Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ. Абы и къалэмым къыщIэкIа рассказхэр, повестхэр, романхэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. ШэджыхьэщIэм итхащ сабийхэм папщIэ рассказхэри. Абыхэм фIым ухуаущий, гуапэу ущытыным ухуагъасэ, дерс къызыхэпх хъун Iуэхугъуэхэр щыIупщIщ. ГъэщIэгъуэнщ Хьэмыщэ тхыгъэхэмкIэ ныбжьыщIэхэр къыдихьэхын папщIэ къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр, абы лIыхъужьхэр зэрызэригъэпсалъэр, хъуэр псалъэхэр къызэрихьыр, гушыIэр тхыгъэхэм зэрыхиухуанэр. Фыкъеджэ ШЭДЖЫХЬЭЩIЭ Хьэмыщэ и Iэдакъэм къыщIэкIа «Сыт джэдум шха нэужь зыщIитхьэщIыр?» рассказым.
ГЪУЭТ Синэ.
Сыт джэдум шха нэужь зыщIитхьэщIыр?
Сэ сызыщIэс унэм зэныбжьэгъу щIалэ цIыкIуитI щопсэу – Мыхьмудрэ Мысхьудрэ. Сэ абыхэм куэдрэ сахуозэ. Хъыбар, таурыхъ жытIэу жэщыр хэкIуэтэху тетIысхьэпIэм дыщытес щыIэщ. Зэхомыхауэ уи фIэщ хъункъым а тIум таурыхъыу ящIэр! Я таурыхъ жыIэкIэри гъэщIэгъуэнщ. Псалъэм папщIэ, Мыхьмуд мыпхуэдэу жиIэнщ: «ПцIащхъуэр щIымахуэм щIыпIэ хуабэ мэлъэтэж, ауэ а зыдэлъэта щIыпIэм абы къыщришыркъым. Сыт апхуэдэу щIыщытыр?» Мысхьуд абы теухуауэ таурыхъ, хъыбар ищIэмэ, жиIэнущ, имыщIэмэ, къуажэ къритынущ.
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым лэжьапIэ сыкъикIыжауэ сыщыдыхьэжым, зэныбжьэгъуитIыр тетIысхьэпIэм тести сэри сабгъэдэтIысхьащ…
- Сыт джэдум шха нэужь зыщIитхьэщIыр? – жеIэ Мысхьуд.
- Уэ езым пщIэркъым ар, - къодзэлашхэ Мыхьмуд.
- Уэи, сощIэм!
- Уэи, умыщIэ! КъакIуэ баз!
- КъакIуэ! СщIэмэ, уи сэ жаныр къызыбот.
- Узот. ЖыIэ.
- КъедаIуэ-тIэ. Бзу гуэрым бабыщхэм хуапхъа хугур ищыпу щIидзащ. Пырхъуэ лъабжьэм щIэлъ Джэдуужьыр бзум кIэлъыплъурэ, гъунэгъу зыхуищIырт. Хуэмурэ бзур игъэбэлэрыгъщ, пхъуэри къиубыдащ.
- Пщэдджыжьышхэ дэгъуэ къысIэрыхьащ, - жиIащ джэдуужьым.
- Сыт жыпIэр, кIущэ-нау? – къэщтащ бзур. – Сыпшхыну ара?
- НтIэ сыноплъу сыщысын уи гугъэ? – джэдуужьым и нэщхъыр зэхиукIащ.
- Сыту умукIытэрэ, джэдуужь, - жеIэ бзум, - зэплъыжыт: уэ иджыри зыптхьэщIакъым. Пщыгъупщэжауэ ара шхэным ипэ къихуэу зызымытхьэщI псэущхьэ зэрыщымыIэр?
- Уэи, ари пэжым, - жиIащ джэдуужьым.
Бзур игъэтIылъри, и лъапэхэмкIэ и напэр зэпилъэщIыхьу хуежьащ.
Джэдуужьым зитхьэщIыху бзур ежьэнт?! Хуит зэрыхъуу, лъэтэжри – макIуэ, - мэлъей!
Джэдуужьыр къэгубжьащ. ТопкIэ, тоуэ, мэпщIэу.
- Сэ дяпэкIэ сыкъэпцIэжынкъым, м-м-м, - гурымырт джэдуужьыр, бзум кIэлъыплъурэ. – ДяпэкIэ хэт хуейми зэрыхуейм хуэдэу ирещI, ауэ сэ сымышхауэ зыстхьэщIынукъым.
Аращи, абы лъандэрэ джэдухэм мышхауэ затхьэщIыркъым. КъыбгурIуа, Мыхьмуд? Къащтэ иджы уи сэ жаныр.
- Мыхьмуд и жагъуэ хъуащ, - жысIащ сэ, щIалэ цIыкIум и ныбжьэгъум сэ жаныр къриту IукIыжа нэужь.
- Абы и жагъуэ хъун щызэхихынур унэм щIыхьэжа нэужьщ, - къыпыгуфIыкIащ Мысхьуд.
- Ар сыту? КъэхъуаIа?
- Ауэ сытми къэхъуа! Мыхьмуд зэрыщIыхьэжу а таурыхъ дыдэр и анэшхуэм къыжриIэнущ, и къуэрылъхур сэ къыстригъэкIуэн щхьэкIэ. Нанэм я гъунэгъу фызым нобэ жриIэу зэхэсхащ. Сэ сыкъамыщIэу сакIэщIэдэIухьри, япэ зизгъэщауэ аращ.
- Фэри! Хъуэжэ зырикIщ, фэ фэлъытауэ… - сыкъэтэджыжащ сэ сыдыхьэшхыурэ.