ЦIыхубэ усыгъэм и лIэужьыгъуэхэр

«Лирикэ» псалъэр алыджыбзэм къыхэкIащ. Абы «макъамэ» къикIыу аращ. Лирикэр - ар гухэлъ къэзыIуатэщ, абы и купщIэр цIыхум и гурыщIэрщ, и гупсысэ щэхущ. 
Нэхъ пасэ дыдэу къэунэхуа лирикэ усыгъэхэм къахэщыж бэм я Iуэху лъагъукIэр, я хъуэпсапIэхэр, лъэпIэныгъэхэр. Ар хыдолъагъуэ адыгэ уэрэдыжьхэм, псалъэм папщIэ, «Джылахъстэней жэщтеуэм», «Нартыгу и уэрэдым», «Андемыркъан и уэрэдым». Мыбыхэм сыт хуэдизу лIыхъужь мотивхэр емыбэкIми, лирикэ пкъыгъуэ хэмылъу жыIэгъуейщ, хэлъ къудейкъым, атIэ гурыщIэ лъэщыр уэрэдым и джэлэсу щыжыпIэни щыIэщ: мы зи цIэ къитIуа уэрэдхэм наIуэу къыщыIуэтащ лIыхъужьым и гурылъхэмрэ абы и образ хэхамрэ.
 ЩIэныгъэлIхэу Веселовский А., инджылыз академик Баурэ М., франджы филолог Парис Гастон сымэ я къэхутэныгъэхэр зэкIуэлIэжыр зы Iуэхугъуэщ: лирикэм и къежьапIэр быдэу пыщIащ пасэрей цIыхухэм я дауэдапщэ Iуэхугъуэхэм – дунейм и къэхъукъащIэ мыгурыIуэгъуэхэм иращIэкI тхьэлъэIухэм, къафэм, мэгъу Iуэхугъуэхэм. Псалъэм папщIэ Баурэ М. етх «усыгъэр къафэмрэ пантомимэмрэ къапкърыкIыжауэ». Уэрэдым и зы пкъыгъуэр – сатырыр – къафэр щекIуэкIым деж, макъамэр къэзыгъэщI ежьущ. ИужькIэ а къафэр щымыIэми, макъамэмрэ ритмэмрэ щIэту къапсэлъыр усыгъэ сатырщ (поэтическая строка). А усыгъэ сатырыр езыр и щхьэ хущытыж пкъыгъуэ мэхъу. ЗэщхьэщокI мыпхуэдэ жанрхэу: Iэзэным ехьэлIа дауэдапщэхэр (тебжэкIэхэр, сымаджэм зэрепщэхэр); щакIуэ уэрэдэр; зэуэным ехьэлIа уэрэдхэр (зекIуэлIымрэ зауэлIымрэ ятеухуахэр); мэкъумэшым ехьэлIа уэрэдхэр (мэгъу мыхьэнэ яIэу ягъэзащIэ хабзэ дауэдапщэхэр: вакIуэдэкI, вaкIуэихьэж, тхьэгухьэж, н.къ.); лIам иращIэкI дауэдапщэхэр (гъыбзэхэр, бжэныр, н.къ.); хьэгъуэлIыгъуэ, лъагъуныгъэ уэрэдхэр; «ауаныщI», зэрыщIэнакIэ уэрэдхэр (хуэмыхум, къэрабгъэм, мыкIуэмытэм, н.къ.); гушыIэ уэрэдхэр, къебжэкIхэр, зэпэдзыжхэр; тхьэхэм зэрызэхуагъазэ, зэрелъэIу псалъэ зэпхахэр, усэ сатырхэр. 
Лиризм зыхэлъ усыгъэр Веселовскэм зэрыжиIэм хуэдэу, синкретизмэм иджыри къыхэмыщхьэхукIа эпоскъым. Ауэ мыхэр лирикэ нэскъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм иджыри къэIуэтэжыкIэ Iэмалхэр, абыхэм я пкъыгъуэхэр щыкуэдщ. Дауэдапщэм теухуа лирикэ усыгъэр нэхъыбэу уэрэдущ къызэрыгъуэгурыкIуар. Мыбдежым япэ итри дауэдапщэм теухуа усыгъэрщ, абы къыкIэлъокIуэ лирикэ уэрэдыр. Дауэдапщэ гуэрым ехьэлIа уэрэдхэм щытепщэр макъамэрщ. Пасэрей дыдэ поэзием рифмэм увыпIэшхуэ щиубыдыркъым. Пасэрей цIыхухэм псалъэм и къарур апхуэдизкIэ яIэтт, мэгъу мыхьэнэ иратти, абы и цIэ дыдэмкIэ уеджэныр «мыфIу» ялъытэ мэхъу. Адыгэхэм я дежи абы куэдрэ ущрохьэлIэ: «дыгъужь» - щхъуэжь, узыфэхэм: лышх, уз Iей, фэгъуазэ, щIыфашхуэ, фэрэкI. Дауэдапщэ уэрэдхэм, уеблэмэ ахэр къытегъэзэжын хуейуэ къегъэув. Мыбы и щапхъэхэм нэхъыбэрэ ущрохьэлIэ къебжэкIхэм. Псалъэ къытезыгъэзэжхэмрэ ахэр зэрызэрахъуэкI псалъэхэмрэ я мыхьэнэмрэ я ухуэкIэмрэ параллелизмэкIэ зэджэ сатырхэр къагъэщI: пщэдджыжь нур – пщыхьэщхьэ пшэплъ е кIыфI, махуэ уэфI – жэщ уфа, пшагъуэ. Пасэрей усыгъэм ущрохьэлIэ метафорэми, я пашэхэр, зэуэлI хахуэхэр ирырагъэлъапIэу, ауэ апхуэдэхэр епхауэ щытынкIэ хъунущ узыфэ гуэрхэми, лIэныгъэми.
Адыгэ лирикэм зиузэщIын щхьэкIэ, мыхьэнэшхуэ дыдэ яIащ уэрэдыжьхэм хъыбар къадэкIуэу зэрыщытам: хъыбарым къэхъуа-къэщIар къыщыIуэтэжагъэххэти, уэрэдыр нэхъ хуит хуэхъурт гурыгъу-гурыщIэхэр къэIуэтэным. Ауэрэ, поэзием нэхъ зиужьыху, щхьэ закъуэм и Iуэхухэми гулъытэ нэхъыбэ игъуэт мэхъур. ЦIыхубэм дежкIэ зэхуэдэ персонажу теплъэ хэха зимыIэм и пIэм къоувэр езым и гъащIэ гъуэгу щхьэхуэ ирикIуэж, адрейхэм ящыщу зыми емыщхьхэр. 
Лирикэ мотивхэм икъукIэ заIэтащ уэрэдыр бзылъхугъэм иусу е бзылъхугъэм и цIэкIэ гъэпсауэ къежьэ щыхъуам. ЛIыхъужь эпосым и уэрэд гъэзэщIэкIэ хабзэм тету, ауэ я купщIэкIэ текIауэ къожьэр «Гуащэгъагъ и гъыбзэр», «Гуащэмахуэ и тхьэусыхэр», «Хъымсад гуащэ и тхьэусыхэр». Мыхэр гуп зэхэсым щыжызыIэ хабзэр цIыхухъуу щыт щхьэкIэ, езы уэрэдхэр зытеухуари зи цIэкIэ къэIури бзылъхугъэщи, абы лIыхъужь уэрэдым и хабзэжьыр къекъутэ, щхьэзакъуэ гурылъхэр, гурыгъухэр япэ кърегъэщ, цIыхубэмрэ лъэпкъ псомрэ лажьэу яIахэр щхьэ закъуэ Iуэхум кърегъэкIуж.  
Гухэлъ уэрэдхэм гъуэгуанэшхуэ къызэпачащ. АпхуэдэцIэ зыфIэпщ хъунухэм ящыщу нэхъ пасэу къежьауэ хуэбгъэфащэ хъунущ «Нартыгу и уэрэд», «Азэпщ и къуэ Гъудэберд и уэрэд», «Мартинэ» хуэдэхэр. Бзылъхугъэм и цIэкIэ гъэпсахэм ящыщу абыхэм къагуоувэ Гуащэгъагъ, Гуащэмахуэ сымэ я уэрэдхэр, абыхэм хуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Хьэтхым и къуэ Мыхьэмэт и уэрэдри». А псоми къаIуатэ гурыгъур къызэрагъэнахуэр хабзэм нэхъ къызэрезэгърабгъум хуэдэурэщ. 
Лирикэ уэрэдхэм къадэкIуэу къожьэр макъамэ зыщIэмылъ жьэрыIуатэ усэ-экспромтхэр, икIи абы кърокIуэр усэбзэми зихъуэжыныр, абы и образ системэр нэхъ бей хъуныр. 3эхъуэкIыныгъэм кърикIуар къэппщытэмэ, усэбзэр прозэм хуеIэ хъуауэ аракъым, атIэ лIыхъужь уэрэдхэм я хэIэтыкIа стилистикэр икIуэтри нэгъуэщI атрибутхэр зи нагъыщэ стилыр утыкум къихьауэ аращ. ИкIи а щIэуэ къэхъуар щхьэзакъуэ усыгъэм нэхъ екIуалIэрти, литературэм, абы щыщу тхыбзэ поэзием и зы хэкIыпIэ ар хъуащ. Уэрэдыжьхэм лIэщIыгъуэ куэд къагъэщIащ. 
ЗэрагъэзащIэ елъытакIэ лирикэ-лIыхъужь уэрэдхэр егуэш гупитIу: гупым жиIэ уэрэдрэ зым жиIэ уэрэду. Гупым жаIэ уэрэдхэр сытым дежи цIыхухъу уэрэду зым къыхидзэу ежьу дыщIыгъуу, Iэмал имыIэу Iэмэпсымэ дыщIымыгъуми мэхъу. Закъуэм жиIэ уэрэдхэр ягъэзащIэ хабзэт цIыхухъухэми цIыхубзхэми, Iэмэпсымэ зыри дыщIымыгъуу. 
ЗэрагъэлъапIэ уэрэдрэ гъыбзэу егуэш гупымрэ закъуэмрэ жаIэ уэрэдхэр. ЗекIуэ уэрэдрэ фэеплъ уэрэду зэхэлът зэрагъэлъапIэ уэрэдхэр. Фэеплъ уэрэдхэр гупитIу егуэш лIыхъужь закъуэрэ лIыхъужьыбэрэ я фэеплъу. ЛIыхъужь закъуэм и фэеплъ уэрэдхэм ящыщщ хамэщI бийм езэуахэм папщIэ яусахэр. Гъыбзэхэр хохьэ гупми, закъуэми жаIэ уэрэдхэм. ЛIыхъужь зэрагъеиж уэрэдхэри хохьэ гъыбзэхэм. Лъэпкъ, жылагъуэ тхьэусыхафэхэри гупитIу егуэш. ГупиплIыу зэхэт уэрэдхэм ящыщщ лIыхъужь закъуэр зэрагъеиж уэрэдхэр. Унагъуэ, унагъуэ-дауэдапщэ уэрэдхэм хохьэ сабий зегъакIуэхэр. ЗэрыIэзэ уэрэдхэм хеубыдэ фэрэкI уэрэдхэр. 
Ян Лианэ, 
КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым
 Адыгэ филологиемкIэ и къудамэм и магистратурэм и I-нэ курсым щеджэ. 

Поделиться:

Читать также: