Япон псысэр - адыгэбзэкIэ

Миядзаки Хаяо и «НэкъыфIэщIхэм ирахьэжьахэр» аниме-псысэр адыгэбзэкIэ къагъэпсэлъащ илъэс зыбжанэ ипэ. Псысэр сабийхэр зыдихьэххэм, зыгъасэхэм, зыгъэгупсысэхэм ящыщщ. Ирегъэгупсыс фIымрэ Iеймрэ, пщIэ хъунумрэ мыхъунумрэ, емыкIумрэ екIумрэ, гущIэгъур зищIысым, адэ-анэр зэрылъапIэм, ныбжьэгъугъэм и мыхьэнэм. ИкIэм-икIэжым, фIыр псоми зэрытекIуэм цIыкIухэр арэзы ещIыж. Псысэр зэдзэкIыныр, техыныр, цIыхухэм егъэлъэгъуныр зигу къэкIар Жьэгупэ Хьэчимщ. Ар и IэщIагъэкIэ юристщ. Адыгэбзэр фIыуэ зэрилъагъум, инджылыбзэм фIыуэ зэрыхищIыкIым, японыбзэр зэрыфIэдахэм и фIыгъэкIэ, псысэр зэдзэкIа хъуащ къабзэу. Анимер зэдзэкIыным щелэжьым, абы еплъащ японыбзэкIэ псалъэу, инджылыбзэкIэ субтитр жыхуаIэхэр и лъабжьэм кIэщIэтхауэ, апхуэдэуи, урысыбзэкIэ. Адыгэбзэм и псалъэхэм нэхъ зэгъэкIуауэ хэщыпыхьынымкIэ апхуэдэ Iэмалыр сэбэп хъуащ. 
Жьэгупэ Хьэчим япон псысэм елэжьащ и къуэш Чэримрэ и щхьэгъусэ Лилианэрэ щIыгъуу. УпщIэжэгъу яхуэхъуащ адыгэбзэм и зэхэлъыкIэм елэжь «Джэрэз» гупым хэтхэр. Псысэр пщIэншэу щатхащ Къущхьэ Оксана и «Къэрэкъан» студием. Псысэм я макъ щагъэIу цIыху I5-м. Езы Хьэчим Хакуу щIалэ цIыкIур къигъэпсэлъащ, зэрыцIыкIу лъандэрэ а лIыхъужьым и хьэл-щэнхэр и гум дыхьэрти. 
Сыт атIэ щIалэм псысэ зэридзэкIыну игу къыщихьэм, Миядзаки ейм къыщIытеувыIар? 
- СыщыцIыкIум куэдрэ сеплъащ мы псысэм. МащIэу сигъэшынауэ щытащ япэщIыкIэ. Ауэ егъэлеяуэ сыдихьэхат. Мы таурыхъым гупсысэ дахэрэ псэ къабзагъэрэ хэлъщ. Сэ ар занщIэу зыхэсщIат. Зыкъом щIауэ си гум илът мыпхуэдэ лэжьыгъэ гуэрым зеспщытынуи, си гур занщIэу хуэкIуащ сызэрыцIыкIурэ фIыуэ слъагъу япон псысэм, - жиIащ Хьэчим.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: