Кулэрэ Лацэрэ

Мы таурыхъыжьыр къэзыIуэтэжа ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэса Щоджэн (Доткъул) Лауцэ ( и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) и бынхэр щIипIыкIащ адыгэ IуэрыIуатэм.
«Таурыхъ къэс пэж гуэр зэрилъабжьэр хьэкъщ», - жаIэ. Апхуэдэщ Лауцэ къиIуэтэжауэ щыта мы хъыбарри. Мыбы къыхощ цIыхухэм я зэхущытыкIэр.
«Кулэрэ Лацэрэ жари хъыджэбз дахитI псэуащ пасэ зэманым. ТIури мазэ нэгурэ набдзэ фIыцIэу, я щхьэц Iувышхуэхэр быдэу ухуэнауэ я плIэм дэлъу, хуабжьу хъыджэбз зэкIужхэт.
Кулэ зи пхъур адыгэпщт, зыхуей зыгъуэтт. Лацэ лъхукъуэлIт зи пхъур, къалэжьIамэ яшхыжу арат. Зэрыдахэм къыщынэмыщIауэ, IэщIагъэфI иIэт Лацэ. Зытеплъа цIыхум хуэфIыпсу щыгъын идыфырт. Адыгэ цей щIынми хуэIэзэт. Кулэ шыпхъуибл иIэт, езыр нэхъыжьу. Дэлъху иIэтэкъым.
Лацэ дэлъхуибл иIэт, ауэ шыпхъу иIэтэкъым. И дэлъхуиблым щIым намыгъэсу ягъафIэрт, и щытыкIэ дахэм, и зэпIэзэрытагъым псори къыдихьэхырт.
Кули и адэ пщым, дауи, игъафIэрт, гугъу зыкIи иримыгъэхьу, зыхуей игъуэту ипIат. Махуэ псом гъуджэм зигъэдахэу кIэрытт. Ар бзаджэт, щхьэзыфIэфIт. Арауэ къыщIэкIынт абы и шыпхъу нэхъыщIэхэм я дэкIуэгъуэ къэса пэтми, зыри къыщIэмыупщIэу, ямышэу къыщIэнар. Ар хуабжьэу зэгуэпырт, зэгуэудырт езыр зыхуей щIалэр Лацэ зэрыщIэупщIэм щхьэкIэ икIи быдэу мурад ищIащ хъыджэбзыр и натIэм иригъэкIыну.
 Гъэмахуэпэт. Мэзым щIымэракIуэр щыкуэдт. А зэманым хабзэт унагъуэ къэскIэ шыгу зэщIащIэу, гъуэмылэ куэди къащтэу, щIалэхэр, хъыджэбзхэр зэгъусэу мэракIуэщыпэ мэзым кIуэууэ. Пшынауэ-бэрэбэнауэхэр здашэрт. Унагъуэ къэс пщыIэ ящIырти, махуэкIэ мэракIуэ къащыпу, пщыхьэщхьэ къэс джэгу ящIу, я нэгу зрагъэужьу тхьэмахуэкIэ щыIэт. А хабзэр къигъэсэбэпыну мурад ищIащ Кулэ. ИкIи и пщылI щIалэ ГъулукIэ зэджэмрэ абырэ псомкIи зэгурыIуащ. Унагъуэхэм хъыбар ирагъащIэри, щыдэкIыну махуэр къэсащ.
Кулэ фитоным ист, зигъэщIэрэщIауэ. Гъулу и гущхьэтест. Лацэ и дэлъхухэм зэщIащIа гуимэм ист. Хъыджэбзхэр махуитIкIэ пщэфIат, загъэхьэзырат. Махъсымэр чейм итт. Лыгъур гъэжьа, лэкъум, чыржын, хьэлIамэ сыт жыпIэми, куэду гъуэмылэр къыздащтат. Ауэрэ джабэм нэсахэщ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуати, Кулэ унафэ ищIащ шыгухэр щIатIыкIыу, къыздэсам деж пщыIэхэр щагъэувыну.
Псори зэфIэкIа иужькIэ, джэгур ирагъэжьащ. А джэгу макъыр зэхэзыха, къуажэ гъунэгъум щыщ, КъэсейкIэ зэджэ щIалэр къэкIуащ. Ар къудант, зэкIужт. ЩIалэр къэфэну утыкум къыщихьэм Кулэ гупым къыхэкIри, уват къыдэфэн и гугъэу, ауэ абы къыдишар Лацэт. А тIур зэкIурт. Дахэ дыдэуи къафэрт. Джэгум хэтхэр псори еплъырт, «зэрызэхуэфащэ мы тIур», - жаIэурэ Iэгу хуеуэрт. Кулэ зэгуэуду щытащ, щыхуэмышэчыжым: «Псори дешащ, куэдщ иджы», - жиIэри, джэгур икъутэри: «Фыгъуэлъи фыжей!» - яжриIащ. Ар пщым ипхъут, абы емыдаIуэу хъунутэкъым. Къэсей шым шэсыжри, и къуажэмкIэ иунэтIыжащ.
Кулэрэ Лацэрэ зы пщыIэм щагъэгъуэлъат. Жэщыку нэсауэ, Кулэ пщыIэм къыщIэкIащ. Абы Гъулу шыгу зэщIэщIам ису къежьэу щытт. ЗэрызэгурыIуам хуэдэу, ерыскъы IэфI куэду, махъсымэр гуащIэу шыгум иригъэувэри, Кули къитIысхьэжащ. Iэуэлъауэншэу, мэзымкIэ яунэтIащ абыхэм.
Гъуэт нэфкIэ еджэу а мэзым щыпсэурт мэзылI шынагъуэ гуэр. Абы нэхъапэм цIыхуфэ теплъэ иIэу щытащ, ауэ хъунщIакIуэ кIуауэ и нэ лъэныкъуэр кърахури, икIи нэфу, икIи бацэу Iуплъэгъуей хъуат. ЦIыхухэр къыщышынэу, зыщадзейуэ щыхъум, мэзым бгъуэнщIагъ унэ щищIауэ, цIыхухэм къазэрыхыхьэ щымыIэу псэууэ арат. Ар зекIуэ ежьэрти, тхьэмахуэ хуэдэкIэ къэтт, шхын, зыхуей хьэпшып хуэдэхэр езым къигъуэтыжу арат. ЩакIуэ кIуэрти, мэз бжэн къиукIырт, ар игъавэрт, игъажьэрт. Мис а Гъуэт нэфым ирагъэшэну арат Лацэ, зэгурыIуауэ здэкIуар абы и дежт Кулэрэ Гъулурэ. БгъуэнщIагъым нэсахэщ. Гъулу абрэмывэм къыхэщIыкIа бжэм ину теуIуащ.
- Гъуэт, бжэр Iух, - жиIэурэ маджэ. Абы и фочыжьыр къищтэри, щIэкIыпIэмкIэ къыIухьат.
- Гъуэт, дэ уедгъэфэну, удгъэшхэну дыкъэкIуащ, умышынэ, - жиIащ Гъулу. 
МэзылIым бжэр Iуиудри, и хьэщIэхэр щIигъэхьащ. Махъсымэми ефащ, и ныбэр изу шхащ, тIэкIу къэжанауэ Кулэ хуенэцIэкIыу еплъащ. 
- Сэ нэхърэ нэхъ дахэ къодгъэшэну аращ дыкъыщIэкIуар, Гъуэт, накIуэ иджыпсту ди гъусэу, нэху мыщ щIыкIэ, - жиIащ Кулэ.
МэзылIыр къраигъэтIысхьэри, я IуащхьэмкIэ къаунэтIыжащ. Кулэ пщыIэм хуэму щIыхьэжри, Лацэ бгъурыгъуэлъхьэжащ. Лацэ жейрт и жьэгъху дахэр мазэм пэлыду. Мазэм щхьэхыпэу и бзийхэр  пщыIэм щигъэджэгурт. Хьэуа къабзэм, удз гъэгъахэм я мэ гуакIуэм чэф уащIым хуэдэт. 
Иджыри къэс жеям хуэдэу, Кулэ хущхьащ, зиукъуэдийуэрэ Лацэ теуIуащ: - 
Лацэ, Лацэ, накIуэ, дыщIэгъэкI, - жиIэри. Лацэ къэтэджри, дыщIэкIащ, мо здэшынэм, кIэкуакуэу. 
- Сэ сыхуейкъым, мыбдеж сыныщожьэнщ, - жиIэри, жыгым кIэрыуващ. НапIэзыпIэм Гъуэт нэфыр жыгым къыкъуэIэбыкIри, Лацэ и жьэр щиубыдыкIащ. Бзу къиIэтауэ къыщымыхъуу, шыгум иридзэри, мэзым щIэлъэдэжащ.
Зэман дэкIауэ, Кулэ кIийуэ гупым къахэлъэдащ.
- Уай, уай, Лацэ яхь, - жиIэу. Псори къыщолъэт, мэгузавэ, къажыхь, зэрызохьэ. 
Лацэ и дэлъхуиблыр Кулэ къыбгъэдэлъэдащ: «ДэнэкIэ здахьыр?» 
Кулэ здахьа лъэныкъуэр мыхъуу, адреймкIэ и Iэр ищIащ: «МобыкIэ», - жиIэри. Зэкъуэшиблыр абыкIэ щIэпхъуащ, адрейхэри абы и ужьым иту ежьахэщ, Лацэ къагъуэтыжу къашэжын я гугъэу. Ауэ жэщ хъуащ, и лъэужь лъэпкъ къамыгъуэтауэ псори къыIухьэжащ нэщхъейхэу, езэшауэ, мэжэлIауэ. ЩIалэхэм шыгухэр зэщIащIэжу щIадзащ. Хъыджэбзхэм хьэпшыпхэр зэкIуацIэлъхьэжырт, щхьэж и унэ екIуэлIэжыну.
Гъулуи фитоныр зэщIищIэжри еджащ Кулэ: «НакIуэ, дыкIуэжынщ», - жиIэри.
- Мохэр дауэ хъуну? – и щхьэр ищIащ Кулэ, нэщхъей дыдэу зэхэт зэкъуэшиблым я дежкIэ.
- Пэжу, фи адэ-анэм сыт жаIэнур? Зы шыпхъу закъуэ фиIэмэ, фхуэмыхъумауэ, дауэ фызэрыкIуэжынур? – къеупщIащ абыхэм Гъулу. ЩIалэхэм нэхъри я щхьэр ирахьэхащ.
- ТщIэнури? – асыхьэтым къигупсысам хуэдэу, жиIащ Кулэ, - сэр нэмыщI си адэм пхъуибл иIэщ. Ар апхуэдэу гузэвэнукъым. Яхьар сэрауэ псоми яжефIэ. Сэ Лацэ и щыгъынхэр щыстIэгъэнщи, фи деж сынэкIуэнщ, Лацэр сэра хуэдэу. Дэ дызэщхьщи, гу лъатэнукъым. Ауэ къызжиIакъым жывмыIэж, псоми вжызоIэ, а щэхур дунейм къытезыгъэхьэм хуэзгъэгъунукъым. Си адэм хъыбар евгъащIэ, сызыхьар щIалэфI гуэру, сэ сыхуейуэ сыкIуауэ, зыри къыскIэлъымыкIуэну. КъывгурыIуа?! – щIэупщIэжащ Кулэ.
- КъыдгурыIуащ, - зыжьэу зэдыжаIащ псоми.
Кулэ Лацэ и щыгъынхэр щитIагъэри, зэкъуэшхэм я гуимэм итIысхьэри, къуажэмкIэ къаунэтIыжащ. Абыхэм нэгъуэщI хэкIыпIэ яIэтэкъым. Кулэ яхьащ щыжраIэм пщыр хъийм икIауэ къэгубжьат: "ИгъащIэм къызэдэIуакъым, яхьамэ - яхьащ, езыр щыхуейкIэ гъуэгу махуэ, икIи сыкIэлъыкIуэнукъым, икIи сылъыхъуэнукъым, си пхъуами си пхъужкъым!» - жиIэри.
МыдэкIэ мэзылIым Лацэ цIыкIур гъуэгыу бгъуэнщIагъыжьым щIидзэри, абрэмывэр IуигъэукIуриежащ. «Умышынэ, си тхьэIухуд цIыкIу. Мыбы пшхынури псы узэфэнури щIэтщ, сэ тхьэмахуэ дэкIмэ сыкъэкIуэжынущ, ди лэгъунэр схуэпэну», - жиIэурэ и шым шэсри, зекIуэ ежьащ Гъуэт нэф. Лацэ бгъуэнщIагъым икIэ пэшым мывэшхуитI щIэлъым я зэхуакум зыкъуигъэпщкIуащ, къалъыхъуу зыгуэрым къигъуэтыжу яшэжын и гугъэу къыкъуэплъу.
МэракIуэхьэ кIуахэри къащыпа щымыIэу къуажэм къыдыхьэжащ. Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ жыхуаIэм хуэдэу псори я унэ екIуэлIэжахэщ, Кулэ нэмыщI.
Зыгъэхьэзырар АСЛЪЭН Каринэщ.
Поделиться:

Читать также: