Агънокъуэ Лашэ (и цIэ дыдэр Адэлджэрийт, ауэ и анэр ЛашэкIэ еджэурэ абы къытенащ) ди хэкум и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыхуу щытащ. Ар 1851 гъэм Дохъушыкъуей (иджы Старэ Шэрэдж) къуажэм къыщалъхуащ. И адэр пасэу лIэри и анэр зыдэкIуэжа унагъуэм дэщIыгъуу Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ (иджы Шэрэдж Ищхъэрэ) къыщыхъуащ Лашэ. Ерэ фIырэ зэхищIыкI щыхъум къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыхукIэ Агънокъуэр хуэлэжьащ къызыхэкIа цIыхубэм и щэнхабзэр къэIэтыным, абы къафэ макъамэхэр, къебжэкI хьэлэмэтхэр зэхилъхьэрт, езыр пхъэцIычауэ Iэзэт.
ДжэгуакIуэ щэджащэм жиIауэ къэнахэм ящыщ куэд зэхуахьэсыжащ IуэрыIуатэджхэу Иуан Хъусен, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур сымэ. Агънокъуэм и творчествэм куэд къызэщIеубыдэ - псалъэрэ макъамэкIэ къиIуэтам ищIыIужкIэ, и джэгукIэхэри, и къэфэкIэри, цIыхум яхуищIа Iуэхутхьэбзэхэри, и дуней тетыкIэри хохьэ джэгуакIуэм и гуащIэм. Агънокъуэ Лашэ 1918 гъэм дунейм ехыжащ.
Нало Заур и тхыгъэм фIы дыдэу къыщыгъэлъэгъуэжащ Агънокъуэм и зэфIэкIыр зыхуэдэр.
«Агънокъуэ Лашэ и нэгу щIэкIащ хэкум урыс хабзэр зэрыщыувар, тепщэгъуэр пщыжь-уэркъыжьхэм хуэмурэ яIэщIэкIыу пащтыхьым и къулыкъущIэхэм зэраIэщIыхьар; и нэгу щIэкIащ пщылIыпIэр, пщылIыр зэрыIуагъэкIар, пащтыхьыр зэрытрадзар, тепщэгъуэр бейм къыIэщIатхъыу гуащIэрыпсэум яубыду зэрыхуежьар — нэгъуэщIу жыпIэмэ, Агънокъуэхэ я лъапсэр къызэрежьэрэ зэрылъэпкъыу ямылъэгъуам хуэдиз!
1974 гъэм илъэс 94-рэ зи ныбжьа Iэщын Темыркъан къиIуэтэжырт: «Еуэри, зы махуэ гуэрым Агънокъуэм деж зы выгу къыдохьэ, зылIрэ зы фызрэ ису, гъэлъэхъу пшэррэ фадэ-пIастэрэ илъу. И благъэкъым, и цIыхугъэкъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, КIахэм къикIат. Лашэм и ныбжьэгъу, гъунэгъухэр къраджэри, ешхэ-ефэ ящIащ. ЦIыхубзыр къыщIэкIуа щхьэусыгъуэр абдеж къиIуэтэжащ: Агънокъуэм и щIалэгъуэу кIахэпщ гуэрым деж щыджэгуу здэщыIэм, зы хъыджэбз зыкъыхуегъазэри къочэнджэщ: «ЩIалитI къысщIоупщIэ - зыр щIалэ зэкIэлъыкIуэ щхьэкIэ, лIыщIэу къекIухь; адрейр щIалэ бей щхьэкIэ, сфIызэкIэлъымыкIуэщ: дауэ сщIыну?» - жеIэри. «Уи псэм еупщIыжи къыхихым дэкIуэ! - жиIащ, жи, джэгуакIуэм. - ФIы иIэми Iей иIэми IэфI пщыхъунщ. Модрейр и адэ-анэм къазэрыхэкIыу Iэщхьэ гъур цIыкIуу къэнэжынщ». Хъыджэбзыр щIалэ хуэмыщIам докIуэри, къулейр къулейсыз мэхъу, къулейсызыр хуэщIауэ псэу мэхъу. Насып зыдагъуэт. ЦIыхубзыр фIы зыщымыгъупщэхэм ящыщти, насыпым хуэзыузэщIам деж къокIуэ, берычэт бесын жриIэну, игъэфIэну, дэлъху ищIыну. ДжэгуакIуэм и псалъэм цIыхуитI я насып къыдэкIуэу абыкIэ зэфIэкIакъым, атIэ хъыбару дунейм къытенащ, Iущынур игъэIущрэ гуфIэнур игъэгуфIэу.
ГурыIуэгъуэу зэрыщытщи, Агънокъуэр еджакъым урыскIи, хьэрыпкIи, адыгэкIи: пщылI еджэ хабзэт, жылагъуэр щыжэхьилым деж?! Адыгэ тхыбзи щыIагъэххэкъым абы и зэманым. ЩыIар IэщIагъэлIхэр - гъукIэхэр, пхъащIэхэр, фащIэхэр, дыщэкIхэр, джэгуакIуэхэр… абыхэм я IэщIагъэм хуагъасэу арати, Лашэ апхуэдэ гъэсакIуи иIакъым - аращ ар «пшынэуэкIэ мыщIэуи» къыщIэнэгъар. Ауэ акъылрэ талантрэ иIэу къалъхуати, адрей псори езым и гуащIэкIэ зыIэригъэхьэжащ. ЗыIэригъэхьэжар сыт, жаIэнкIэ мэхъу, щIэныгъэ щыщымыIакIэ? Сыт щIыщымыIар? «Ерыжыбыр» зыщI фочыщIэм, маисэ зыгъажьэ джатэщIэм фIэщщIыгъуейуэ щIэныгъэшхуэ яIэт. ДжэгуакIуэри IэщIагъэлI хъун щхьэкIэ щIэныгъэфI хуейт - уэрэд усыкIэм, макъамэишыкIэм, къафэкIэ зыгуэр гъэлъэгъуэным, цирк джэгукIэ гуэрхэм, лъэпкъым и тхыдэм, и хабзэм, пшынэ зэмылIэужьыгъуэхэм, нэгъуэщI Iэджэхэми хуэIэижьу! УэрэдгъэIуныр джэгуакIуэ IэщIагъэт, ауэ уэрэдым и тхыдэр екIурэ-ещхьу зымыIуэтэжыфым зыгуэри пхуедэIуэнутэкъым; пшынэуэнри джэгуакIуэ IэщIагъэт, ауэ уи пшынэм лъэр щIимыгъэлъэтмэ, зыгуэрми и джэгу уриджэнутэкъым… Ауэ ахэр зрагъаджэ щIэныгъэ хъуатэкъым иджыри, зыхуагъэса IэщIагъэу арат.
Ещхьыркъабзэу, щIапщэ уэрэдхэм къыщегъэжьауэ хъуэрыбзэмрэ псалъэжьхэм нэс - псалъэ щэнхабзэ губзыгъагъэу адыгэм зэтралъхьар гукIэ умыIыгъмэ, фэ къыуаплъыххэнутэкъым цIыхум. Ауэ Агънокъуэм кIуэрыкIуэм тету къыжьэдэлъэту щыта усэхэм хуэдэ зэхэплъхьэн щхьэкIэ, щIэныгъэри гъэсэныгъэри мащIэт - университет къэзыуха, дунейпсо литературэмрэ философиемрэ (нэгъуэщI Iэджи къыхэтыжу!) щыгъуазэ нобэрей усакIуэхэм ар зыхузэфIэкIын яхэтми зыщ е тIущ. Абы талантышхуэрэ акъыл узэщIарэ жеIэ. Ауэ нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэ ди усакIуэхэр я фIэщу хуежьэкIи кIуэрыкIуэм тету апхуэдэ усэ импровизацэ яхуэщIыххэнукъым… Мис абдежращ пасэрей джэгуакIуэ усэкIэмрэ иджырей литературэ усэкIэмрэ щызэтекIыр. Иджырей усакIуэхэм къащхьэщыкIыу, абыхэм зы хуитыныгъэ яIэт - IуэрыIуатэм ууей-сысей жыхуаIэр зэхэхуауэ зэримыщIэм и фIыгъэкIэ, хэт и гупсыси, хэт и сюжети, и образи зрахьэлIэ, къагъэсэбэп хъурт. Уеблэмэ, апхуэдэхэм деж, усэщIэр яус мыхъуу, адэкIэ-мыдэкIэ къыхэкIа едзыгъуэрэ формулэу щызэпкъралъхьи Iэджэрэ къэхъурт - ари хабзэ екIуэкIым игъэхьэрэмтэкъым. ИтIани ар япэ къэсым къахуэщтэ Iуэхутэкъым: абы упэлъэщын щхьэкIэ цIыхур зекIуэным, къуалэбзур лъэтэным зэресам хуэдэу, усэ гъэпсыкIэми гупсысэкIэми хуэIэрыхуэ ухъун хуейщ. Импровизацэм хуэIэижь литературэм хуэлажьэ усакIуэхэм зэзэмызэ къахокI, ауэ ар зи IэщIагъэ дахэу щытар аэдхэр, скальдхэр, акынхэр, ашугхэр, джэгуакIуэхэрщ.
Импровизацэм къыхуигъэщIауэ щыта нэхъ Iэзэхэм ящыщт Агънокъуэр. Абы гъыбзэ иусу щытауэ жаIэжыркъым Абазэ Къамбот е Сыжажэ Къылъшыкъуэ хуэдэу. Лашэ и усыгъэу къагъуэтыжар псори гушыIэрэ лирикэ гупсысэрэщ. «ХьэпцIэ Алий и уэрэдым» хуэдэ зырызхэм я гугъу умыщIмэ, адрей усэ «цIыкIухэр» - псалъэхэр, хъуэхъухэр, къебжэкIхэр - зы къэмынэу кIуэрыкIуэм тету къыIурылъэта защIэщ.
«ДжэгуакIуэ» щIыжаIэжыр джэгуным епхащи аращ. Джэгунри зэштегъэу къудейтэкъым, абы мэгъу къару хэлърэ фIы ирипщIэ е ириблэжь хъууэ къафIэщIырт иджырей цIыхухэм. ХьэгъуэлIыгъуэ, щIапщэ, вакIуэихьэж, тхьэшхуэгухьэж, хъуромэ - къинэмыщI дауэдапщэхэм я джэгухэри абы щыщти, къафэми, шыгъэджэгуми, ажэгъафэми хъер къраджэну я къалэнт. Ар щэнхабзэм и тхыдэр зыджхэм куэд щIауэ зэхагъэкIа Iуэхущ. Абы тегъэщIауэ шэч къытумыхьэжу жыпIэ хъунущ адыгэ джэгуакIуэхэми мэгъу къалэн яIэу къежьауэ: щIапщэм уэрэдрэ гушыIэкIэ сымаджэр (фэрэкI зытетхэр, фэбжь зытелъхэр, блэ зэуахэр, къинэмыщIхэри) ягъэхъужырт; хьэгъуэлIыгъуэми хэтхэр ягъэджэгу-ягъэдыхьэшхыурэ насып къраджэрт…
Агънокъуэжьми и лъабжьэр абы къыщежьэрти, джэгунымрэ гъэджэгунымрэ IэщIагъэ хуохъу. Дэ нобэ ар щIэдгъэлъапIэ усэ уахътыншэхэр а Iуэхум къыпыщэща къуэщIий къудейуэ аращ. И IэщIагъэ нэхъыщхьэу абы къилъытэжу щытагъэнур къафэр къигъафэу, гупыр игъэдыхьэшхыу джэгу утыкум итынымрэ ешхэ-ефэм уэрэд яжриIэу хьэщIэщым щIэсынымрэщ. ДжэгункIэ Лашэ къыбгъурыувэн а лъэхъэнэм Къэбэрдейм исакъым, жаIэ».