ЩIалэгъуалэм гушыIэкIэ ящIэ

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр  мэкъумэш университетым IуэхущIапIэхэр механизацэ щIынымрэ энергокъарукIэ къызэгъэпэщынымкIэ и факультетым и студентхэр щытекIуащ Железно­водск къалэм мэ­къуауэгъуэм и 20-м ще­кIуэкIа ­КВН-м. 

«Россети Северный Кавказ» ПАО-м и лэ­жьакIуэхэмрэ а IэщIагъэм хуеджэ студентхэмрэ щызэпеуащ Железноводск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Ди щIыналъэм и цIэкIэ абы хэтащ «Къэббалъкъэнерго»-м и лэжьа­кIуэхэмрэ «Команда высокого напряжения» студент гупымрэ. 
Энергетик IэщIагъэм хуеджэхэу, гушыIэ дахэ зыхэлъхэу Къылшыкъуэ Ясминэ, Шэрджэс Денизэ, Хитиев Алидар, ХьэIупщы Тимур, ­Агънокъуэ Къантемыр сымэ зэпеуэр ягу дыхьащ. Къэп­щы­такIуэхэм ди щIалэгъуалэ гупыр нэхъыфIу къызэралъытам щыгуфIы­кIащ, къапэщIэтахэри зэры­мы­тIасхъэм къыхэкIыу. Апхуэдэ зэхьэзэхуэм ущыте­кIуэныр, дауи, ­ехъулIэныгъэщ, щIалэгъуа­лэр абы IуэхущIэхэм трегъэгушхуэ. 
Къылшыкъуэ Ясминэ мыр и пэщэдзэ зэпеуэщ. Абы зэрыжиIамкIэ, япэ махуэхэм щыщIэдзауэ гупыр ныбжьэгъу зэ­ры­гъэхъуащ. Зэпеуэм зэры­зыхуагъэхьэзыра мази­щымрэ зэхьэзэхуэр зэре­кIуэкIа махуитIымрэ ахэр зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэрыIы­гъат. 
Утыку щихьам, дауи, тIэкIу гузэващ, ауэ япэ дакъикъэм щыщIэдзауэ зыкъагъэлъэ­гъуэн яухыху цIыхухэм я дыхьэшх макъыр зэрызэхахам я фIэщ ищIащ текIуэныгъэр къы­зэрахьэхуфынур. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться: