НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 4, мэрем
1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цIэрыIуэу щыта, Кавказ зауэм и лIыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард.
1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ.
1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Бажэ Заудин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 21 – 22-рэ, жэщым градус 16 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи ныбэ изым уи уз ищIэрэ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: