Накъыгъэ мазэр гуфIэгъуэ махуэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Абыхэм ящыщу, дауи, нэхъ лъапIэ дыдэр ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъурт. Сыт щыгъуи хуэдэу, езым и увыпIэр иIыгъыжащ Накъыгъэм и 1-ми. Ауэ яхэтащ абыхэм ялъэмыIэсми, къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа нэгъуэщIхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, мы гъэм накъыгъэм и 15-м илъэс 90 ирикъуащ Москва и метрополитеныр къызэрызэIуахрэ. Щыхьэрым егъэщIылIами, ар а зэманым ныбжьыщIэ Совет Союзым и дежкIэ Iуэхушхуэу щытащ.
ИпэжыпIэкIэ метрор лажьэу яутIыпщат мазаем и 6-м икIи мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ мафIэгухэм цIыхухэр гуп-гупу хэчыхьауэрэ къыщрашэкIырт. Мэлыжьыхьым и 22-м абы къыщижыхьыну мурад ищIащ Сталин Иосиф. Вождым и япэ щхьэгъусэ Екатеринэ и шыпхъу, оперэ уэрэджыIакIуэ Сванидзе Марие къызэриIуэтэжамкIэ, а махуэхэм ягъэлъапIэрт нанэ папщIэу Сталиным ипхъу Светланэ зи нэIэ щIэт Бычковэ Александрэ къыщалъхуа махуэр. А зэманым псоми я бзэгупэм пылъ метром псалъэмакъыр нэсащ. Светланэ жиIащ метром къыщижыхьыну зэрыхуейр. СССР-м гъущI гъуэгухэмкIэ и цIыхубэ комиссар Каганович Лазарь билети I0 (а зэманым зэрызекIуэр абыкIэт) къахуигъуэтащ. Ауэ, зыри пэмыплъауэ, вождми жиIащ гъусэ захуищIыну зэрыхуейр. Абы псори къикъутэж пэтащ! Къэралым и Iэтащхьэм и дежкIэ шынагъуэт цIыху Iувым яхыхьэныр. Ар гурагъэIуэну хэтащ, арщхьэкIэ мыдрейр ящыщтэкъм зи мурадыр зыхъуэжхэм.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Иосиф къыщыхутащ метром. Кърым утыкум и деж щехри, цIыхухэр зэрыз мафIэгум итIысхьащ. Мотор вагоныр хуит хуащIати, зыкъомрэ кIуащ пIейтеиншэу. АрщхьэкIэ вокзалымрэ эскалаторымрэ еплъыну къыщикIахэм зэрызехьэ къэхъуащ. Сталинымрэ и гъусэхэмрэ яужь къиуващ «Ура»-кIэ ихъуреягъыр щIэзыгъанэ гупышхуэ. Милиционерхэмрэ щхьэхъумэхэмрэ къэсащ. Сталиныр нэжэгужэт, псомкIи еупщIырт метром и унафэщIым, къыздикIар ямыщIэу занщIэу къэхутам. Гупыр кIэрыкIакъым. ЦIыхухэр-балигъхэри ныбжьыщIэхэри - Сталинымрэ и гъусэхэмрэ зэрыс вагоным кIуащ. ЦIыхухэр Iув зэрыгъэхъуат. Иосиф, уеблэмэ, жьэхэуэри, зы щIалэ и пыIэр щхьэриудащ. Къищтэжри, къыхуигъэгъуну елъэIуащ, епсэлъащ. АрщхьэкIэ мыдрейм езым нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту зыкъылъитэжакIэт Сталиныр къызэрепсэлъам къыхэкIыу.
Накъыгъэм и I5-м пщэдджыжьыр сыхьэти 7-м метром и кассэхэр зэIуахащ. А махуэм цIыху мин 380-м щIы щIагъ мафIэгухэмкIэ къакIухьащ - Москва щыпсэухэми, и хьэщIэхэми.
Милицэр ткIийуэ кIэлъыплъырт хабзэхэр зэрагъэзащIэм. Абы гу лъитэрт къэхъу Iуэху жьгъейхэми. Зы станцым и деж эскалаторым щыщIичат цIыхухъу гуэрым и хьэфэ вакъэм и лъэгури, автомашинэкIэ и унэм ирагъэшэжащ. Ауэ ардыдэр цIыхубзми къыщыщыщIым а эскалаторыр ягъэувыIащ.
Чекистхэм ятхырт метром теухуауэ цIыхухэм жаIэхэр. Ауэ ягу иримыхьхэр жэуапым ирашэлIэн муради яIэтэкъым: къазэрыщыхъур зрагъэщIэну хуей къудейт. «Эскалаторым сыщыбгъэдыхьам сышынат, ауэ шынагъуэ гуэри щыIэтэкъым - уджалэми, игъэузынутэкъым. УбыдыпIэ дахащэхэр къыббгъурытт. «Езы метром и кIуэцIыр апхуэдизу гъэщIэрэщIащи, си фIэщ хъуркъым абы ещхь дуней псом тету». «Иджы сылIэми содэ, метрор слъэгъуащи», «Тыншыгъуэ псори иIэщ, ауэ ахэр зыми щыщкъым къуит дэрэжэгъуэм елъытауэ».
НКВД-м къыIэрыхьэрт ухуэныгъэщIэм теухуауэ хамэ къэрал газетхэм я корреспондентхэм къытрырагъадзэхэри. Мис, псалъэм и хьэтыркIэ зыр: «Дыгъуасэ Каганович цIыху къызэрыгуэкIым хуэдэу метрополитеным ирызекIуащ. Абы дэнэ щIыпIи Iэгуауэ инхэмкIэ къыщыIущIэрт, а щхьэусыгъуэм къыхэкIыуи мафIэгухэр къызэтрагъэувыIэн хуей хъурт,- жиIэрт Инджылызым къыщыдэкI «Таймс» газетым и лэжьакIуэм. - Абы къегъэлъагъуэ Москва щыпсэухэм метрополитеныр езыхэм яйуэ къызэралъытэр икIи, мы ехъулIэныгъэр ягъэлъапIэкIэрэ, ахэр вождхэм зэракъуэтыр».
«Ньюс Кроншэл» и репортерым телъыджэ щыхъуауэ итхырт: «УзыIэпамышэнкIэ Iэмал иIэкъым зи блынхэр мраморкIэ къищIыкIа станц I3-м, нэхэм къыщIэцIууэ уэздыгъэ лъагэхэм, узыIуплъэ псоми я дахагъэм».
АрщхьэкIэ, нэхъ мащIэми, мыарэзыхэри щыIэт.
«Къэралым метрор лэжьакIуэхэм я пщIэнтIэпскIэ къалэжьа ахъшэкIэ иухуащ. Абы къыхэкIыу пщIэншэу дыкъришэкIын хуейщ, -жиIэрт шхапIэхэм ящыщ зым и Iэнэзехьэм. Километр зытIущым щхьэкIэ кIэпIейкIэ 50 пIах. Займэхэм драхулIэу Iэ трыдагъэдзэни къащыгъупщэркъым!».
А псалъэхэм пэж хэлът. ЛэжьакIуэхэм а зэманым ику иту къалэжь сом 250-м дежкIэ кIэпIейкIэ 50-р егъэлеиIуат. Абы къыхэкIыу мыгувэу а бжыгъэр кIэпIейкIэ 40-м нэсу кърагъэхащ, иужькIэ кIэпейкIэ 30-м трагъэуващ.
«Ахъшэ ептмэ, дэтхэнэ делэми метро хуэщIынущ. ЦIыхухэр псэуныгъэкIэ гугъу йохь, ауэ абыхэм метро ящI. ЯпэщIыкIэ цIыхухэр ирикъуу вгъашхэ, фхуапэ»-гъумэтIымэрт «Победа Октября» фабрикэм и лэжьакIуэ цIыхубзыр.
Ауэ апхуэдэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэт, ухуэныгъэ гъуэзэджэм щыгуфIыкIхэм нэхърэ. ИкIи а дэрэжэгъуэр зэманхэми къапхрыкIащ.