Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ

Хахуагъым теухуа псалъэжьхэр

Лъэпкъ хьэлыр къозыгъэцIыхур псалъэжьхэмрэ IуэрыIуатэмрэщ. Псом хуэмыдэу, ар наIуэ мэхъу зы темэм ехьэлIа жыIэгъуэхэр зэхуэпхьэсыжмэ. Мыбдежым адыгэр шынэм, лIыгъэм, хахуагъым, къэрабгъагъым зэреплъхэр къэзыгъалъагъуэ псалъэжьхэр щызэхуэтхьэсащ, ягъэIурыщIа Iэщэхэм я цIэхэми ущрохьэлIэ. Ауэ щыхъукIэ, щабагъыр, гъэсэныгъэр, хабзэр ипэ зэрырагъэщыр щIахъумэркъым. 

•Джатэрыпщ нэхърэ пщы Iущабэ. 
•Джэдыгу гъурыдзэрэ пщыдзэ етарэ. 
•ЗылъэкI и джатэ кIыхьщ. 
•«Губзыгъэмэ, къызэуэнкъым, делэмэ, къыстехуэнкъым», - егупсысащ къуаргъыр, фоч зыIыгъ щилъагъум. 
•Джатэ и щIагъ нанэ щыIэжкъым.
•Джатэ къихакIэ къыпхуэжэм ущымыщти, къуэгъэнапIэм къуэтым хуэсакъ. 
•Зауэм хэту джатэ хьэху яткъым. 
•ЗимыщI ис щауэр убзалэщи, бланэм шэр техуэмэ, псыхъуажэщ. 
•Имыгъуэу уи джатэ къыумых, къипхамэ, лIыгъэншэу иумылъхьэж.
•ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ.
•ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым. 
•ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ. 
•ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым. 
•Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ. 
•Уи лъэпкъым хэплъи, уи джатэ гъэдалъэ.
•Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ. 
•Джатэм пиупщIыр мэкIыжри, жьэм пиупщIыр кIыжыркъым. 
•ЛIы Iэщэншэ еуэркъым. 
•Шу закъуэщ жыпIэу утемыгушхуэ, гупышхуэщ жыпIэу ущымышынэ. 
•ГъукIэм и Iэщэр Iэдэрэ уадэрэщ. 
•ЗылъэкI и джатэ зылъэмыкI егъэIурыщIэ. 
•Хъанхэ я щIыб джатэ щагъэдалъэ. 
•Джатэр тыным я тыныжщ. 
•Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь.
•Хьэжыдзэуи дзэ къыпхуэмызэкIэ. 
•Афищэ зытар хьэ матищкIэ ящэжащ. 
•Лей зезыхьэр и хьэкъ хуозэ. 
•Ухеймэ – улъэщщ. 
•Бийр къыпщытхъурей хъумэ - умыбэлэрыгъ. 
•Бийм ущысхьмэ, уIэгъэ ухъунщ. 
•Е улIын, е улIэн. 
•Зауэ уIухьэмэ, уи Iыхьэ IущIыхь. 
•ЛIыхъужьыр зэ лIэгъуэщIи, къэрабгъэр тIэу лIэгъуэщ. 
•ЛIыр лIыуэ мэлIэж. 
•ЛIыфI и щытхъу кIуэдыркъым. 
•Нарт и псалъэ епцIыжыркъым. 
•СопIащIэ жыпIэу, шы лъэхъа умышэс. 
•Уи лIыгъэ къимыхьар уи насып къремыхь. 
•Уи къарур пхуримыкъумэ, уи акъыл гъэлажьэ. 
•Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ. 
•Гу зимыIэ лIибгъу я ней къысщыхуэ. 
•И къамэ тIэу къихкъым, и псалъэ тIэу жыIэкъым. 
•И сэкI къощ. 
•И шэ щIым нэскъым. 
•Къэрабгъэр япэ мауэ. 
•Хьэзыр Iупэху, хуэмыху щIэращIэ. 
•Хъыдан шу. 
•Шы кIуэрыпцIрэ лIы пцIыупсрэ. 
•Шэрэ блэрэ зэблэкIкъым. 
•Шэм сынокIуэ жиIэркъым. 
•Шэм нэхърэ бзэр нэхъ жэрщ. 

 

 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: