Адыгэ алыфбейм теухуауэ ятхамрэ абы тратхыхьыжамрэ мащIэкIэ уеджэнкъым. Нобэр къыздэсым ар егъэфIэкIуа зэрыхъунум теухуа псалъэмакъхэр йокIуэкI. Иджыпсту зытет кириллицэм хуэкIуэху, ди алыфбейм бзэ зыбжанэм я хьэрфхэр къигъэщхьэпащ. А щытыкIэм зэрызихъуэжа щIыкIэрщ мы дызытепсэлъыхь дэфтэрым гъэщIэгъуэну хэтлъагъуэр.
Адыгэ алыфбейр латин хьэрфхэм къытрашу, славян хьэрфхэм зэрыхуагъэкIуам епха дэфтэр гъэщIэгъуэн къытIэрыхьащ. Абы гъуэгу щигъуэтар 1936 гъэм и накъыгъэрщ, зыхуэгъэзар ВКП (б)-м и Комитет Нэхъыщхьэрщ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и обкомыр къэбэрдей тхыбзэр латиныбзэм къытрашу урыс алыфбейм трагъэхьэным зэрыщIэлъэIум теухуа» – аращ зи гугъу тщIы дэфтэрым и псалъащхьэр.
Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и мыхьэнэри IупщI хъуркъым. Мы тхылъымпIэр утыку къыщрахьа накъыгъэм и 10-м и пэ къихуэу, мэлыжьыхьым и 7-м ВКП (б)-м и къудамэу КъАССР-м щыIэм латин алыфбейм и дагъуэхэр къыщыщIигъэщ унафэ къищтакIэт. Дагъуэу къагъэлъагъуэр зэрыхъур 4 къудейт:
- хьэрфхэр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэхэр куэдыIуэ мэхъу: хьэрф зырызу 46-рэ, тIурытIу – 9-рэ;
- алыфбейр зэхэтхъуащ: хьэрф зырыз 46-м щыщу латин хьэрфхэм техуэр 15 къудейщ, урыс хьэрфи 3 хэтщ, латиныбзэм щыщу, ауэ нэгъуэщI мыхьэнэ яIэу 9 хэтщ, щIэуэ къагупсыса хьэрфхэр 10 мэхъу;
- хьэрфхэр зэрытхыгъуеймрэ иныкъуэхэр зэрызэщхьымрэ абыкIэ тха псори еджэгъуей ещI, псынщIэрытхэр къыпхуэгъэщхьэпэркъым;
- хьэрфхэр куэд зэрыхъум, езыхэри зэрызэмыщхьым линотип (зэрыбкIэ зэрытрадзэ Iэмэпсымэ) къэбгъэсэбэпыну Iэмал къуатыркъым;
А псом къыхэкIыу, ВКП (б)-м къилъытащ «латиныбзэм тещIыхьа адыгэ (къэбэрдей) алыфбейм къытекIыным тезыгъэгушхуэ и дагъуэхэр куэдыIуэ хъууэ. Псом хуэмыдэу ар зи щэнхабзэм зрагъэужь къэбэрдей лъэпкъым урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмрэ зригъэцIыхуну къытригъэхьэлъэрт, апхуэдэ дыдэу урыс цIыхубэми къэбэрдей адыгэбзэмрэ адыгэхэм я щэнхабзэмрэ яджыныр къаригъэхъулIэртэкъым».
А унафэ дыдэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомыр тригъэгушхуэрт хьэрф 32-рэ хъу урыс хьэрфхэм я къупхъэм тещIыхьа адыгэ (къэбэрдей) алыфбейм техьэну, къэбэрдей тхыбзэр абы тешэжа щыхъуну пIалъэхэри иубзыхурт.
Унафэр къащтэн и пэ, ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретарь Къалмыкъ БетIал Мэзкуу щIэныгъэлI гуп игъакIуэри, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием хыхьэ, Ленинград дэт, Марр и цIэр зезыхьэ Бзэмрэ гупсысэмкIэ институтым зэIущIэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIауэ щытащ, къэбэрдей алыфбейм теухуауэ. А унафэр къащтэным и щхьэусыгъуэу къагъэлъагъуэхэм щыщщ еджэкIэ-тхэкIэ зыщIэхэр зэрымащIэр. Латин алыфбейр зэрыгугъум, ар бзэм и макъхэм зэрыпэжыжьэм и зэранкIэ, адыгэхэм тхэкIэ-еджэкIэ зрагъэщIэну Iэмал тынш ямыгъуэтауэ къигъэлъагъуэрт дэфтэрым.
«Къэбэрдей адыгэбзэм и латин алыфбейр апхуэдизкIэ зыхуей хуэзакъыми, ар ирагъэфIэкIуэн папщIэ гъэ къэс щIэ гуэрхэр халъхьэурэ къекIуэкIащ, - дыкъыщоджэ дэфтэрым. – Апхуэдиз зэхъуэкIыныгъэм ар нэхъри нэхъ зэгъэщIэгъуей ищIри, цIыхухэр зэрымыарэзым къыхэкIыу, тхэкIэ-еджэкIэ езыгъащIэ IуэхущIапIэхэми я мурадыр къехъулIакъым.
Абы къыхэкIыу, илъэсий фIэкIа мыхъу сабийхэмрэ илъэс 50-м щIигъуа балигъхэмрэ къэбгъанэмэ, цIыху балигъ 74432-м щыщу тхэкIэ-еджэкIэ зыщIэу къалъытар цIыху 35 341-рэщ, зымыщIэхэр – 19382-рэ мэхъу, тIэкIу щыгъуазэхэр – цIыху 10709-рэ мэхъу. Ауэ щыхъукIэ, «грамотнэу» къалъытэ куэдым латин алыфбейр къахуэгъэщхьэпэркъым, ауэ кириллицэр яфIэтыншщ».
Ленинград щызэхуэса щIэныгъэлIхэм къэбэрдей алыфбейм теухуа унафэр къыщащтэм, урыс алыфбейм и дамыгъэ 32-м иджыри зы хагъэхьэжащ, «апострофкIэ» еджэу (хьэрфыщхьэм и къуапэ ижьым деж ягъэув «запятой», зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, 1-р къагъэлъэгъуэн папщIэ). Апхуэдэ щIыкIэу, хьэрф 27-р зэрыщыту къащтащ урысыбзэм ейм ещхьу, хьэрфхэу «л», «щ», «ы» хуэдэхэр макъым зэхъуэкIыныгъэ мащIэ зэригъуэтыр къыхагъэщу, къабыл ящIащ. Адыгэбзэм хэт макъ гугъухэр къагъэлъэгъуэн папщIэ, урысыбзэм и дамыгъэ щабэр (мягкий знак), дамыгъэ пхъашэр (твердый знак), апострофыр къащтащ. Нобэ хьэрф зэгуэткIэ дызэджэхэр щызэгуагъэувари абы щыгъуэщ. Апхуэдэ щIыкIэу ВКП (б)-м и обкомыр щIэлъэIуа IуэхумкIэ арэзыныгъэ къратащ, мазищ-плIым къриубыдэу къэбэрдей грамматикэмрэ пэжырытхэмрэ хьэзыр ящIын къалэныр и гъусэу.
Iуэхур щекIуэкIар 1936 гъэрщ. 1937 гъэм Ленинград ягъэкIуа щIэныгъэлIхэм яхэта Борыкъуей ТIутIэ ягъэкIуэдауэ щытащ, 1957 гъэм тралъхьа пцIыр трахыжащ. Къэбэрдей алыфбейр кириллицэм трагъэхьа нэужь, ТIутIэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIат: «Школхэм папщIэ псалъалъэ», «Книга для чтения», «Къэбэрдей грамматикэм и IуэхукIэ». Къэбэрдей алыфбейр егъэфIэкIуэн Iуэхум адэкIи пащащ.