ЩIэупщIэ зиIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтахэрГъэ къэси хуэдэу, КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым «Архитектурэмрэ дизайнымкIэ» и кафедрэм къыщIигъэкIащ Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэмкIэ и унэтIыныгъэм хыхьэ «Художественнэ хэдыкI» IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтахэр. КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм щагъэлъагъуэ абыхэм я диплом лэжьыгъэхэмрэ я егъэджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ. Иужьрей илъэс тIощIым мы IэщIагъэхэм КъБКъУ-м щыхурагъаджэ икIи абы къриубыдэу а къудамэр къэзыухахэм республикэм, къэралым я гъуазджэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым къыдэкIуэу, щIэблэр пасэрей IэпэIэсагъэм хуагъасэ. Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм я творческэ зэгухьэныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэм хыхьэу икIи ар хуэгъэпсащ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр хъумэным, декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшыпхэр утыку къихьэным, ахэр зи IэдакъэщIэкIхэр гъэгушхуэным. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уянаевэ Iэминат, цIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрым и унафэщI Урыс Аслъэн, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм жаIам нэхъыщхьэу къыхагъэщащ КъБКъУ-р къэзыух IэпщIэлъапщIэхэм щIэныгъэфI зэрабгъэдэлъыр, я зэфIэкIымрэ я IэпэIэсагъэмрэ уригушхуэ зэрыхъунур икIи ехъуэхъуащ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ ехъулIэныгъэрэ зэфIэкIрэ щаIэну. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ «Художественнэ хэдыкI» IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтахэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэу Унэж Залинэрэ Мырзэкъан Радимэрэ ящIахэр. Лэжьыгъэхэм ущеплъкIэ гу лъыботэ щIалэгъуалэм я гъэсакIуэхэм я зэфIэкIхэр зэрызыхалъхьар. Мы IэщIагъэм хуеджахэм я лэжьыгъэхэр куэду зэщхьэщокI. Художественнэ хэдыкIыр къагъэсэбэпу ягъэхьэзыра адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэр зэрызэрагъэпэщыжыр, ахэр зэманым декIуу къызэрагъэщIэрэщIэжыр удихьэхыу къагъэлъэгъуащ, дыщэидэр, бзылъхугъэ хьэгъуэлIыгъуэ бостейр хьэпIацIэщыгъэкIэ гъэдэхэныр хыхьэу. Гъуазджэм и дахагъэр зэрыщIэншэр мыбдежми щынэрылъагъущ. Зыщыщ лъэпкъым и щэнхабзэм и хэлъхьэныгъэ къудей мыхъуу, а IэрыкI гъэщIэгъуэнхэмкIэ гурыIуэгъуэщ IэпщIэлъапщIэхэм я Iэзагъэр, пасэрей лъэпкъ IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэ ахэр зэрыхъур. Унэж Залинэ и гуапэу къыхигъэщащ лъэпкъ цIыхухъу, бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэр зэрыгъэдэха дыщэ, дыжьын идэхэм, уагъэ зэIущэным я гъэсэнхэр зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр. Махуэ къэс щыптIагъэ хъунухэм къадэкIуэу, хьэгъуэлIыгъуэ фащэхэри гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэм и пкъыгъуи, езым я еплъыкIи зэхаухуанэу къагъэщIэрэщIэжахэри къызэщIиубыдэу. Выставкэм щыщщ дыщэидэ лъэпкъ дамыгъэхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ хадыкIа фэилъхьэгъуэхэр. Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми къытощ хъыджэбзхэм я IэпщIэлъапщIагъэр, шыIэныгъэр, плъыфэр зэрызыхащIэр, лъэпкъ щэнхабзэм хуаIэ лъагъуныгъэр абы къызэрыщыгъэлъэгъуэжамрэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэ, щэнхабзэ дахагъэр хэIущIыIу зэращIымрэ. Уянаевэ Динарэ игъэхьэзыращ хьэпIацIэщыгъэкIэ хэдыкIа, налкъутрэ тхыпхъэкIэ гъэдэха иджырей балъкъэр хьэгъуэлIыгъуэ фащэ, «Баш ау» хабзэм папщIэ зыхуеину, IэкIэ хидыкIа IэлъэщIихи щIыгъужу. Кумыщ Данизэ и диплом лэжьыгъэхэр и щапхъэщ Хадид Захи и архитектурэ ухуэныгъэхэм. А фэилъхьэгъуэхэр я плъыфэкIи гъэхьэзырыкIэкIи зэщхьэщыкIырт. Абы къыхигъэщащ Хадид и лэжьыгъэхэр я лъабжьэу дуней псом и щIыналъэхэм щыIэ ухуэныгъэ инхэм мы щыгъынхэр игъэхьэзырыным зэрыхуагъэушар. КIэщIу жыпIэмэ, Данизэ къигъэлъэгъуащ архитектурэм фэилъхьэгъуэхэм я дизайн гъэхьэзырыкIэм зэхъуэкIыныгъэ зэрыхухэлъхьэр. Декоративно-прикладной гъуазджэм щIалэгъуалэр зэрыхуэмыхамэр узыгъэгуфIэ Iуэху дахэщ. НыбжьыщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа хьэпшыпхэмкIэ нэрылъагъущ республикэм и декоративно-прикладной гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIыну, пасэрей IэщIагъэхэм я гъэхьэзырыкIэм зыщызыгъэгъуэзэну, абыхэм зезыгъэужьыну щIэблэ щIыналъэм зэриIэр. ЕджапIэр къэзыуххэм я щIэныгъэ унафэщIхэу Унэж Залинэрэ Мырзэкъан Радимэрэ фIыщIэ хуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я фэилъхьэгъуэхэм я тхыдэр фIыуэ зэрырагъэджамкIэ, я лэжьыгъэхэр щагъэхьэзырым къазэрыдэIэпыкъуамкIэ, чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ къазэрыхуэупсамкIэ. Унэж Залинэ щIигъужащ хъыджэбзхэм я IэщIагъэм иджыпсту щIэупщIэ ин зэриIэр. Языныкъуэхэр дизайнеру зэрылэжьэфынур, адрейхэм щыгъыныгъуэхэр къагупсыс зэрыхъунур, республикэм, къэралым, дуней псом щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ жармыкIэхэмрэ я IэрыкIхэр хагъэхьэну Iэмал зэраIэр. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
21.07.2026 - 17:00 →
«ЛЭСКЭН ХЪЫДЖЭБЗ»
21.07.2026 - 15:19 →
Псэм къищтэ усэхэр
21.07.2026 - 12:26 →
Адыгэ новеллистикэм и зэхэублакӀуэ
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
| ||




