Пушкиныр дигу къэдгъэкIыжуПушкин Александр дунейм къыщытехьа махуэр УФ-м Урысыбзэм и махуэу щагъэуващ. Абы ирихьэлIэу, гъэ къэс усакIуэ цIэрыIуэм и тхыгъэхэм щыщ гуэрхэр адыгэбзэми къидгъэзагъэ зэрыхъунум щIэх-щIэхыурэ ди гупсысэр хуокIуэ. Ар езы усакIуэр нэхъыфIу зэдгъэцIыхунымкIи IэмалыфIщ.
Мы псалъэхэр жыдэзыгъэIэр Пушкиным и усэхэм я тхыдэр зэрыгъэщIэгъуэнырщ. Псалъэм папщIэ, абы и гъащIэ гъуэгур набдзэгубдзаплъэу зыджахэр зэакъылэгъущ япэ къэсым гукIэ ищIэ «Сэ фIыуэ услъэгъуат» («Я вас любил») усэ цIэрыIуэр Пушкиным зэгуэкIуауэ щыта, лыхь лъэпкъым къыхэкIа Собаньская Каролинэ зэрыхуигъэфэщамкIэ. А зэманым хабзэ хъуауэ, гъуазджэм зрагъэужь папщIэу, цIыхубзхэм хьэщIэщхэр къызэIуахырт, абы тхакIуэхэр, усакIуэхэр, сурэтыщIхэр, политикхэр ирагъэблагъэу. Каролинэ ар и зэштегъэупIэ къудей мыхъуу икIи и лэжьыгъэр щызэфIигъэкIырт, сыту жыпIэмэ, ар къэралым и шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ къулыкъущIапIэхэм пщIэкIэ ядэлажьэ тIасхъэщIэхт. А псом ди Iуэху хэтлъхьэркъым. Ди дежкIэ мыхьэнэ зиIэр усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр зэрыдахэрщ. Ар адыгэ литературэми хэтщ Тхьэгъэзит Зубер зэридзэкIауэ. Пушкиным и мыгъэрей махуэшхуэм ирихьэлIэу, а усэ дыдэр адыгэбзэм къидгъэзэгъэным дызэрытегушхуамкIэ, дауи, Тхьэгъэзит Зубер хуэдэ зэдзэкIакIуэ Iэзэм дыпеуэу аракъым, атIэ ди анэдэлъхубзэм къызыкъуимыхауэ къаруушхуэ зэрыкъуэлъыр иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжын папщIэщ. КъинэмыщIауэ, «Сыт си цIэм хуэпщIэр?» усэмрэ «Пиндемонти щыщ» зыфIищамри адыгэбзэм зэризагъэм деплъащи, фи пащхьэ идолъхьэ.
***
Сэ фӀыуэ услъэгъуат. МыупщIыIупауэ,
ФIылъагъур си псэм къыхэнами, сщIэрэ?
Ауэ абы уримыгуауэщхьэуэ,
Сыхуейкъым ущIэпIейтеин зыгуэри.
ФIыуэ услъагъут, си гугъэ пхэсхыжауэ,
Адрейхэм уесфыгъулIэу, сыпщыукIытэу.
ЗыкӀэ си фӀэщт сэ, зыкӀэ сыптхьэкъуати,
НэгъуэщI хьэщыкъ къыпхухъу апхуэдэ дыдэу.
Сыт си цӀэм хуэпщӀэр?
Сыт си цӀэм хуэпщӀэр? Ар хэкӀуэдэжынущ,
Хы Ӏуфэм есылӀа толъкъун нэщхъейуэ,
Мэз Ӏувым къыщыӀуа жэщ макъым ещхьу,
Зэгуэр ар псоми ящыгъупщэжынущ.
Фэеплъу напэкӀуэцӀым къыщритхъэр,
Трет абдеж лӀэныгъэм и нэпкъыжьэу,
Зыми къыгурымыӀуэ бзэкӀэ тхыпхъэ
КъыщыхаӀущIыкӀа нэхъей сын щӀыӀум.
Сыт хэлъ абы? Уи иджырей гурылъхэм
Зэрыпщагъэгъупщэжрэ куэд щӀауэ,
Абы иджы уигу къигъэкӀыжыфынкъым
зэхущытыкӀэ къабзи, гумащӀагъи.
ИтӀани, гухэщӀыгъуэм ущихь махуэм
КъиӀуэ а цӀэр, зыми узэхимыхыу,
ЖыӀэ нэщхъейуэ: сащыгъупщэжакъым,
Иджыри зыгуэр щыӀэщ, и гум силъу.
Пиндемонти щыщ
СфӀэлъапӀэкъым сэ, хуитыныгъэ, жаӀэу
Зи ӀэуэлъауэмкӀэ цӀыхушхуэ зыгъэжакъуэр.
ХэхыпщӀэ мардэм иращӀэкӀ зэдауэм
СыхэмытхъыкIкIи, сыбжкъым сыунэхъуауэ.
Е сахуэмыхъукӀэ тет зэзауэхэм Ӏэжьэгъу;
Печатыр дакъузам къысфӀэмыӀуэху,
ЖыӀэзыфӀэщхэр хуиту къамыгъапцӀэу,
Е тхакӀуэм иуцӀырхъхэм кӀэщӀэпӀаскӀуэу.
А псори, плъагъурэ, псалъэщ, псалъэщ, псалъэщ...
НэгъуэщӀщ, нэхъыфӀщ сэ хуитыныгъэу сызэхъуапсэр;
НэгъуэщӀщ, нэхъыфӀщ сызыхуитыну сызыхуейр.
Тетыр, хьэмэрэ лъэпкъыр нэхъ уи дзей?
Семыгупсыс. Ди дежкӀэ тӀури зыкъэ?
Уи щхьэм фӀэкӀа, зыми уфӀэмылӀыкӀыу;
ЖьантӀэм е шыфэлӀыфэм зыхуэбгъэщхъыу,
Уи напи, уифӀи, уи пщи умыгъэшу.
Уигу къыщыпылъэдам деж ущепсыхыу,
Нэр пӀэпызыхым щӀыфэр игъэтхытхыу.
Хэлъэтым е тхэныгум я Ӏэужьхэм
Уи гуфӀэ нэпсыр кърагъэутӀыпщу...
Мис ар насыпщ!
Мис ахэр хуитыныгъэщ...
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




