Сыхуейщ вгъэщIэну гъащIэ дахэ

«Адыгэ псалъэм» илъэс куэд лъандэрэ и ныбжьэгъуфIу къекIуэкIхэм ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, гъэсакIуэ икIи ущиякIуэ ДыщэкI Марие. Илъэс 50-м щIигъукIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыта ДыщэкIым усэ купщIафIэхэр и къалэмыпэм къыпокI. Абыхэм ящыщ зыбжанэ къытехуащ ди газетым и напэкIуэцIхэм. Ди газетеджэхэм я пащхьэ нобэ идолъхьэ хэкупсэу зи гъащIэр зыхь бзылъхугъэм, нэхъыжь Iумахуэм и усэ IэрамэщIэм щыщ зыбжанэ. «Сыхуейщ вгъэщIэну гъащIэ дахэ» зыфIища усэ гупыр теухуащ гъащIэм и зэхэлъыкIэ щхъуэкIэплъыкIэм, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэм, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, динымрэ фIэщхъуныгъэмрэ. 

Си къуажэгъухэ!
Сыхуейщ вгъэщIэну гъащIэ дахэ,
Влэжьын узыншэу IуэхуфI куэд,
СолъэIур Тхьэм фыщымыщIэну
Насып, цIыхугъэ, акъыл нэху.
Сэ сфIэфIщ сыт щыгъуи хъыбар гуапэ
Фэ фтеухуауэ зэхэсхын
Фи щIыхьыр лъагэу, псэм фыхуахьу
Ди жылэм куэдрэ фыдэсын.
Убагъуэ минкIэ фэ влэжь Iуэхухэр,
Фи псалъэ гуапэр куэд ирехъу,
Хэвгъахъуэу ягу фи нэхъыжьыфIхэм 
Фи жьантIэм куэдрэ дырырес.
Къыфхурехъумэ Тхьэм фи щIэблэр,
Фхуэфащэу ахэр къыфхурехъу,
Нэмысыр куууэ дякум дэлъу
Гъищэ дгъэщIэну Тхьэм солъэIу.
*   *   *
Къыщохъур гъащIэм игъащIэм пщIа IуэхуфIхэр
Зэ закъуэ умыщIэфам щигъэкIуэдыж.
Къэхъуркъэ куэдрэ, умыщIэу зэтрихъа псори
Зэ закъуэ пщIа гукъэкIым щыдэкIуэд.
СфIэхьэлэмэтщ апхуэдэм деж цIыху куэдым
А тIури зыуэ, зэщхьу къыщалъытэм деж,
ЖызмыIэфын а тIур сэ зэхуэдабзэу
Си гъащIэм мыхьэнэ щагъэзэщIау. 
Хъарзынэщ ари, гуапэщ зэзэмызи,
ФIы щIэныр уи гум къэкIыу гупыж щыпщI,
Ауэ икIагъэщ зыгуэрым и нэхейкIэ
Упеуэу зэзэмызэ зыбгъэфIын.
Нэхъ хьэлэмэтыращи, яхэтщ цIыхухэм
Я ныбжъэгъу пэжхэр хыфIэзыдзэжыф,
ИгъащIэм къыхуащIар ящыгъупщэжу,
Бзаджагъэ хуекIуэхэр нэхъ къыщыхах.
ИгъащIэм дыхуагъасэ дэ мы хабзэм:
Дымыубыну зэи дэ благъэжь.
Апхуэдэщ дэ ныбжъэгъуу диIа псори,
ХыфIэвдзэжыным ахэр фемыпIэщIэкI.
*   *   *
ЦIыхум и мылъкуми иIыгъ къулыкъуми
Сэ сыволъэIур фемыхъуэпсэну,
Тхъэшхуэм и фIыщIэкIэ а псом ухуеймэ,
ЩIэбэн ерыщуи зэбгъэгъуэтынщ.
Дыхъуапсэ хъумэ, дызэхъуэпсэныр
Зигу зэIухауэ хэткIи хьэлэлырщ,
ЩIэблэу къытщIэхъуэр гъэса хъун щхьэкIэ
Щапхъи чэнджэщи зыгъэлъэгъуэфырщ.
Хабзэ-нэмыскIэ щапхъэ трахыу,
ЖьантIэр тIысыпIэу зыхуагъэфащэрщ.
Дыздевгъэхъуапсэ зи лъэужь дахэр
ЦIыхухэм къахуэнэу зэи мыкIуэдыжхэм,
НэхъыфIщ дехъуапсэм, дунейм ехыжми,
Зи цIэр гъэ минкIэ къэзыгъэнэфхэм.
*   *   *
ГъащIэм щекIуэкI залымыгъэ куэдыр
Си гум щIыхьэу сигъэлIэнкIэ хъунт,
Сыт къэмыхъуми иужь дыдэ псалъэр
Тхьэшхуэм и унафэу къэзмыщIам.
Хьэкъ фщырехъу ар япэм зымыщIахэм
Лей къыфлъыскIэ, диным зэи фимыкI.
Ар зригъэзахуэу, флъигъэсыжу
ЩыIэщ Алыхь закъуи, фыщыгугъ.
*   *   * 
ЩремыщIэ фIыуэ слъагъухэр:
Къуажэдэс нэмыс,
ГъащIэм и тыгъэфI,
Унагъуэ лъапIэныгъэ, 
ЛэжьапIэ лъытэныгъэ,
Iэпкълъэпкъ узыншагъэ ,
Бын арэзыныгъэ,
Щхьэгъусэ тыншыпIэ, 
Благъэ и гуапагъэ,
МылъкукIэ изыныгъэ,
ЦIыхукIэ лъагъуныгъэ.
*   *   *
«Упсэу!» жытIэну куэду щхьэусыгъуэ,
«Берчэт бесын!» хуэфащэу IуэхуфI куэд,
«Тхъэм уигъэпсэу!» зыхужытIэн псапащIэ,
«Насып тхъэм къуит!» къэзылэжьыф цIыху куэд,
«ФIыр Тхьэм къыпхуищIэ!» щIыжытIэн Iуэхутхьэбзэ,
«Тхьэр арэзы къыпхухъу!» зыхуэфэщэн щIэблэ
ДыщымыщIэну, Тхьэшхуэ, уэ долъэIу!
*   *   *
«Уи напIэр гъалIи лIы зэгъэгъуэт», - 
Ар хэт жиIами,ещхьу къысфIэмыщI.
«Утыкур бгъуэтмэ, уи джатэр къих», - 
Чэнджэщу ахэр хэти къигупсыст?
Апхуэдэр зи мурадыр нысэ пхуэхъуфын?
Iэмал иIэххэм тIысэгъуи фымыщI.
НапIэр игъалIэр зыми щымыщ,
Унэр зыкIзыщхьэ иремыщI,
Абы илъ хабзэм пщIэи хурещIыф.
Гуащэри и анэу кърелъытэфи,
 Тхьэмадэр адэу ирегъэувыф. 
 
*   *   *
Фи щIалэр щхьэгъусэфIым дэунэу,
БыныфIхэмкIэ пагэу,
И фэкIэ щызрэ зытеджалэр и былыму,
Адэ-анэм хуэпэжрэ,абы жаIэр и гъуазэу.
Унагъуэ дахэу псэуну. Аминь!
Фи нысэ цIыкIуми лъапэ махуэ къихьауэ,
Лъэдакъэ махуэ къыщинауэ,
НэхъыжьхэмкIэ гуапэрэ нэхъыщIэхэмкIэ щапхъэу,
Фи Iэужьыр игъэдахэрэ, фи лIэужьыр игъэбагъуэу
 Фи лъапсэм нанэ щыхъуну Тхьэм жиIэ.
*   *   *
Иремыхъу фи щIалэр фыздэубзэ,
Щыхуейм и дежи лIыгъэ къыкъурекI,
Щремыгъупщэ адэ-анэ псалъэр.
Абы тету ухъу унагъуэ лъэщ.
Нысэ цIыкIур иремыхъу жьантIакIуэ,
Гум еуэн псалъи зэи къремыпсэлъ.
Унэм илъ щэхур иремыхь зыщIыпIи.
ИмыщIэ жиIэу хьэблэм дремыт..
*   *   *
ЦIыхум и блэкIам ауан хыумылъхьэ,
Уэ пщIэрэ щыплъысынур мы дунейм?
Абы дэ дагъуэу хуэтщIа дыдэр, пщIэрэ,
Мы ди щхьэм къылъысынкIэ хъунщ пщэдей.
Иумыхъуэн уэ куэдрэ дзы гуэр зиIэм,
Бгъэбатэу куэдри утемыпсэлъыхъ,
«Сэ езым схэлъ псор фIы дыдэ защIэ?» - 
А гупсысэр ди щхьэм идывгъэгъэлъ.
ЩымыIэ цIыху зыхэлъу дагъуэ защIэу,
ФIы псор зэхуэхьэсауи зым хэмылъ,
ФIыр куэдрэ дагъуэр мащIэу нэхъ щытыхукIэ
Нэхъ лъагъугъуафIэщ хэти, псэр дехьэх.
Ауэ дэ псоми диIэщ зы узыфэ,
Ар зэрытщыхъурщ псом нэхъ дынэхъ Iущ.
Тэмэмт, ди ныкъусаныгъэхэр тлъагъужрэ,
Iэмал зэриIэкIэ нэхъ мащIэ тхуэщIыфам.
КъыдгуроIуэ Iуэху дызэрыхуейуэ,
Псоми ди гупсысэр мышэщIа,
Зи хьэсэпэр кIэщIым уэ фIэкIыфи,
Езыми абы щапхъэ къыхихынщ.
*   *   *
Адэ-анэм я хъуэпсапIэр
ЯIэнырщ быныфI,
Къахуэгуапэу, къахуэсакъыу
ХуащIэнырщ IуэхуфI.
Сыт абы гугъуехьу хэлъыр,
Анэр бгъэгуфIэным?
Сыт хьэлъэу къащIыщыхъур
Адэр бгъэгушхуэныр?
Быну ар зыхузэфIэкIым
Сыту и насып,
А фIыгъуэшхуэр зылэжьыфым
ХуэмыфIащэр сыт?
Ялъагъу быным дэ тщIэф псори
Быдэу щIы уи фIэщ,
Уэ уи жьыщхьэм бгъуэтыжыныр
Хэпса жылэращ.
ГъащIэр мащIэщ арыншами,
Нэхъри гугъу фымыщI.
Псэр щIэшынэуэ ажалыр
Хъуэпсэгъуэ ящывмыщI.
Жэнэт нэху зи лъэгу щIэлъ анэр
ТеIэпхъэ фымыщI,
Фтеубгъуауэ щыта адэр
Жэгъуэгъу зыхуэвмыщI.
Зыщывдзей фыкъэзылъхуахэм
ХуевгъэщIын хъуэн лей,
ГъащIэ псокIэ щхьэр щIэIуауэ
ЩIэпсэун дзы лей.
*   *   *
ХэтхъукIынум фи щхьэц налъэ,
Щрет жьыгъэм и Iэужъу,
КъекIуэн хъумэ нэпс ткIуэпс фи нэм,
Щхьэусыгъуэ ухъу гуфIэгъуэ.
КъопIэстхъыну щIидзэм узым,
КъыщIыкI щыIэу фи хущхъуэгъуэ,
Вгъэвын хуей хъум нэщхъеягъуэ,
Нремыс Iей дыдэу узым.
*   *   *
Уи щхьэм къылъысыну узыхуэмей псоми
Зы цIыху закъуи хуейкъым - быдэу щIы уи фIэщ.
Уэ жагъуэ пщыхъуныр е умыщIэфынур
Пумыубыд нэгъуэщIым – ари уигу игъэлъ .
*   *   *
Иджыри къэс къывжамыIа псалъэшхуэ,
Къыфлъымысауэ щыIэм фIыгъуэ гуэр,
Былымрэ мылъкукIэ зыгуэр дехъуэпсамэ, 
Къэдмыхьыфау къэнамэ фIыщIэ гуапэ,
Е фIыуэ тлъагъукIэ тIэкIу дынэщхъеямэ,
СолъэIур, Тхьэшхуэ фIыкIэ тхузэхъуэкI.
*   *   *
Арэзы пщIыфыну цIыхуу щыIэр
СынолъэIур уэ гугъу зумыгъэхь.
Е кIуэдынкъым фIыуэ сщIахэр псори, 
ЖыпIэу уи пщIыхьэпIэ къыумыгъэкI.
ФIыри Iейри цIыхуу щыIэ псоми
Къызэрапщыр езым я щапхъэжщ.
Уи щхьэр яфIэдахэ - фIы жаIэнущ,
ТIэку уатекIуэм - пщIахэр хэкIуэдащ.
ЖиIэфынкъым фIы уэ узижагъуэм,
Зи нэфI къыпщыхуам уигъэпIиинщ,
ФIагъыр мащIэ дыдэу фIэкI пхэмылъми,
Уэ нэхъыфI щымыIэу игъэIунщ.
Зедвгъэгъасэ цIыхум хэлъ фIыр тлъагъуу,
МыхъумыщIагъэри сэтей къэдвгъэщI,
Зыхуэфащэм къилэжьыр жедвгъэIэ,
Емыщхь куэд зыхэлъри дывгъэущий.
Дауэ щытми, хуэдвгъэщIыж пщIэ ди щхьэм,
Тхьэшхуэм и губгъэни къэдывмыгъэхь,
Ар дгъэзэщIэфыну, тхулъэкIыну,
ЛIыгъи пэжыныгъи зыхэдвгъэгъэлъ.
*   *   *
ГуфIэ защIэу дунейр зыхь щымыIэ ,
Гуауэ хэмыта сыIумыщIа,
Зыхьыфар хэт гъащIэр зэи мыгъыу,
Е зэи мышхыдауэ зыгуэр фыхуэза?
Къыщыхъуаи щыIэщ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуэтщIу,
Iуэхуу диIэр къыщыдэхъулIа,
Мы ди Тхьэм и ней къытщыхуа къытфIэщIу
«Лей гуэр зесхьауэ пIэрэ?» - щыжытIа.
Апхуэдэщ гъащIэр: зэм пшагъуэщ, зэми дыгъэщ, 
Мы ди щхьэм къылIысыныр сыткIэ тщIэн?
Сыт хуэдэ увыIэпIэ дримыгъэувами,
Ди Тхьэшхуэм ину губгъэн хуэдывмыгъэщI.
ДевгъэлъэIу гущIэгъу дыхимыныну,
НэхъыфIт ди Iуэхур абы бгъэдэтлъхьам.
ФIыри Iейри тхуэзыугуэшыр арщи,
Тхьэгъэгубжъ дымыхъуу акъыл къыткъуэкIам. 
Къыплъысам ещхь гуауэ зы щымыIэу,
СыволъэIур зэи къэвмыпсэлъ.
КъыдищIэн и куэдщ ди щыгум итми,
Нэхъ Iейм дыхуимышэнкIэрэ - Аминь!

Зыгъэхьэзырар КЪАРДЭН Маритэщ.
Поделиться:

Читать также: