ЩIэм и лъыхъуакIуэ Нэхущ Залинэ

Бахъсэн щIыналъэм хы­хьэ Къулъкъужын Ищхъэ­рэ къуажэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, филологие щIэныгъэхэм я кан­дидат Нэхущ (Къаскъул)­ Залинэ зи IэщIагъэм хуэ­Iэижь, Iуэху зехьэкIэ пэрыт зиIэ лэжьакIуэщ. ЩIэблэм щIэныгъэ куу яриту, сабийхэр фIым, дахагъэм хуиущийуэ и IэнатIэр ныкъуса­ныгъэншэу ирехьэкI абы.

Залинэ и дерсхэр дапщэщи къызыхуэтыншэу зэхэгъэуващ, егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэм и мардэ псори къыщылъытауэ, Iэмал пэ­рыт­хэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу. ЩIэныгъэ куу зыб­гъэдэлъ егъэджакIуэр сытым дежи хущIокъу и Iуэху зехьэкIэр зэрыригъэ­фIэ­кIуэным, и Iэзагъым зэрыхигъэхъуным. Ар и зэфIэкIхэмкIэ ядогуашэ къыдэ­лажьэ­хэм, езыр и ныбжькIэ щIалэми, адрей егъэджакIуэхэм яхуэщ­хьэпэн чэнджэщхэр яретыф.
Нэхущым и гъэсэнхэр езым хуэдэу жы­джэрхэщ, щIэныгъэщIэхэм я лъы­хъуа­кIуэщ, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэщ. Абы сабийхэр къызэрыдихьэхыр бгъэдэлъ щIэныгъэ куум и закъуэкъым, атIэ и хьэл-щэн ­зэ­­пIэ­зэрытымкIи Iурылъ ады­гэб­зэ къаб­зэмкIи еджакIуэ цIыкIухэр етхьэкъу. И гъэ­сэнхэр и гъусэу Залинэ щIэх-щIэхыурэ хэтщ школпсо, щIыналъэпсо, республикэ зэ­пеуэхэм, увыпIэфIхэри къыщехь. Залинэ пэрыт щыхъуащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэми «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIа «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» къэрал­псо зэхьэзэхуэми. Апхуэдэ зэ­фIэкI лъагэхэм къыхэкIыу егъэджакIуэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэмрэ Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэмрэ къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр.
Анэдэлъхубзэр езыгъэ­дж­хэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ Ещанэ урысейпсо мастер-класс 2009 гъэм Москва къалэм щекIуэкIащ. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу лъэп­къыбзэхэр езыгъэ­дж­хэм я къэралпсо зэхьэ­зэхуэм хэтащ Нэхущ Залинэ.
- СызэригугъэмкIэ, гъащIэм апхуэдэ къызэрыщы­хъур зэщ. А зэми Iуэхум хуэIэижьу зыкъэбгъэлъэ­гъуэ­ныр, адрей щIыналъэ­хэм я лIыкIуэхэм уакъы­кIэ­рымыхуным, уеблэмэ япэ уи­щыным уи гур теухуауэ щы­тыныр къалэнышхуэт си дежкIэ. Ипэ илъэсхэм ап­хуэдэ зэпеуэхэм щыIа си ­лъахэгъухэм я пщIэр зэрызмыгъэлъэхъ­шэным сыху­щIэ­къуну сигу ислъхьат, - зэ­пеуэм­ зэрыхэтар игу къе­гъэкIыж Залинэ. - Тыншкъым къода­Iуэхэр фIыуэ плъагъу уи лъахэм, уи еджапIэм, уи лэжьыгъэм дакъикъипщIым къриубыдэу щыгъуазэ пщIыну. Си псалъэхэм щыхьэт техъуэ ­дэф­тэрхэри, сурэтхэри, ви­де­отеплъэгъуэхэри къэзгъэхьэзырат.
Адыгэ пщащэр къэралпсо зэпеуэм хэтам и мызакъуэу, «Методикэ жыджэрагъымрэ Iэзагъымрэ» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ,­ апхуэдэуи УФ-м и щIыналъэ 19-м я егъэджакIуэхэр зыхэта «Си лъа­хэ, си школ, си ­IэнатIэ» пре­зентацэми адрейхэм ща­текIуащ.
Дауи, Залинэ и дэтхэнэ те­кIуэныгъэми ирогушхуэ республикэм и егъэджакIуэхэр, и адэ-анэр, ар къызыхэкIа Нэхущхэ, зыхыхьа Къаскъулхэ икIи республикэм ифI, и ехъу­лIэныгъэ къызэрыкI Iуэ­хуфI куэдкIэ иджыри щогугъ.

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: