Нобэрей махуэри, ей,
IуэхукIэ согъакIуэри сэ.
Уэй мыгъуэ, си псэм и ныкъуэ,
ныжэбэрей жэщыр
сыткIэрэ згъэкIуэну мыгъуэ сэ?
Хъурян и уэрэд
Тхыгъэм псалъащхьэ хуэтщIа уэрэдыр псоми къацIыхужа къыщIэкIынщ. Лъэпкъ уэрэд хъужа мы пшыналъэм хуэдэу лъагъуныгъэм итхьэкъуа цIыхум и гурыщIэр къэзыIуэтэфа куэд зэхэтха къыщIэкIынкъым дызэрыт илъэсым.
Гугъуэт Заремэ лъагъуныгъэ темэм щыпхиша уэрэдыпкъми езым и жыпхъэ иIэжщ. БлэкIам къыхэнащ усакIуэр зыхэпсэукI «насып тхьэмыщкIэм» и къежьапIэри, и гъуазэри, и «гум и тхьэлъэIупIэри». Сыт-тIэ а псалъэ дыгъэлхэр ди фIэщ щIэмыхъупэр? УсакIуэм и псэлъэгъур езым и махуэкъэс гъащIэм зэрыхэмытым шэч дегъэщI а «уэр» куэд щIауэ къару зыщIэмылъыж дамыгъэ псэншэ хъуауэ:
Гухэлъ нэкъыфIэщIым сыкъыхокIиикIри,
Нэпсу ущыслъэщIкIэ, сэ соупщIыIуж.
Зытепсэлъыхь гухэлъыр «зэрынэкъыфIэщIымкIэ» усакIуэм езым зызыхуеумысыж, ауэ а шхийм емыпхъуэмэ, лъапэпцIийуэ зытет и дунейр зэпкърыхупэнущ. И зыумысыжыбзэмкIэ къуаншэмрэ захуэмрэ зэригъэзахуэу къыпфIощI. Ауэ и гухэлъыр зэм тхьэлъэIум, зэм гукъанэм, зэм нэпсым, зэм уэлбанэм хуэкIуэу щытми, ар уафэгъуагъуэм, бжьыхьэм, щIымахуэ уэсым, уэс налъэхэм, уэшх ткIуэпсхэм, жьыбгъэм иригъапщэми, а псалъэ гъэщIэрэщIахэр зыхуэгъэза цIыхур усакIуэм и нэгущIэт сурэту, гъащIэм иригъэша псэ уIэгъэм щIакъуэ башу къыздрихьэкI щхьэгъэпцIэж гурыщIэу аркъудейщ. Псэ зыIут цIыхум дагъуэ хубощIыф, мы сатырхэм я лIыхъужьыр цIэ зэриIэ къудейм еухей, усакIуэм и нэгущIэтхэр зэIигъэхьэну Iэмал иIэкъыми. Ар апхуэдизкIэ щыIэкъыми, зыми хуэмыдэж гъуазэ къызыхуэтыншэу къыщIоувэ усэрыIуатэм и нэгум, ауэ щыхъукIэ, гукъанэ хуищIын хуэдизу ицIыхуркъым:
Сэ сощIыр уи гур тхьэлъэIупIэ,
Аращ мы щIылъэм щынэхъ къабзэр.
Абы сришэурэ укIыпIэ,
КъысIуегъэкIэж си адэжьхэм я псэ…
ГъащIэ екIуэкIым зыкъызэрыхипхъуэтыкIыр наIуэу, мыбы жиIэну зыхуейр щхьэтечауэ къипсэлъыфыркъым, ауэ нэгъуэщIми тепсэлъыхьыну хуейкъым, и пащхьэм ит дуней пэжым Iумыплъэн папщIэ. ФIы къызэрыпэплъэм гугъэр хихыжащи, и нэхэр зэтрихын мэшынэ. Дунейр гъащIэщ, къалэнщ, зыгуэр къыщыбдагъуэ, нэхъыщхьэращи, уэ езым щызыдэбгъуэж, узэрымыдыгъэр, узэрымывагъуэр уи нэм къыщыщIэуэ гъуджэ гущIэгъуншэщ усакIуэм дежкIэ. Арагъэнщ и зэгъэпщэныгъэхэр егъэлеиныгъэкIэ щIэбейр. Дэ абы зыдигъэцIыхужу, гъащIэм дригъэкIужыну дыщогугъ. Ауэ щыхъукIэ, езы усэрыIуатэр къалэмым щIепхъуэр «и гъащIэ нэпцIым къыхэузыкI пэжыр» имылъагъун папщIэщ.
Зыгуэрым жыжьэу егуэкIуэнымрэ ар гъащIэ гъусэу уиIэнымрэ зэрызэщхьэщыкIым хуэдабзэу, цIыхур цIыху зыщIыж лъагъуныгъэ насыпыфIэм ещхькъым мы усэ Iэрамэм къыхэблыкI гурыщIэр. ИтIани, апхуэди щыIэщ, ари, хиубыдэм зыкъыщицIыхужу, къэIуэта хъуащ, и хъэтI, и тхыкIэ хабзэ иIэжрэ тхылъеджэм гунэс щыхъуу.
Мыдрейуэ, а усэрыIуатэр зыгъэпсалъэ усакIуэпсэр сыт хуэдэу пIэрэ жытIэу дызэупщIыжмэ, хабзэ ткIий зиIэ лъэпкъ литературэ псоми игъащIэми я гъуэгур зылъахъэ шыIэныгъэм дыIуоуэ. «Сэ схуэдэ дэнэ щыIэ» гупсысэм тещIыхьа нобэрей дунейр нэхъ гуащIэжщ, блэкIа лъэхъэнэхэм елъытауэ. ЦIыхур нэхъ хуит хъуа хуэдэу къыпфIэщI щхьэкIэ, усакIуэпсэр сыт хуэдэ зэмани нэхъ махэщ, бзэм и щытыкIэм ар нэхъри нэхъ псэлъэгъуей зэрищIыр къэбгъанэми. Зыгуэрым къыгурыIуэнуи гугъэжыркъым нобэрей усакIуэр. Зи дамэхэр гуэхуа пцIащхъуэ цIыкIум ещхьу, абы уафэр и нэгум хущIэхыркъым хуитуи зиIэтыфыркъым. Зэрылъэрымыхьыр зыщигъэгъупщэн папщIэщ абы къэкIуэну дахэмкIэ гъэщIэрэщIа, къалэни пщэрылъи зыхэмыт ныбжьыщIэгъуэ къабзэм псэкIэ зыщIыхуидзыр, нэху щыху и гупэкIэ къыщыкъуэкI дыгъэм и щIыбыр хуэгъэзауэ. ГъэщIэгъуэнращи, ар езы усэрыIуатэми къыгуроIуэж:
ПцIыщ. ГъащIэ ныкъуэр пцIыщ.
Къыщежьар мы си гъуэгур сщIэжкъым.
Мыбдежырщ Заремэ усэным къызэрыхуигъэщIар ди фIэщ зыщI гупсысэм дыщыхуэкIуэр. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт ЩоджэнцIыкIу Алий и Мадинэ е Лацэ, хьэмэ Печориным ирихьэжьа адыгэ пщащэ Бэлэ усэ ятхыфу, я гум щыщIэр къаIуэтэфу щытауэ. «Сэ цIыхубзхэм псэлъэкIэ езгъэщIащ», - жиIэри итхыгъащ Ахматовэ Аннэ. КIыщокъуэм и «Лъапсэри» къэдвгъэщIэж. Абы хэт Дэфэрэдж-дохутырым и диссертацэм и эпиграф-хьэдисыр: «ЦIыхубзыр къэралым и лъапсэщ. ЦIыхубзыр фIы хуэзэмэ, къэралри фIы хуэзащ, цIыхубзыр дэхуэхмэ, къэралри дэхуэхащ».
Усэ 67-рэ мэхъу нобэ зи гугъу тщIы Гугъуэт Заремэ и усэ Iэрамэр. Абыхэм ящыщу 9-р Хэкум, лъэпкъым, дунейм, адэ-анэм, сабиигъуэм ятеухуащ, адрей 58-р ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа «щымыIэну гухэлъ гугъум» топсэлъыхь. БлэкIа зэманым иува «щымыIэнум» усакIуэр и нобэм къытрихрэ хьэмэ абы къригъэлрэ? Жэщ-махуэр зэрызэхэт сыхьэт 24-р ерагъыу зыхурикъу цIыху балигъыр блэкIа зэманым къыщызыгъэхутэнкIи хъунур сыт, зыхэт гъащIэ Iыхьэр зэрыхьэлъэм нэмыщI? Пэжщ, абы епхьэлIэ къарур къозытыр а дыгъуасэм къыбгъэдэпха псэ узыншэрщ. Дунейм дызэрытет къудейм къегъэлъагъуэ гъащIэр езыр-езыру гъуэгу захуэм зэрырикIуэр. Ар тщызыгъэпщкIункIи хъунур зы закъуэщ: дызэрызыщыгугъыжам хуэдэу дыкъызыхущIэмыкIыжмэщ. ИпэкIэ узышапхъэ къарур къыщомэщIэкIым деж, блэкIар иджыпстум ущхьэщызыIэтыкI кхъухьлъатэ пхуохъу, абы ухуеймэ - романтикэ, ухуеймэ - ныбжьыщIэ гуращэ фIэщ. Езы усакIуэми IупщIыбзэу елъагъу усэбзэкIэ игъэщIэращIэ гурыщIэм ар къыщIыфIэIуэхупхъэ къару зэрыщIэмылъыр. ИтIани, пэрэ кIэрэ зиIэ сурэтым уи увыпIэр къыщыбогъуэтыжыф, зыгуэр къохъулIауэ уи фIэщ мэхъу, уи щхьэ пщIэ щIыхуэпщIыфын щхьэусыгъуэ къыхыбохыф, уигу зыщрохьыж. ЕкIуэкI зэманыр иджыри зэфIэкIакъым, абы и гъуджэр зэкIэ зэкIэрыпщIакъым, къутахуэ-къутахуэурэщ ар гъащIэм зэрыхэтри, и мыхьэнэфIыр нэхъ къыхэлъагъукIыгъуейщ. Хэдэн-щыуэным иджыри пэIэщIэ сабиигъуэр IэфI зыщIри арагъэнщ хэт и дежкIи. А гупсысэм къыкIэлъыкIуэну Iыхьэм зыщедгъэубгъунщ.