Илъэс бжыгъэ дахэ ирокъуКъэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм я цIыхубэ усакIуэ, РСФСР-м и Къэрал саугъэт Горький Максим и цIэр зезыхьэм и лауреат, япэ балъкъэр усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Зумакуловэ Танзиля бадзэуэгъуэм и 18-м игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур.
Зумакуловэ Танзиля Тырныауз къалэм 1934 гъэм къыщалъхуащ. И адэ Мустэфа хэтащ Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа Граждан зауэм. УсакIуэм и сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм хиубыдащ. И ныбжьыр илъэсипщI щрикъум и унагъуэм и гъусэу ар Къыргъызым ягъэIэпхъуащ икIи илъэс 13-кIэ а щIыпIэм щыпсэуащ, курыт еджапIэри абы къыщиухащ. И япэ усэхэр абы къыщыдэкI газетхэрщ япэу къызытехуар.
1957 гъэм Зумакуловэ Танзиля и лъэпкъэгъухэм я гъусэу Хэкум къигъэзэжащ. «Цветы на скале» и япэ усэ тхылъыр тхылъеджэхэм занщIэу фIыуэ ялъэгъуащ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Сокровенность», «Прохлада гор», «Светильник», «Весна в горах», нэгъуэщIхэри. И усэхэм къыщигъэлъэгъуащ и лъахэм и дахагъэр, Хэку лъагъуныгъэр, балъкъэр лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэ, хабзэ дахэхэр, гуапагъэр, захуагъэр, цIыхугъэр, къабзагъэр. И Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм, поэмэхэм ди къэралым щыпсэухэм я мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщхэри щыгъуазэщ. Танзиля и тхыгъэхэм балъкъэр лъэпкъ щэнхабзэр ягъэбеящ. Жылагъуэм, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным, литературэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI усакIуэм и зэфIэкIым пщIэ игъуэтащ, республикэми къэралми дамыгъэ лъапIэхэр къыщыхуагъэфэщащ. I989 гъэм щыщIэдзауэ СССР-мрэ Налшык къалэм и щIыпIэ самоуправленэмрэ я депутату хахащ. Зумакуловэм «КъБР-м пщIэ зиIэ и цIыху» щIыхьыцIэр къыфIащащ, «Зэныбжьэгъугъэ» орденымрэ медаль зыбжанэрэ къыхуагъэфэщащ.
Тхьэр зэфIэкI къызэрымыкIуэкIэ зыхуэупса, лъэпкъыр зэрыгушхуэ усакIуэхэм ящыщщ Зумакуловэр. И лирикэр республикэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ хъуащ, и лIыхъужьхэр ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм тетщ, щIэблэр гъэсэныгъэ дахэм, Хэку лъагъуныгъэм щIэпIыкIынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Жылагъуэ, политикэ Iуэхухэми хэзыщIыкI бзылъхугъэ Iущым и тхыгъэхэм къыщыбогъуэт зэманым къигъэув упщIэхэми я жэуапхэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




