Налшык ЩIалэгъуалэм я унэм мэкъуауэгъуэм и 28-м гукъинэжу щагъэлъэпIащ ЩIалэгъуалэм я махуэр. Концертыр ирагъэкIуэкIащ Громов Денисрэ Благодарная Каринэрэ.
Пшыхьыр Урысейм и ГимнымкIэ къызэIуаха нэужь, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым къеджащ республикэм и Iэтащхьэм щIалэгъуалэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм. Абы итт:
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр ди къэкIуэнур зыхуэдэнур зэлъытахэрщ. Хэкур егъэфIэкIуэным фи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ зэрефхьэлIэр Урысейр нэхъ къарууфIэ хъунымкIэ щхьэпэнущ. Быдэу си фIэщ мэхъу республикэм зезыгъэужьыну жэрдэмыщIэхэр къызэрыхэфлъхьэнумрэ ахэр зэрывгъэзэщIэнумрэ.
КъБР-м ЩIалэгъуалэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ, япэу ягъэбелджылащ районхэм щIалэгъуалэм теухуауэ щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ нэхъ пажэхэр. Хуагъэфэща дамыгъэхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратыжащ къуажэ, район унафэщIхэм. Япэ увыпIэр Тэрч щIыналъэм, етIуанэр - Май, ещанэр - Шэджэм районхэм къахьащ. КъищынэмыщIауэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэм яхуэгъэза лэжьыгъэм къыхэжаныкIахэр, «Зарница 2.0» дзэ-патриот джэгукIэм щытекIуахэр ягъэлъэпIащ. Апхуэдэу, дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлI 14-м фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр иратащ, хэкупсэ гъэсэныгъэм хуащI хэлъхьэныгъэхэр къалъытэри. ЯгъэлъэпIахэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыбгъэдэкI хъуэхъум щIалэгъуалэм къахуеджащ абы и къуэдзэ Къардэн Мурат. Тхыгъэм итщ:
- ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! Мы гъэмахуэ дыгъэпсым ЩIалэгъуалэм я махуэр догъэлъапIэ. Республикэм и депутатхэри сэри дынывохъуэхъу гъащIэр, псэр зыдэщIэращIэу къалъытэ пIалъэм, хъуэпсапIэхэмрэ гугъапIэхэмрэ щагъэбелджылы, щIэхэм щытегушхуэ, я зэфIэкIхэр къыщызэкъуах, балигъыпIэ щиувэ, зрикIуэну гъуэгуанэр къыщыхах ныбжьым итхэм! Зи ехъулIэныгъэм хэзыгъахъуэ, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэ, щалъхуа щIыналъэм, къэралым я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм защIэзыгъакъуэ хэкупсэ щIалэгъуалэ республикэм ди мащIэкъым. Республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм фи щIэныгъэмкIэ, акъыл жанагъымкIэ, IущагъымкIэ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм фыщиIэ зэфIэкIхэмкIэ щIэх-щIэхыу фыкъызэрыщыхэжаныкIыр гуапэщ. Ар и щыхьэтщ ди щIалэгъуалэм щIыналъэм, къэралым я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIым. Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ апхуэдэ щIалэгъуалэ жыджэрхэм зыкъызэкъуахынымкIэ, я мурадхэм теIэбэнымкIэ, я ехъулIэныгъэхэр къыщагъэнэIуэну республикэ, къэрал зэхыхьэшхуэхэм хэтынымкIэ дадэIэпыкъуныр. Фи зэфIэкIым шэч къытевмыхьэу къалэныщIэхэр зыхуэвгъэувыж, фи хъуэпсапIэхэр зэвгъэхъулIэным ерыщу яужь фит, ипэкIэ фызэрыкIуэтэным фыхущIэкъуи - псори фхузэфIэкIынущ! Фи гъащIэр щхъуэкIэплъыкIэу, дахэу, лъагъуныгъэрэ ехъулIэныгъэкIэ гъэнщIауэ щырырет!
КъБР-м и Парламентым и ФIыщIэ тхылъыр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ Къардэн Мурат. Апхуэдэщ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Асыкинэ Татьянэ, КъБР-м и щIалэгъуалэ центрым и унафэщI Дзэгъащтэ Азэмэт, «Пэрытхэр» зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Забаков Азэмэт, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI МафIэдз Линэ.
- ЩIалэгъуалэм фи махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу! Къэралым и дэтхэнэ щIыналъэми мыпхуэдэ зэхыхьэ гукъинэжхэр щокIуэкI. ЩIалэгъуалэр фызэрыгушхуэнрэ фIылъагъуныгъэ зыхуэфщIынрэ фи мащIэкъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым тхыдэ къулей, щэнхабзэ, хабзэ дахэхэр къызэрыдекIуэкIыр къэплъытэмэ. Апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэр фхъумэну, къэкIуэну щIэблэм я деж нэфхьэсыну фи къалэнщ. Нобэ щIалэгъуалэм фи зэманщ икIи Iэмал гъуэзэджэхэр фиIэщи, къэвгъэсэбэп. Мы гъэм дызэлэжь «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» Iуэхум къэралым мылъкушхуэ тригъэкIуэдэнущ. ЩIалэгъуалэм фи зэфIэкIыр ди фIэщ зэрыхъумрэ фэркIэ дызэрыгушхуэмрэ ар и щыхьэтщ. Хьэрычэт Iуэхум фыпэрытщ, хуэныкъуэхэм фадоIэпыкъу, дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щывощIэ, ди пщэдейр мамырын папщIэ Хэкум и хъумакIуэ нэсу зыкъывогъэлъагъуэр. Ди лIыхъужь нэсхэмкIэ догушхуэ икIи фи махуэмкIэ дынывохъуэхъу! Хэкум и хъумакIуэхэм я гъэу ди къэралым и Президент Путин Владимир мы илъэсыр щигъэувам ирихьэлIэу догъэлъапIэ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъур! Ди зэкъуэтыныгъэр ди къару нэхъыщхьэу зэрыщытыр зыщывмыгъэгъупщэ. Республикэми къэралми ехъулIэныгъэхэр щывиIэну сынывохъуэхъу! - жиIащ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу Зотовэ Лейлэ.
Пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэр экранымкIэ ирагъэплъащ республикэм и щIалэгъуалэм иужьрей илъэсищым щIыналъэр ефIэкIуэнымрэ зиужьынымрэ хуэгъэпсауэ ягъэзэщIа Iуэху щхьэпэхэм, республикэм щекIуэкI зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм, махуэшхуэхэм жыджэру зэрызыкъыщагъэлъагъуэм, волонтёр лэжьыгъэм зэрыхэтым, щIалэгъуалэ центрхэр щIыналъэхэм къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ ягъэхьэзыра нэтынхэм. ЯгъэзэщIа Iуэхухэм я бжыгъэр мин щитIым нызэрохьэс. Апхуэдэщ гъэсэныгъэм, нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэпыщIэныгъэм, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, лэжьакIуэфIхэр гъэсэн-егъэджэным, республикэм и зэIузэпэщым, хьэрычэт Iуэхум, нэгъуэщIхэм теухуахэр.
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт жиIащ зэфIэкIышхуэ зиIэ щIалэгъуалэм куэду зэрахэтым зэрыригушхуэр, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ Iуэхур къагъэсэбэпу, хабзэхэр хъумэным, нэхъыжьхэм гулъытэ яхуэщIыным, унагъуэхэр гъэбыдэным, республикэм зегъэужьыным теухуа Iуэху щхьэпэхэр зэрахузэфIэхынур. Абы щIалэхэм ягу къигъэкIыжащ Хэкум къулыкъу хуэщIэныр я къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр икIи дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм фIыщIэ яхуищIащ цIыхухэм я лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр зэрахъумэм папщIэ.
- ЩIалэгъуалэм фи махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу! Къэралым и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ республикэм, къэралым я зыужьыныгъэм теухуа унафэхэр къыхалъхьэ. УнэтIыныгъэ псоми щыдиIэщ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр: зи IэщIагъэм хуэIэижь дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, инженерхэр, нэгъуэщIхэр. ЩIалэгъуалэми а IэнатIэхэм фи увыпIэ зэрыщывубыдынум, фи зэфIэкIхэмкIэ къэралыр зэревгъэфIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым. ЕхъулIэныгъэ, мамырыгъэ, ТекIуэныгъэ диIэну! – жиIащ Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викторие.
ЩIалэгъуалэм хъуэхъу гуапэкIэ зыхуагъэзащ ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ КъБР-м и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и УнафэщI Берд Хьэзрэталий, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советымрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ я унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий, ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ институтым и унафэщI Михайленкэ Ольгэ, «Пэрытхэр» зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, нэгъуэщIхэми.
Зы мазэ ипэкIэ, Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъуну къызэрагъэпэща псапэ Iуэхум мы зэхыхьэми гулъытэ щыхуащIащ. Концертыр щекIуэкI пэшым ашыч щагъэуври, ахъшэ зэхадзащ. Зы мазэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, цIыху щхьэхуэхэм, IуэхущIапIэхэм ахъшэ зэхадзащ, ерыскъыпхъэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, хущхъуэхэр, нэгъуэщIхэри зэхуахьэсри, ди щIалэхэм Iэрагъэхьэнущ. Мы пшыхьым деж щызэхуахьэса ахъшэмкIэ дэIэпыкъунущ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абы я унагъуэхэмрэ.
Пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, КъБр-м и Правительствэм и лIыкIуэхэм, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм. Ар ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ нэхъыфIхэм. Апэнэс Астемыр концертыр зэхуищIыжащ щIалэгъуалэм я гимнымкIэ.
КъыжыIапхъэщ Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм я махуэм ехьэлIа нэгузыужь зэхыхьэхэр куэду зэрыщрагъэкIуэкIар. Абыхэм ящыщщ ЩIалэгъуалэм я унэм и утым деж къыщызэрагъэпэща жармыкIэр. Абы щагъэлъэгъуащ IэфIыкIэхэр, Iэщэхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, IэкIэ ягъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэр, робототехникэмкIэ яIэ зэфIэкIыр, нэгъуэщIхэри. Абдежым щекIуэкIащ щIалэгъуалэр я зэфIэкI щеплъыжа КхъуейплъыжькIэрыщIэ джэгур.