Пэжым и гъуэгу кIыхьыр

ГъащIэр фIырэ IейкIэ зыгъэунэхуам гу лъитэнущ пцIым «лъакъуэ зэрыщIэтым». Махуэ, мазэ, илъэс, уеблэмэ лIэщIыгъуэ псо зэринэкIыфынкIи хъунущ абы, итIани, гува-щIэхами, пэжыр сэтейм къытохьэж. 
Матросов Александр и цIэр Хэку зауэшхуэм и тхыдэм къызэрыхэщыр нэщхъеягъэшхуэ пылъущ. Псоми ящIэ хъыбарым ипкъ иткIэ, щIалэм нэмыцэ щIытIым къиукI пулемётыр зэригъэувыIэн Iэмал щимыгъуэтым, езым абдежым зыIуиубгъуэри, и ныбжьэгъухэр бийм ебгъэрыкIуэну хуит ищIащ. 
 Политикэр куууэ зыхэпщIа мы хъыбарым и пэжымрэ къагупсысамрэ зэхэбгъэкIыну тыншкъым. Зэман дэкIа нэужь, цIэрыIуэ хъуа псори зыгуэркIэ «кърацIэлэхыж» хабзэкъэ? Матросовыр щымыIэххауэ, ар щIэпхъаджащIэу щыта хуэдэу, хъыбар куэд щызэтрихьащ щIалэм и хъуреягъкIэ. Ди дежкIэ абыхэм нэхъ гъэщIэгъуэну яхэтыр абы и цIэрщ. Зи гугъу тщIы щIалэр зэры-Александрри абы и унэцIэр зэры-Матросоври пэжщ, ауэ лIыхъужьым и тхыдэр икIи хъыбар къызэрыгуэкIкъым. ИпэжыпIэкIэ щIалэр башкир лъэпкъым щыщт, и цIэр Шакирьянт, и унэцIэр Мухаметьяровт. Дауэ ар Матросов зэрыхъуар, «СашэкIэ» фыкъызэджэ жиIэн щыщIидзари сыт лъандэрэ? Жэуапым и ужьым диту, Хэку зауэшхуэм и зэманым дыкъиIэпхъукIынщи, япэщIыкIэ щIалэр къызыдэкIа Кунакбаевэ башкир къуажэм дыIэпхъуэнщ. 
 Шакирьян и анэр 1930 гъэхэм дунейм ехыжати, бын куэд къызыщIэна адэм гуауэмрэ къалэнымрэ зэрыхузэдэмыхьым къыхэкIыу, и къуэ нэхъыщIэр Ульяновскэ областым щыIэ сабийхэм я унэм иритащ, абы и фIыгъэкIи мэжэщIалIагъэм къригъэлащ. Илъэс зыбжанэ докIри, щIалэ цIыкIур Иваново дэт сабий унэм яшэ, ауэ дэфтэрхэр щахъуэжым, яфIызэхозэрыхьри, и цIэ пэжыр къахуэгъуэтыжыркъым. Матросов унэцIэмрэ Александр цIэмрэ зэрызэуIуар хэт ищIэн? Сытми, башкир щIалэ цIыкIум и цIэ-унэцIэр апхуэдэ щIыкIэкIэ хъуэжа хъуащ. Дауи, езым ищIэж къыщIэкIынт и цIэ-унэцIэ пэжыр, ауэ Ивановскэ областым Шакирьян цIэр щызепхьэну тынш дыдэ къыщIэкIынтэкъым а лъэхъэнэм, Мухаметьяров унэцIэм и гугъу умыщIми. 
 ГъащIэмрэ щIалэм и псэмрэ зэпекъуу къэгъуэгурыкIуауэ къыпфIощI абы и гъуэгум ущриплъэкIэ. Сабий унэм илъэсибл школыр къыщиуха нэужь, Шакирьян заводым ягъакIуэ. НыбжьыщIэр абы щымыIэфу щIопхъуэж, къаубыдыжри, колонием яшэ. ЩIэпхъаджащIэу щIытеIукIар аращ. МащIэу къыдэкIуэтея щIалэ цIыкIур колонием ирашри, лъэсыдзэр щагъэхьэзыр училищэм щIотIысхьэ, комсомолми хохьэ. Зауэр къыщыхъеям, Сашэ-Шакирьян еджэн иухатэкъым, арщхьэкIэ Дзэ Плъыжьым сэлэтхэр къызэремэщIэкIым къыхэкIыу, зи ныбжь нэмысыпахэри хагъэхьэрти, Матросоври апхуэдэхэм яз хъуащ. Абы зэрихьа лIыхъужьыгъэр зыхуэдамкIэ цIыхухэр нобэми гуитIщхьитщI. Ауэ и къэхъугъэкIэ а псоми ящIэращ Iуэхур зыIутар. Нэмыцэхэр советыдзэм щIыпIищкIэ къащыхэуэрти, загъэхъеймэ, яукIынут, захъумэжын папщIэ, ятеуэн фIэкIа, нэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэтэкъым. Шэ къателъалъэм щхьэ къэIэтыпIэ къаритыртэкъым. Апхуэдэ дыдэу жыжьэу ядзын Iэщэ зэрамыIэм къыхэкIыу, бийм и пулемётищыр ягъэувыIэн папщIэ, гупищ яутIыпщыну унафэ къащтащ, къамыгъэзэжынкIи зэрыхъунур нэрылъагъуу. 
Дзотхэр бгъэдыхьэпIэншэт, и щхьэм деж иIэ Iугъуэ ихупIэм фIэкIа къэмынэуи, а зырат совет тIасхъэщIэххэр бгъэдыхьэпIэу зыщыгугъыр. Унафэ зыхуащIа цIыхуищым – Шариповым, Галимовым, Огурцовым – я къалэныр а мафIэ къиукIыпIищыр ягъэувыIэнырт. Нэхъ IэнатIэ гугъур зылъыса Огурцовым Матросов щIалэ жаныр гъусэ хуащIащ. Сашэ зэрыхъур илъэс 19 къудейт. Iуэхур зыIутрати, пулемётхэр, нэгъуэщI мыхъуми, секунд бжыгъэкIэ ягъэувыIэфамэ, советыдзэм зыгъэхъеипIэ игъуэтынурэ, и Iуэхум фIыкIэ зихъуэжынут. Шариповыр япэ нэсри, уэнжакъымкIэ иукIри япэрей дзотым исхэр зэтриукIащ. Галимовым танкхэр зэрагъауэ лагъым идзщ, уIэгъэ ищIа нэмыцэхэм IэпщэкIэ езэуэжри, абыи зыхуейр зыIэригъэхьащ. Огурцовыр нэмыс щIыкIэ уIэгъэ щыхъум, унафэ гъэзэщIэныр Матросовым и закъуэ и пщэм къыдэхуащ. Псори жызыIэжар къела Огурцовырщ. ЩIалэр дзотым гъунэгъуу бгъэдыхьэри, гранатэ идзащ, ауэ хуиту зэрызимыукъуэдиифам щхьэкIэ, ар къэуакъым, пулемётчикыр дэгу ищIа фIэкIа. Ар тэлайкIэ щыувыIэм, яукIа я гугъэу, Матросовыр зыщыщ батальоным зыкъиIэтащ, арщхьэкIэ пулемётым и макъыр аргуэру къэIуащ. ГъэпщкIупIэм къыкъуэкIа совет сэлэтхэм я дежкIэ ар дунейкъутэжт. Арати, ар зыщIэ щIалэм езым зыIуиубгъуащ биишэр къызэрылъэлъ гъуанэм. Ар зыхуэзар уэнжакърами, щIыхьэпIэрами, хэт жиIэжыфын? Ауэ советыдзэм зыхуейр къехъулIат. 
 А псор къыщыхъуа 1943 гъэм цIыхубэр лIыгъэм, псэемыблэжыныгъэм тегъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ иIэти, Сталиным хъыбарыр зэраIэрагъэхьэу, Матросовыр псоми къахигъэщхьэхукIащ, цIэ лъапIэ къыфIащыным теухуа унафэри занщIэу къащтащ. Пэжым и хьэтыркIэ, апхуэдэ лIыгъэ зезыхьэхэр мащIэтэкъым, мы щIалэми зыдэплъей хъуну гуэрым и хъыбар зэхимыхауэ, а Iуэхум тегушхуагъэнтэкъым. Матросовыр адрейхэм къахэзыгъэщар езыр къызыщхьэщыжа и ныбжьэгъухэм, зыщыщ батальоным абы и фIыгъэкIэ къехъулIа текIуэныгъэрщ. 
 Башкорстостан республикэм щыщ Учалинскэ районым хыхьэ Кунакбаевэ къуажэм и курыкупсэм итщ СССР-м и ЛIыхъужь Матросов Александр хуагъэува фэеплъыр. Ауэ къуажэдэсхэм ящIэ а щIалэр езыхэм зэражылэгъур. Мухаметьяров Шакирьянрэ Матросов Александррэ зы цIыхуу зэрыщытыр къызэращIар щIалэм и сабий сурэтхэм я фIыгъэкIэщ. Александр-Шакирьян и дэфтэрхэр къэзыгъуэтыжар музей лэжьакIуэхэрщ. Ар къыщыхъуа 50 гъэхэм Матросов Александр зэрихьа лIыхъужьыгъэр къэралым хэIущIыIу щыхъуакIэт. ЩIалэм и сурэтыр зылъэгъуа и къуажэгъу гуэрым ар къицIыхужа нэужь, Iуэхум башкир тхакIуэхэу Бикчентаев Анваррэ Насыров Рауфрэ хэуващ, абыхэм сабийр зыцIыхуа адрей къуажэдэсхэри къагъэпсэлъащ. ЗауэлI дэфтэрхэмрэ щIалэ цIыкIум и сурэтхэмрэ суд экспертизэкIэ зэралъыта нэужь, тIури зы цIыхуу зэрыщытыр наIуэ хъуащ. ЛIыхъужьыцIэр зэрыфIащу, башкир щIалэм и дэфтэрхэри Матросов Александр и цIэм епха хъупащ. ПщIэну щыткъым, Мухаметьяров Шакирьян а псор къемыхъулIэнкIи хъунт. ИужькIэ ягъэува фильмхэм, ятхыжа тхылъхэм, нэтынхэм, къинэмыщIхэм щIалэм и цIэр мыкIуэдыжын ищIауэ, Налшыки дэтщ Матросовым и цIэр зезыхьэ уэрам. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: