Я щIыналъэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щагъэгъуазэ

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр ныбжьыщIэхэм я нэгу зыщрагъэужь зэман мыхъуу, я щIэныгъэми щыхагъахъуэ пIалъэщ. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал библиотекэм лъэпкъ, лъахэхутэ литературэхэмкIэ и къудамэхэм мы махуэхэм ирагъэблэгъащ еджакIуэхэр. Абы хыхьэу ныбжьыщIэхэр я щIыналъэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щагъэгъуэзащ.

«Ди щIыналъэм щызекIуэ хабзэхэмрэ дауэдапщэхэмрэ» лъахэхутэ сыхьэтым жыджэру хэтащ ныбжьыщIэхэр. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм зэхыхьэр гъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкIащ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм къадекIуэкI щэнхабзэм, хабзэхэм тепсэлъыхьащ. Я бзэр зэтемыхуэми, лъэпкъитIыр я тхыдэм, зэгъунэгъуу зэрыпсэум зэрешалIэ. Гъуазджэм и дуней телъыджэми хашащ еджакIуэхэр. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я IэпщIэлъапщIагъэми и гугъу хуащIащ. Дыщэидэ, хэдыкI, уагъэ щIын, цыкIэ зэIущэн жыпIэми, лъэпкъ IэпэIэсэхэр куэдым хуэIэзэщ. Абыхэм ижь-ижьыж лъандэрэ щIэблэр хуагъасэу къокIуэкI. Зэхуэсахэр ирагъэплъащ «Вековые традиции кабардинцев и балкарцев» нэтыным икIи ар ягу ирихьащ. Абы къыщыгъэлъэгъуэжат зэгъунэгъуу псэу лъэпкъитIым я псэукIэр.

ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм ныбжьыщIэхэр ирагъэплъащ абы къыщызэрагъэпэща тхылъ дапхъэм телъ тхылъхэм. Ар теухуат лъэпкъ махуэшхуэхэм, IуэрыIуатэм щыщ хъыбархэм ехьэлIауэ къыдагъэкIа тхылъхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также:

13.11.2025 - 09:58 И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 IэпэIэсэ
12.11.2025 - 14:08 Дыщэ хьэмэ дыжьын?