы!

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: