ЛъапцIэу нэхъ жыжьэ унос

Дахагъэри, губзыгъагъэри, гуапагъэри, гулъытэри, дэтхэнэ гурыщIэ куури цIыхум щигъэунэхур и Iэпкълъэпкъыр узыншэмэщ, абы къыхэкIыу, зи IэнатIэм напэ къабзэкIэ бгъэдэт дохутырхэм я пщIэр пIэткIэ, ар зэи егъэлеиныгъэ хъунукъым. Медицинэм и лэжьакIуэхэм я махуэм щIакIуэ кIэлъытщтэж щIыкIэу, нобэ Боткин Сергей и Iэгъуапэмс диплъэну дигу къэкIащ. 
 ДохутырыфIым псалъэ къудейкIэ узэригъэхъужыфым зыми шэч къытрихьэркъым. Ауэ абы нэхъри нэхъыфIыж щыIэу къыщIокI: къызэроIэзэм гу лъумытэу, уи узыншагъэр зэтезыгъэувэжыр. Апхуэдэ вагъуэ зырызхэм я щапхъэу урыс медицинэм и тхыдэм къыхолыдыкI зи цIэр нэхъыбэу «гъуэжь узым» епха Боткин Сергей (1832 - 1889). Императорым медицинэмрэ хирургиемкIэ и академием и профессору щыта дохутыр цIэрыIуэр терапевт, иужькIэ паталогоанатом зэрыхъуам и хъыбарри гъэщIэгъуэнщ. Санкт-Петербург а зэманым дэта уней школыр къиуха нэужь, и адэм гугъэ зыхихыжа сабий емыджэфыр математикэм зэрыхуэIэзэр къыжриIащ егъэджакIуэм, арати, физикэмрэ есэпымрэ щадж факультетым щIэтIысхьэну тригъэпсат. АрщхьэкIэ Николай Езанэм унафэ ткIий къыдигъэкIауэ къыщIэкIащ къэрал гимназием щемыджахэр медицинэ факультетым фIэкIа щIэтIысхьэну хуимыту. Апхуэдэу цIыхубэм я насып кърихьэкIри, щIалэр езы ухыгъэм дохутыр IэщIагъэм хуиунэтIащ. Боткиным и цIыху гъэхъужыкIэ Iэмалхэм уи жьэр ущIауэ укъагъанэ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, уи тэмакъыр узу узэкIуэлIа дохутырым: «Сыт хуэдэ уэрамра ущызекIуэ хабзэр? Мис мыпхуэдэм къыщыкIухь дяпэкIэ, адрейм жьы щIыIэ къыщопщэри, аращ сымаджэ узыщIар», - къыбжиIэу. Хьэмэ: «Мыпхуэдэ фильмым уеплъа? Уемыплъу хъунукъым». Адрейхэм нэхъ къахощ и лъабжьэкIэ къэтхь хъыбарыр. 
Зэгуэрым Боткиным хьэрычэтыщIэ бей гуэрым зыкъыхуигъэзащ, игъэхъужыну къелъэIуу. Сымаджэм и лъыр дэуеирейт (давленэ иIэт), фошыгъу уз къефыкIырт, езыри пшэрыщэт. Бгъэув уасэр уэстынщ, сыгъэхъуж закъуэ жызыIа лIым еIэзэну арэзы хъуащ Боткиныр, ауэ ткIийуэ иукъуэдиящ: узгъэхъужын ипэкIэ, лъапцIэу, щIакхъуэ гъур тIэкIу фIэкIа умыIыгъыу, ахъшэ къыздумыщтэу, Одессэ нэс лъэсу уокIуэ. Ар пхузэфIэкIмэ, дызэпсэлъэнщ. 
 Сыт ищIэнт лIым? Ахъшэ и куэдрэ пэт, узыншагъэ иIэжтэкъым. Арати, дохутырым зэриукъуэдиям хуэдэу, лъапцIэу ежьэри, мо ахъшэ иIыгъыну здыхуимытым, щIыхуэ къыщищтэ, гъуэгущхьэм щыIурих къыхуихуэу, километр минитIым нэс зэпиупщIри, Одессэ къыщыхуэзэну къэзыгъэгугъа Боткиным деж щIыхьащ. 
 «ИIэ иджы, къызэIэзэ», - зыхуигъэзащ дохутырым сымаджэм. «Уэ уузыншэ дыдэщ», - къыжриIащ Боткиным. Ерыскъы къызэрищэхун ахъшэмрэ зыгъэтыншынкIэ щригъэлей нэгузегъэужьыпIэхэмрэ зыпаубыда Iэпкълъэпкъыр и пIэ иувэжакIэт, масти хущхъуи хэмыту. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: