Ураныбжьщ къуршхэм

Анэдэлъхубзэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм куэд тотхыхь икIи топсэлъыхь. Бзэращ лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэр. Арагъэнщ апхуэдиз гурыгъуз абы къыщIылъыкъуэкIри. Адыгэбзэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм, абы и мыхьэнэм теухуащ Хьэрэдурэ Аллэ и тхыгъэри. 
«Зи бзэр зыфIэмыIэфIрэ зыфIэмы¬да¬хэу мы дунейм зы лъэпкъи тету къы¬щIэкIынкъым. Анэдэлъхубзэр лъэп¬къым игущ, и псэщ, зэрылъэпкъыр зыгъэбелджылы нэщэнэщ. Псоми дощIэ дыгъуасэ къагъэщIа лъэпкъыбзэ зэрыщымыIэр. Апхуэдэщ ди адыгэбзэри. Абы и къежьапIэр апхуэдизкIэ куущ, жыжьэщи, абы теухуауэ къапщытари, къахутари чэнжщ.
Урыс педагогикэм и лъабжьэр   зы¬¬гъэтIылъа Ушинский Константин тэмэму гу зэрылъитэгъащи, «уи бзэр зэи мыужьыхыж бзийм хуэдэщ». Уи бзэр уи дыгъуасэмрэ уи нобэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ. Уи нобэр уи пщэдейм хуэзышэ гъуэгуанэщ. А гъуэгуанэр гъэнщIащ, узэщIащ уи лъэпкъым и акъыл нэхумкIэ, и псэ дахагъэмкIэ, хабзэ щхьэпэ къы-декIуэкIхэмкIэ.
АтIэ, дэ, нобэ а бзэр зыIурылъхэм, сыт хэтлъхьэфыну абы зиужьын, къэкIуэну зэманым хэмыкIуэдэжын папщIэ. Сэ сызэреплъымкIэ, бзэр мыкIуэдыжын щхьэкIэ нэхъыщхьэр абы урипсэлъэнырщ. АбыкIэ жысIэну сызыхуейр, адыгэбзэр жьэгу пащхьэхэм дэлъыным и мызакъуэу, утыкушхуэхэми къыщагъэсэбэпын, жаIэу къэнэж мыхъуу, ирилэжьэн зэрыхуейрщ. Дунейр къызэри¬гъэщIрэ цIыхум и зыузэщIыныгъэр къыщежьэр къыдалъхуа бзэращ – анэм и бзэращ. ЦIыхум и бзэращ и япэ егъэ¬джакIуэ Iущри, и узэщIакIуэри. Уи анэдэлъхубзэм къыхэпхыфынум хуэдиз акъыл зы егъэджакIуэми къыббгъэдилъхьэфынукъым. Уи бзэр пхъумэныр, ар нэхъ къулей пщIыныр, абы зебгъэу¬зэщIыныр, ухуэIэкIуэлъакIуэу ар дэнэ дежи къыщыбгъэсэбэпыныр уи щхьэ закъуэ Iуэхукъым – уи лъэпкъ, къэрал Iуэхущ: зи бзэ зимыIэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым.
Лъэпкъым и лъэпкъыгъэр щыфIэ¬кIуэд¬кIэ, къэралри зы лъэпкъкIэ нэхъ къулейсыз мэхъу. Апхуэдэ къулейсызыгъэ къытщыщIащ. Адыгэхэр зы лъэпкъкIэ нэхъ мащIэ хъуащ Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ – зэман гущIэ¬гъуншэм IэщIэкIуэдащ илъэс мин зыбжанэ зи ныбжь бгырыс лъэпкъ мащIэм щыщ убыххэр.
Лъэпкъ насыпыншэм и щхьэ кърикIуа гукъутэгъуэм и тхыдэщ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр
«Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщыгъупщэжынукъым, Шэрахъ, ар, хэт жиIэми, уи фIэщ умыщI. Уи анэр пщы¬гъупщэжын – апхуэдэщ, ар пхузэфIэ¬мы¬кIынщ.
Убыхыбзэр къыздалъхуат, сызэрысабий лъандэрэ сIурылът ар, дэнэкIи щызэхэсхырт – ди уни, ди хьэбли, жылэм сыхыхьэми, – ар дауэ сщыгъупщэжынт?
Дыгъуасэ къызжепIащ Тыркуми, Сириеми, нэгъуэщI хэкухэми сэр фIэкIа убыхыбзэр зыщIэж ущримыхьэлIауэ, Къэукъаси, убыххэм я лъахэм, а бзэм ирипсалъэ имысыжу къызжепIащ. Убыхыбзэр кIуэдыжауэ, ар афIэкIа дунейм темытыжу къызжепIэну ара? Арами, ар си фIэщ хъунукъым.
Хьэуэ, си щIалэ, бзэр лъэужьыншэу кIуэдыжыркъым, апхуэдэу къыпщы¬хъуми. Анэдэлъхубзэр уи лъым хэтщ, уилъми и закъуэкъым. Анэдэлъхубзэм иропсалъэ дэ къызэднэкIа псыхъуэр, жыгей гуэрэнхэр, ди адэжьхэм я кхъащхьэхэр. Убыххэм я лъахэм къидна псынэхэр, жыгхэр, псэущхьэхэр си анэ¬дэлъхубзэмкIэ ноби зопсалъэ, ар хьэ¬къыу си фIэщ мэхъу сэ! А бзэр кIуэды¬жакъым!»
Хьэкъыу пхыкIауэ дэтхэнэ зы цIыхуми и фIэщ хъун хуейщ бзэр кIуэдыным нэхъ гузэвэгъуэ дунейм къыщыхъункIэ зэрымыхъунур. Аращ, бзэр кIуэдмэ – лъэпкъ¬ри мэкIуэд. И бзэр Iухущ лъэпкъри зэрыпсэур, зи бзэр кIуэдыжа лъэпкъыр езыри щыIэжкъым.
Адрей лъэпкъ мащIэхэми хуэдэу, адыгэхэми къалэнышхуэ къытпэщытщ ди бзэр тхъумэжыным, убыххэм я махуэр къытхуэмыкIуэным теухуауэ. Ауэ щы¬хъ󬬬кIэ, хьэкъыр зыщ – нобэ дэ пхытшыну лъагъуэм куэдкIэ елъытащ пщэдей дызытеувэну гъуэгур, ди бзэм елъытауэ дэ длэжьырщ щIэблэми гъуазэу яIэнур.
АдыгэбзэкIэ жыпIам къызэщIикъуэ псор нэгъуэщIыбзэкIэ нэгъэсауэ зэбдзэ¬кIыныр икъукIэ гугъущ. Шэч зыхэмы¬лъыжырщи, – адыгэбзэр дахэщ, лан¬тIэщ, купщIафIэщ, гугъэпсэхущ. ИкIи ар къарууншэу, гупсысэ инхэр къри¬пIуэ¬тэным хуэмыщIауэ къызыщыхъу дэтхэнэри щоуэ.
ЩыIэщ адыгэбзэ зымыщIэххэу адыгэу зызыбжыж куэд. Абыхэм зеплъыта нэужьщ, адыгэбзэр пщIэныр зэрынасыпышхуэр къыщыбгурыIуэр.
Унагъуэм адыгэбзэр илъмэ, абыкIэ зэпсэлъэныр хабзэ щыхъуамэ, сабийм ар къимыщтэныр Iэмал зимыIэщ. Абы и зэхэлъыкIэмрэ и зегъэкIуэкIэмрэ хэлъ щэхухэр къищIэу и бзэр хуэкъута мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Аращ и «Iун¬кIыбзэIухыр», бзэ гуэр зэбгъэщIэ¬нумэ.
Куэд тежыпIыхьыфынущ адыгэбзэмрэ абы и къэкIуэнумрэ. Ауэ: «Сыт щIэн хуейр а Iуэхур дэкIын папщIэ?» – жыхуиIэ упщIэм и жэуапу си еплъыкIэ гуэрхэр къэсIуэтэнут. Нэхъапэу къызолъытэ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа Iуэхугъуэхэр. ЕтIуанэу, адыгэбзэр, къэралыбзэр пэжмэ, ар къыщагъэсэбэп, щызекIуэ щIы¬пIэхэр, IуэхущIапIэхэр къыхэхауэ зе-гъэужьын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, газет, тхылъ, журнал нэхъыбэу адыгэб¬зэ¬кIэ къыдэгъэкIын хуейщ. Абы ди цIыхур адыгэбзэкIэ нэхъ шэрыуэу псалъэу ищIынущ.
«Узэгугъур къогугъуж», – жеIэ адыгэ псалъэжьым, аращ анэдэлъхубзэри – уегугъумэ, урилажьэмэ, тэмэму ухущытмэ, абы зиужьынущ, нэхъри ефIэкIуэ¬нущ, нэхъ къулей, шэрыуэ хъунущ.
Щэху-нахуэми ди зэманым цIыхухэм жаIэу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, ар дэ къытхуэсэбэпынукъым». Анэдэлъхубзэр къэмысэбэпыну, абы зегъэужьынми мы¬хьэнэ имыIэу къэзылъытэхэр цIыху «къулейуэ» жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэхэм къащохъу езыхэм я мыхъумыщIагъэр адыгэбзэм тралъхьэкIэрэ ар щIамы¬щIэмкIэ бзэр «ягъэкъуэншэжыну».
Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм нэмыщI, адыгэбзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэу¬жьынымкIэ къалэнышхуэ зи пщэ къы¬дэх¬уэхэм ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэри. Уи бзэм пщIэ хуэпщIу, абыкIэ уи лъэпкъ хабзэхэр, щэнхабзэр зепхьэу зылъагъу щIэблэм я анэдэлъхубзэр зыщагъэгъупщэныр щыгъэтауэ, езыхэри хущIэкъунущ уэ къызэрыбдэплъеиным. Апхуэдэу щыщыткIэ, а Iуэхум гулъытэшхуэ щыхуэщIыпхъэщ сабий садхэм, пэщIэдзэ классхэм. ЩIэблэм нэхъыфIу щапхъэу къищтэр жепIэракъым – еб¬гъэлъагъуращ. Я бзэр фIыуэ ялъагъуным, ар яджыным гукъыдэж хуаIэн пап¬щIэ, сабийхэми студентхэми я нэгу щIэгъэкIын хуейщ къыдалъхуа бзэм лъэпкъым, къэралым я пащхьэм пщIэ зэрыщиIэр, адрей бзэхэм закъыкIэри¬мыгъэхуу, ар зэрылажьэр.
Ураныбжьщ къуршхэм, си адыгэбзэ,
Инжыдж толъкъуну узэхызох.
ФIылъагъуныгъэм урихъуэрыбзэщ,
Макъамэу бзэхэм уакъыхызох.
Хъан-Джэрий ноби къыбжеIэ шыпсэ,
Къызоущие нарт Сэтэней,
ПащIэ Бэчмырзэ къысхуоджэ усэ,
Си адыгэбзэр тетщи дунейм.
Зи гугъу тщIа къалэнхэри, бзэм ихъумэу наIуэ къэмыхъуа щэхухэри къызыпэщылъыр дэращ, щIэблэращи, дызэрыпэлъэщын акъылрэ щIэныгъэрэ, зэфIэкIрэ къарурэ Тхьэм къыдит!»
Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться: