УсакIуэ телъыджэСабий усакIуэхэм я гугъу щыпщIкIэ, зэуэ уи гум къридзэхэм ящыщщ АфIэунэ Лиуан. Егъэлеяуэ купщIафIэу, гъэщIэгъуэну, телъыджэу сабий усэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ абы. Дэтхэнэ зы усэми сабиигъуэм ухишэжу апхуэдэщ. Сабийм ухуэтхэныр куэдкIэ нэхъ гугъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ уи IэдакъэщIэкIыр абы зыхебгъэщIэн папщIэ, а цIыкIум и дунейр фIы дыдэу зыхэпщIэн хуейщ. Сабий дунейри сабиипсэри фIы дыдэу зыхищIэрт Лиуан. АбыкIэ и усэхэм нэхъ щыхьэтыфI ухуейкъым. УсакIуэ телъыджэм и творчествэм тетхыхьащ тхакIуэ Гъэунэ Борис. «Iупэ къудейм къыщежьэ псалъэр и къэпсэлъыкIэкIэ Iейми фIыми гумрэ псэмрэ нэсыркъым. ЦIыху балигъми сабийми я псэм хыхьэр гущIэм къыщежьэ псалъэрщ. Сэ сыкъалъхуным куэдыкIей иIэу къаIуэтагъэнкIи мэхъу апхуэдэ гупсысэр. СщIэркъым. Сыщыгъуазэкъым. «Уэ узыщыгъуазэр сыт-тIэ?» – жыфIэрэ фыкъызэупщIмэ, си нэгур зэлъыIухауэ хэти сеплъурэ жысIэфынущ: «АфIэунэ Лиуан усакIуэ телъыджэт». ЩIэтелъыджэри? Сабийм дахэу, IэфIу епсэлъэфырт. И псалъэр къыщежьэр и гущIэ дыдэрт, зэчий иIэт, Алыхьыр къыхуэупсауэ. Лиуан и цIэр зэхэсхыху, си нэгу къыщIохьэ гуфIэгъуэм зэщIиIэта цIыхухэр. Абыхэм хэт уэрэд жеIэ, хэти долъей-допкIей, хэти и анэм зришэкIауэ абы къриш уэрэд гуакIуэм IэфIу щIожеикI. Пэж дыдэр жысIэнщи, а зи гугъу сщIа теплъэгъуэхэр сэ си нэгу щIэкIащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, «си нэгу къыщIохьэ» жысIамэ, нэхъ тэмэмыр арат. Сабий сад, яслъэ жыпIэми, ди къуажэхэм гуфIэгъуэ зэхуэсышхуэ щекIуэкIхэми сэ куэд дыдэрэ слъэгъуащ АфIэунэ Лиуан и усэхэм яфIэгъэщIэгъуэну сабийхэр къеджэу, абы къыдигъэкIа тхылъхэр зэIэпахыу щIаджыкIыу, абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр цIыкIухэм щагъэзащIэкIэ, Iэгуауэшхуэ хуаIэту. АбыкIэ сэ жысIэну сызыхуейр нэхъыщхьэу зыщ: сабийр апхуэдизу зыгъэгуфIэф, зыгъэгушхуэф АфIэунэ Лиуан и насыпт. ЖысIам щыхьэт нэс техъуэу мыр сигу къокIыж. Ботэщей къуажэм (Плановскэ) ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэмрэ абы дэт сабий садышхуэм и гъэсакIуэхэмрэ драгъэблэгъат усакIуэ, тхакIуэ гупыфI. А махуэм ди гъусатэкъым АфIэунэ Лиуан, ауэ сабийхэм нэхъыбэу жаIэр абы и уэрэдхэмрэ и усэхэмрэт. Си щхьэкIэ сехъуэпсащ Лиуан, и ехъулIэныгъэхэм сыщыгуфIыкIащ, сригушхуащ, ин срихъуащ… Сабийм и хьэл-щэныр, абы и дунейр, и психологиер, и гумрэ и псэмрэ щыщIэр АфIэунэ Лиуан хуэдэу куууэ, щызу къэзыгъэлъэгъуэф адыгэ усакIуэ сэ си щхьэкIэ срихьэлIакъым. Радиом сыщыщылэжьа зэманым Лиуан и усэхэр радиокIэ къэсту щIэздзэри, лъэIу письмохэр уэру къысIэрыхьэу хуежьам и мызакъуэу, балигъхэри къэпсалъэрт, яфIэгъэщIэгъуэнт, яфIэтелъыджэт Къулъкъужын Ипщэ (Абзуан адыгэ жылэжьым) щалъхуа, щапIа щIалэм и IэдакъэщIэкIхэр. Гуапэщ ди композиторхэми АфIэунэм и усэхэр гулъытэншэу къызэрамыгъэнар. Абы и псалъэхэр щIэлъу сабий уэрэд тIощIым щIигъу зыгъэпса композитор щыIэщ. А псор къедмыбжэкIми хъунущ, сыту жыпIэмэ ахэр щIэх-щIэхыурэ радиокIэ къат, сабий садхэм, школхэм щагъэзащIэ. Сабийм илъагъумрэ абы псэкIэ зыхищIэмрэ гъуэзэджэу къеIуэтэф АфIэунэ Лиуан. Езым ещхьу и усэхэри гу къабзэ-псэ къабзэщ. Сэ фIыуэ слъагъурт а усакIуэ телъыджэр. ЩIэслъагъури пщIэшхуэ щIыхуэсщIри и тхыгъэхэм я закъуэкъым. Езыр сыт щыгъуи сабырт, Iэсэт, зэпIэзэрытт, Iэдэбт, зэтеубыдауэ, дахэу цIыхухэм яхэтыфырти аращ. ЦIыхугъи лIыгъи хэлъащ. Си фIэщ хъуркъым абы хьэтыр гуэркIэ е IуэхутхьэбзэкIэ цIыху къекIуалIэкIэ «хьэуэ» къыхигъэкIауэ. Куэдрэ слъэгъуащ сэ АфIэунэ Лиуан езыр зыпэрыт, къыпэщылъ лэжьыгъэр зригъэтIылъэкIыурэ зыкъыхуэзыгъэза цIыхум ейр япэ иригъэщу. Апхуэдэхэракъэ-тIэ «цIыху къилъхуа, цIыху ипIа цIыхущ» жыхуаIэжыр? Мы сатырхэр здэстхым си нэгу къыщIохьэж АфIэунэ Лиуан и нэгу угъурлыр: зэзэмызэххэ фIэкIа схуэмыгъэдыхьэшх а лIы хъарзынэр дауэрэ сщIыми зэгуэр къэзгъэгуфIати, сэри сыщыгуфIыкIырт, и тутыным кIэгъуасэ кIыхьышхуэ пищIами, абы екъуну хунэзгъэсыртэкъым, хъыбарыпцI дыхьэшхэн гуэр ди ныбжьэгъухэм къащыщIа хуэдэу зэхэслъхьэти, модрейри и фIэщыпэу къызэдаIуэрт. А псори и фIэщыпэ зэрыхъуам щхьэкIэ сэри ныбафэуз сыхъуат. Аращ. Псэ хьэлэлыр сыт щыгъуи жыIэзыфIэщщ…» Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2025 - 13:57 →
ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу артисткэ
14.11.2025 - 11:56 →
И лэжьыгъэм иринасыпыфIэщ
13.11.2025 - 09:58 →
И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 →
IэпэIэсэ
12.11.2025 - 14:08 →
Дыщэ хьэмэ дыжьын?
| ||



