Адыгэхэр сыт щыгъуи я къафэкIи фащэкIи щапхъэу щытащ, «Кавказым и франджыхэр» цIэр теIукIауэ. А фIыгъуэхэм ямыгъэкIуэду зэрыпащэр щынэрылъагъущ Тэрч районым и «Дуней» къэфакIуэ гупым. Ансамблыр зэрыщыIэрэ илъэситху фIэкIа мыхъуми, и цIэр жыжьэ игъэIуну хунэсащ. Абы текIуэныгъэхэр мызэ-мытIэу къыщихьащ ди щIыналъэ, урысейпсо зэпеуэхэм. НыбжьыщIэхэм зыщагъасэ Дей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм, гуп унафэщIыр Сатибал Казбекщ.
Ансамблыр мы гъэм пашэ щыхъуащ Москва къалэм щекIуэкIа «Урысейм ис зэчиифIэхэм я зэгухьэныгъэ» XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Урысейм и щIыналъэ 64-мрэ Беларусь Республикэмрэ икIа гупи 189-м.
Тэрч районым и Дей къуажэм и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм зэфIэкI ин ягъэлъэгъуащ: ансамблым «Лъэпкъ къэфэкIэхэр» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ, зэхыхьэм и Кубокри къратащ.
Я ехъулIэныгъэхэр зэрызыIэрагъэхьам теухуауэ Казбек къыджеIэ: «ЕхъулIэныгъэм и щэхуу сэ къэслъытэр сабийр нэхъыбэрэ утыку ихьэху, абы и зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным нэхъри ар зэрытригъэгушхуэрщ. Сабий щэ ныкъуэм нэблагъэ согъасэри (илъэси 8-м щегъэжьауэ 17 хъуху я ныбжьу), зэпеуэхэм ахэр щыхэткIэ, адрей къэфакIуэхэми ядоплъейри, нэхъ лъэщ, нэхъыфIыж зэрыхъунум хуегъэпабгъэ. Псалъэм папщIэ, иужьрейуэ «Урысейм ис зэчиифIэхэм я зэгухьэныгъэ» XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм икъукIэ куэд щызэхуашэсат. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ «щапхъэ зытрах» цIэхэр зиIэхэри нэхъыбэрэ утыку къихьахэри. Сабийхэм ар икъукIэ гукъинэж ящыхъуащ, сыту жыпIэмэ зэфIэкI лъагэ зиIэхэм ехьэехуэнми махуэ зыбжанэ лейуэ диIэу Москва зэрызыщаплъыхьами ягъэгушхуащ. Абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ, я къэухьым зиужьынымкIэ.
ДыхущIокъу щIэх-щIэхыурэ утыку дыкъихьэным. Налшык къалэм илъэс къэс щекIуэкI «Кавказым и лъагапIэхэр» зэпеуэм, Ставрополь къыщызэрагъэпэщ «Школ гъатхэ» урысейпсо Iуэхум сыт щыгъуи дыхэтщ.
Нэгъабэ Къэзан щекIуэкIа урысейпсо сабий фольклориадэми дыхэтащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт нэгъаби мы гъэми зэпеуэхэм дыкIуэнымкIэ зыкъытщIэзыгъэкъуахэр, псом хуэмыдэу «Тэрч налмэс Iэмэпсымэ» заводыр (зэадэзэкъуэхэу ЛIэужьхэ Адэлбийрэ Ахьмэдрэ). ГъуэгупщIэри хьэщIэщри къытхузэрагъэпэщащ. КъыддэIэпыкъуащ Хьэрэдурэ Заурбий, Сен Хьэчим сыми. Мы ди зэпсалъэр къэзгъэсэбэпу жысIэну сыхуейт Тэрч щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI КIэрэф Мурадини IуэхущIапIэм пэш щытхухихауэ абы дызэрыщылажьэр. Сэбэп къытхуэхъухэм псоми фIыщIэ яхузощI».
Сатибал Казбек «Кабардинка» къэфакIуэ гупми зэман кIэщIкIэ хэтащ. АрщхьэкIэ сабий гуп игъэсэным и гур нэхъ къыхузэIуха хъуати, абы зрипщытыжащ.
Хабзэр зыхъумэ
- Сэ езыр гъэсапIэм щегъэжьауэ къафэм сыт щыгъуи сыпыщIауэ щытауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ 5-нэ классым щегъэжьауэ нэхъ куууэ абы зыхуэзгъэсэн щыщIэздзащ Быкъыш Казбек деж, - къыддогуашэ Казбек адэкIэ. - Къапщтэмэ, абы щыгъуэм къызгурыIуат къафэм си гъащIэр епхауэ щытыну сызэрыхуейр. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ. «Терчанка» цIыхубэ ансамблым илъэсипщIым щIигъукIэ сыхэтащ, ГуэныкIэ Лиуан дигъасэу. Абы и деж си IэщIагъэм теухуауэ куэд къыщысщIащ, си зэфIэкIым щыхэзгъэхъуащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Сахуэарэзыщ дэтхэнэ си егъэджакIуэми. Унагъуэм, си адэ-анэм си Iуэхур къызэрыздаIыгъри зыщызгъэгъупщэркъым.
Уи упщIэм сыкъытеувыIэмэ, пэжщ, «Кабардинка» къэрал ансамблым зэман кIэщIкIэ сыхэтащ. Абы ирихьэлIэу, Дей къуажэм сабий гуп згъэсэну къэсщтати, наIуэт а лэжьыгъэр нэхъ къызэхъулIэну сыхуеймэ, а тIум я зыр къызэрыхэсхыпхъэр. Ансамблым сыхэтмэ, мыдрей лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл хъунут. Арати, си гур зыхуэгъэтIылъауэ къыщIэкIар сабийхэр гъэсэнырщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэрызухыу иужь сихьащ а Iуэхум (2019 гъэм). Ансамблым и фIэщыгъэр - «Дуней» - зэрестрэ илъэситI хъуауэ аращ, иджыпсту абыкIэ республикэм дыкъыщацIыху.
Къафэм и мыхьэнэр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, япэрауэ, уи хабзэр зэрыуигъэхъумэрщ. Ди лъэпкъ къэфэкIэхэр гъуазджэм и лъагапIэу къалъытэ. Ахэр дгъэкIуэдмэ, апхуэдиз илъэскIэ къыддэгъуэгурыкIуа щэнхабзэри бзэхынущ. Нобэрей зэманми декIуу ар зепхьэфынущ. АдэкIи зи ужь дитыпхъэхэм ящыщ зыуэ къызолъытэ лъэпкъ къафэр тхъумэныр. Абы щIалэгъуалэр дауэ дедгъэхьэхыну жыпIэмэ, зедгъэужьын, щIэ гуэрхэр хэтлъхьэн хуейщ.
Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, иджыпсту икIи гугъущ цIыхур къыдэпхьэхыну, къэфэным хэпшэну. Абы и щхьэусыгъуэр зэманым зэрызихъуэжар арауэ къысщохъу: гур, нэр зыхьэхуу куэд къежьащ, телефоным, Интернетым хущIигъэхьэркъым. ГукIи псэкIи къыхэзыхауэ къафэм зыхуагъэсэну си деж къакIуэхэм нэхъыбэ зэрезгъэщIэным сыхуопабгъэ. ЩыIэщ, дауи, езыхэр хуэмейуэ адэ-анэхэм къашэхэри, ауэ абыи зы фIагъ хэлъщ: зэман дэкIа нэужь, зэгугъур ягу щрихьыжи къохъу. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэхъ ищхьэкIэ ар къыхэзгъэщакъым, ауэ сэри хуэмурэ мы Iуэхум сыхэпщIауэ аращ. Срогушхуэ сабийм ябгъэдэслъхьэр къыщыщхьэпэкIэ.
Къафэр сэбэп зэрыхъур
- Узыншагъэм ехьэлIауи къафэм мыхьэнэ пыухыкIа егъэзащIэ: сабийм и Iэпкълъэпкъым, макъхэр зэрызэхих-зэрызыхищIэ щIыкIэм зрегъэужь. ЩIалэ цIыкIухэм я хьэлри абы епсыхь жытIэ хъунущ - къафэм зэрызыщагъазэ Iэмалхэр нэхъ гугъущи, бэшэч ещI. Гуп щIыжаIэжыр цIыху хыхьэкIэ, хэтыкIэ пщIэн хуейуэ аращи, абы ехьэлIауи къафэм мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ. Нэхъ пасэм ди лъэпкъэгъухэм фащэр зэрызэрахьэу щытар нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъурт, ар щыптIэгъамэ, уи хьэл-щэнкIи удекIупхъэт. Ар, дауи, си гъэсэнхэм зэхащIыкIри, я дуней тетыкIэкIи абы зэрыхуэфэщэным хуопабгъэ. Фащэр щыптIэгъэн щхьэкIэ, уи гупсысэкIэри абы техуэу щытын хуейщ. Сэ сыхущIокъу згъасэ гупым ядэзгъэув къафэхэм я мыхьэнэр нэхъ куу зэрысщIыным. КъафэкIэ цIыхур зыгъэгупсысэн, сэбэп хуэхъун лэжьыгъэхэрщ зи ужь ситынур. Ауэ къызгуроIуэ абы щхьэкIэ иджыри си щIэныгъэми къэухьми хэзгъэхъуэну къызэрыспэщылъыр. Ди хабзэ и лъэныкъуэкIэ сабийхэм нэхъыфIу диIэр яхэслъхьэну, лъэпкъым схузэфIэкI хуэсщIэну си хъуэпсапIэщ.