Мэхъэчкъалэ дэт Авар театрым и унафэщI Бисавалиев Мухьэмэд Кавказым щыпсэухэр къыхуреджэ Лермонтовым и роман «Ди зэманым и лIыхъужьым» нэгъуэщIынэкIэ еплъыжыну. «Лермонтовым Кавказым щыщхэр зэримыцIыхум нэмыщI, ахэр фIэауанщ», - Бисавалиевыр зэреплъымкIэ.
«МыхъумыщIагъэщ а Лермонтовым итхар, - къыжьэдэхуащ зымахуэ
си ныбжьэгъу тхыдэдж Тахнаевэ Патимэт, - етх Мухьэмэд. - Азэмэт и шыпхъур урыс офицерым шы щхьэкIэ иритынкIэ Iэмал иIэтэкъым». Псалъэмакъым пытщакъым, ауэ абы лъандэрэ сэр-сэру сегупсысурэ, пщыхьэщхьэм щIэрыщIэу «Ди зэманым и лIыхъужьым» и «Бэлэ» Iыхьэм седэIуэжащ, апщIондэху сыщыщIалэм генийуэ къэслъытэу щыта тхакIуэм хузиIэ пщIэм фIыуэ кIэрыхуащ. Школым къызэрыщыджаIэу щытам ещхьу, иджыри къэс бгырысхэр фIыуэ илъагъуу, хуитыныгъэм щIэбэн усакIуэ зэчиифIэу къысщыхъуу щытар иджы хабзи бзыпхъи зымыщIэ лъэпкъ кIуэцIрыхуауэ къалъытэу щытахэм къытщыдыхьэшхыу къысщыхъуащ.
Iуэхум хэзымыщIыкIхэм папщIэ, романым къыщыхъур фигу къэзгъэкIыжынщ. Адыгэ щIалэ ныбжьыщIэ Азэмэт урысхэм емыныкъуэкъу адыгэпщым и къуэщ. Ар зэранщIакIуэ Къазбэч и шым зэрехъуэпсар зылъэгъуа Печориным, «уи шыпхъур къысхуэбгъэкIуасэмэ, Къазбэч и шыр къыпIэрызгъэхьэнщ» жиIэри къигъэгугъащ. ЩIалэм и шыпхъур щэхуу ешэри, урыс офицерым ирет, езым шыр ирехужьэри щIопхъуэж. И тхыкIэкIэ Iэзэу тхащ романыр, уэ езыр ухэтым хуэдэу, нэгузыужьщ. Ауэ уегупсысыжмэ, упщIэ куэд къоув. Япэрауэ, Кавказ зауэм и зэманым адыгэм и шыпхъур шыкIэ къихъуэжынкIэ Iэмал иIэтэкъым, ар мымуслъымэным зэрыритым и гугъу умыщIыххи. Сыту жыпIэмэ, абы къыхуздихьыну напэтехыр езыми и лIакъуэми игъащIэкIи зыкIэрагъэкъэбзэкIыжыфынутэкъым. Ар зыщIэфар и адэм и закъуэтэкъым зыукIыжынур, и лъэпкъым щыщ дэтхэнэ цIыхухъуми IэщIэкIуэдэнут. ЕтIуанэрауэ, и шыпхъум и гугъу имыщIыххэу ирихужьэфынут Азэмэт Къазбэч и шыр, Печоринри хэмыту. Шы щхьэкIэ апхуэдэ напэтех и лъэпкъым сыту къыхуимыхьрэт щIалэм? Иджыпсту къызэрызгурыIуэмкIэ, Лермонтовым романыр зыхуитхар урыс щIэджыкIакIуэхэрщ, Кавказым щыщ дэтхэнэ зыри Азэмэт ещхьу акъылыншэу, Iэлу, и шыпхъу дыдэм, уеблэмэ дэтхэнэ цIыхубзми, ар шыпхъу, щхьэгъусэ, е фIыуэ илъагъу пщащэ ирехъу, япэ шыр иригъэщ хуэдэу къащигъэхъуну хуейуэ.
Девгъэплъыт Лермонтовым щIэпхъаджащIэ Къазбэч Iурилъхьа уэрэдым и псалъэхэм: «Хъыджэбз дахэ куэд ди къуажэхэм дэсщ, жэщ вагъуэр я нэ кугъуэм исым ещхьу, нэфIыцIэхэу. Ауэ абыхэм нэхърэ шыфIыр нэхъ лъапIэщ. Дыщэм фызиплI къыщIэкIынущ, шыфIым уасэ иIэкъым».
НэгъуэщIу жыпIэмэ, Кавказым щыпсэухэр цIыху мыгъасэ Iэлщ. Абыхэм я шыпхъухэри, щхьэгъусэхэри, хъыджэбзхэри шым щIатыфынущ, мыхьэнэ зиIэ гуэру къызэрамылъытэм къыхэкIыу. ПцIышхуэ щыIэщIэкIащ абдежым урыс поручик Лермонтовым, сыту жыпIэмэ, ар Кавказым щыпсэухэм я гупсысэкIэми, дуней тетыкIэми, хабзэхэми техуэркъым, псом хуэмыдэу Кавказ зауэм и зэманым. Ауэ урыс щIэджыкIакIум дежкIэ, дауи, ар гъэщIэгъуэнт. Иджы согупсыс: сыт а романым ди хэкуэгъухэр апхуэдизу щIитхьэкъур? Сэри сигу ирохь абы и бзэри, зэрызэхэгъэувари, ауэ Кавказым щекIуэкI гъащIэм еплъытмэ, пэж зыри хэткъым абы. Аращ Авар театрым и иджырей спектакль сезоным ар щIыхэдмыгъэхьар. «Мцыри», «Демон», «Хьэжы Абрэдж», «Валерик» хуэдэхэр, е Лермонтовым Кавказыр фIыуэ зэрилъагъур къыщигъэлъагъуэ усэхэр утыку къипхьэ хъунущ. Ауэ Бытырбыху дэсхэр Iэгу иригъэуэн папщIэ, кавказырысхэр хьэкIэкхъуэкIэу къыщигъэлъагъуэ романым дыхуэмейуэ къызолъытэ».
Бисавалиевыр зытепсэлъыхь, «Ди зэманым и лIыхъужь» романым щыщ «Бэлэ» Iыхьэр Къардэн Бубэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ щытащ. Дагъыстэн театрым къыщаIэта псалъэмакъыр ди щхьэусыгъуэу, ди тхыгъэр Бубэ и зэдзэкIыгъэ зыхуей хуэзам щыщ пычыгъуэкIэ зэхуэтщIыжынщ:
«Сэ гутедзэкIэ Тифлис сыкъикIыжырт. Си гум хьэлъэу илъыр зэрыхъур зы шумэдан цIыкIут, - абы и и зэхуэдитIыр Грузием теухуауэ тха гъуэгу тхыгъэхэмкIэ кудауэ. Абыхэм я нэхъыбэр, фи насыпти, кIуэдащ, ауэ шумэданыр, адрей хьэпшыпхэр щIыгъуу, си насыпти, хэмыкIуэдыкIIауэ къэнащ».