ПРОЗЭУ ТХА УСЭХЭР

«Прозэу тха усэхэр» жанрым лъэпкъ литературэм хъарзынэу зыщиужьауэ къэплъытэ хъунущ. Ди тхакIуэхэм ящыщ куэдым я творчествэм ущрохьэлIэ апхуэдэ тхыгъэ кIэщIхэм… КIэщIми, гупсысэ пыухыкIа ящIэлъщ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ, узыщIагъэгупсысыж. А жарным зи къалэмыпэр щызыгъэбзахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмиди.

Псалъэм и пщIэр

Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэу тхьэIухудт КIуэракIуэ. Зэгъунэгъу жылагъуиблри къыхузэпещэрт. Ауэ ирахьэжьэну къракуртэкъым: цIыхухэм жаIэрт КIуэракIуэ Албэч и къэшэну, а тIур зэхуэзэу е зэпсалъэу зыми имылъэгъуами.

МащIэ дэкIа, куэд дэкIа, сытми, зэгуэрым зэрымыщIагъэкIэ япхъуатэри, КIуэракIуэр шу гупым ирахьэжьащ.

Албэч ар къыщищIэм, и шы-уанэ зэщIилъхьэри якIэлъежьащ. И щIопщыр зылъэIэсыр шым къригъэпсыхыурэ, пщыкIубгъум яфIэкIащ, етIощIанэм Iэдэбу бгъэдыхьэщ, щабэу пщащэр къыIэщIихыжри зыдаха пщIантIэм диутIыпщхьэжащ.

Куэдыщэ димыгъэкIыуи лъыхъури, КIуэракIуэ тхьэIухудыр щхьэгъусэу къишащ.

ИлъэсипщIи дэкIащ.

Илъэс тIощIи дэкIащ.

Бын яIэтэкъым.

Благъэми гъунэгъуми ялъэкI къагъэнакъым КIуэракIуэ ирырагъэкIыжу нэгъуэщI кърагъэшэну. Зыри къикIакъым. Албэч и тхьэкIумэ зы псалъэ иригъэхьакъым, зыми зыри пимыдзыжми. Ауэ зэи КIуэракIуэ и жагъуэ ищIакъым. Щымыхъум, тIэкIу-тIэкIуурэ благъэри гъунэгъури зэтесабырыжащ. Зэщхьэгъусэхэр илъэс хыщIкIэ зэдэпсэуауэ, КIуэракIуэ щылIэм, мыпхуэдэу къэлъэIуащ:

- КъызжеIэт, лIыжь, нэгъуэщI мыхъуми, сыщыщIалэм фIыуэ сыкъэплъэгъуа?

- Умыгузавэ фызыжь, - етыж Албэч жэуап, - умыгузавэ: пщIэну щыткъым, услъэгъуагъэнкIи хъунщ.

 

«Еплъ Къызбрун»

А тIур унагъуэу зэрытIысрэ илъэс ирикъуатэкъым. Зауэ мыгъуэжьыр къэхъейри…

И упщIэ пыIэр къищтэри цIыхухъур дэкIащ, бийм пэувыну…

ЩыдэкIым, нысащIэм къыхуигъэнащ:

- Уигу сыкъихьэ хъумэ, Къызбрун еплъ, Къызбрун си фэеплъщ.

Я унэр Къызбрун и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъапэ дыдэм кIэщIэтт.

Мазих докI.

ЦIыхухъур хъыбарыншэщ.

Ауэ къуэ къыхуалъхуащ.

«Къызбрун еплъ…»

Илъэс дэкIащ, хъыбар зэрыщымыIэщ; зауэр нэхъри зэщIоплъэ.

ЦIыхухъум хуэдэу зэщIэкъузауэ, фызыжь нэхъей гъуабжэлъабжэу хуэпауэ, и бын епIыж нысащIэм, езым и къалэнри, лIым и къалэнри зэдихьу…

Зауэр еух, ауэ цIыхухъур хъыбарыншэщ.

«Къызбрун еплъ…»

ЖэмкIэ щывэ зэманти, нысащIэр мэлажьэ, ибг щIэкъузауэ, белкIэ колхозыщIыр итIу, фIанэр игъэтIылъмэ, шэмэдж къищтэу; махуэ псор губгъуэм щигъакIуэу, хьэлIамэпсыр езым  ирифрэ хьэлIамэр и сабийм къыхуихьу, махуэм колхоз хьэсэр зэрихьэрэ жэщкIэрэ и унэ хадэр зыхуей хуигъазэу.

«Къызбрун еплъ…»

Ауэрэ унэжь тIэкIум къауэу щIедзэ.

Сыту жыжьащэу IукIуэтат Бахъсэныжьи! Псыхьэ щыкIуэкIэ – зэ зы мывэ къызэдехь, зэ етIуанэр. ПэгунышхуитI зыщIэуа пхъэхьыр и дамащхьэм телъу, мывэр и блэгущIэм кIэщIэлъу… Ари дэгъэзеигъуэ кIыхьым…

Апхуэдэ защIэурэ мывэ пыпхъуэфI зэригъэпэщауэ щалъагъум, хьэблэр зэхолъадэри, хэт ятIагъуэ къехь, хэт хьэуазэ къешэ, хэти мэз макIуэри пхъащхьэ хухех… Арати, пщIантIэм унэщIэ къыдагъэувэ.

Абы хэтурэ и сабий закъуэри балигъ мэхъу. Кърегъашэри и лэгъунэ щIегъэтIысхьэж.

АпщIондэхукIэ езыри къыпхуэмыцIыхужыну жьы мэхъу…

Еплъ, Къызбрун, еплъ а цIыхубзым…

 

Пэплъа

УнэщIэ ящIри щIэтIысхьэжати, анэр жейм емызэгъыу нэху къекIащ. Пщэдджыжьым и къуэр къыщIохьэри:

- Дауэ нэху укъекIа, ди анэ?

- Сыгупсысэу сыхэлъащ, тIасэ.

- Сыт ди анэ апхуэдизу узэгупсысар?

- Зауэм зэрыдэкIрэ къэт уи адэр ныжэбэ къэкIуэжрэ и пщIантIэр къимыцIыхужу IуигъэзыкIыжмэ жысIэри, сыгузавэурэ си нэбдзыпэ зэтеслъхьакъым.

 

ЛъакъуапIэ

- Къэгъазэ, ущымыуэ, - лъаIуэрт цIыхубзыр.

- Хьэуэ, къэзгъэзэнукъым.

- Сэ хьэтыр симыIэми, ди щIалиплIымрэ ди хъыджэбзитIымрэ я хьэтыркIэ къэгъазэ.

- Хьэуэ.

ЛIыр, щIэбэкъукIри, уэшх къежэхым хэбзэхащ.

ЦIыхубзыр, блын гъэжам хуэдэу зэфIэту, щхьэгъубжэм Iутт. Асыхьэтым уафэр ину къэхъуэпскIри, абы къилъэгъуащ пщIантIэку дыдэм къина лъакъуапIэр: ятIэ цIынэм IупщIу къыхилъагъукIат цIыхухъу шырыкъум тридза дамыгъэр.

КIэструлышхуэ Iубауэ щытти, а япэу къыIэрыхьар къипхъуатэри щIэжащ цIыхубзыр. Уафэм и хъуэпскIыгъуэм зыхуигъазэри, лъакъуапIэм кIэструлышхуэр триIубащ. Абы теувэщ, щIым фIыуэ хикъузэри, зы мыви трилъхьэжащ.

…Илъэс куэд дэкIауэ, фызыжьри мыпсэужу, абы и къуэрылъху хъыджэбзым сигъэлъэгъуащ кIэструл Iубар. Ар пхъэбгъукIэ къэщIыхьат – Iэщ е сабий зэран хуэмыхъун хуэдэу.

- Зэзэмызи кIэструлыр къиIэтырти лъакъуапIэм еплъу щыст ди анэшхуэр, - жеIэ хъыджэбзым, мащIэуи погуфIыкIри.

- Уи адэшхуэм къигъэзэжакъэ?

- Хьэуэ. Ар иджыри псэущ… Еханэрэ ебланэрэ, сщIэркъым, аргуэру зыгуэрым хыхьэжащ. Ауэ, зэрыжаIэмкIэ, нобэр къыздэсым магъ, сыту сынасыпыншэт, жери.

- Уи анэшхуэр…

- Си анэшхуэм дэкIуэжын Iуэху, дауи, зэрихуакъым. ЕтIысэх имыIэу и бынхэм ятелэжьащ, и къуиплIми къригъэшащ, и пхъуитIри иритащ. И бынхэми зэи япиубыдакъым, фи адэм фыкIэлъымыкIуэ, фымылъагъу, жиIэу. И къуэ нэхъыщIэ дыдэм бжьыхьэм къригъэшауэ, езыр щIымахуэм лIащ…

Сэ сыхуоплъэкIыж зэкъуэшиплIри зыдэс пщIантIэ кIыхьым и курыкупсэм щыхэтIа кIэструл Iубам. Ар пхъэбгъукIэ къэщIыхьащи, кхъэлэгъунэм ещхь мэхъу. Хэт ищIэрэ, иджыпсту сэ къызэпсалъэу щыт хъыджэбзми, абы и шыпхъухэми, и дэлъхухэми къащыхъу къыщIэкIынщ зыкъом лъандэрэ ямыIэж я анэшхуэри щхьэегъэзэпIэ зымыгъуэту нобэр къыздэсым къэзыкIухь я адэшхуэри мыбдеж щIэлъу…

 

 

Поделиться:

Читать также: