Кавказыр хуит къащIыжын щIадзат

Ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэбелджылыкI махуэщIхэм ящыщщ бадзэуэгъуэм и 25-р. Советыдзэм а махуэм иублауэ щытащ Кавказыр хуит къэщIыжыным хуэунэтIа дзэ Iуэхур. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а махуэм теухуа и тхыгъэ итщ абы и телеграм-каналым.

«Абы теухуа планыр зэхагъэувауэ щытащ советыдзэм и унафэщI дзэпщхэм, зыхъумэжыныгъэм­рэ ебгъэрыкIуэныгъэмрэ ятещIыхьа, стратегие мы­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу къалъытэу. «Зы лъэбакъуэкIи уикIуэт хъунукъым!» псалъэхэр 1942 гъэм и гъэмахуэм хъуат Дзэ Плъыжьым хэтхэм яхуэгъэза къыхуеджэныгъэ лъэщ. Ди сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ ерыщу бийм пэщIэуват, жылэ къэс, къалэ къэс, лъагапIэ къэс абы къыIэщIахыжыным лIыгъэ яхэлъу щIэзэууэ. 
 Кавказыр хуит къэщIыжыным хуэгъэза зэзауэр Хэку зауэшхуэм и тхыдэм хыхьащ кIыхьлIыхьу екIуэкIа лъыгъажэшхуэу. Ар иухащ 1943 гъэм и жэпуэгъуэм и 3-м. Абы щыгъуэ ди щIыналъэм къанэ щымыIэу щызэтраукIащ фашистыдзэхэр. 
 Ди дзэхэм яхэлъа къызэрымыкIуэ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зэтрагъэщэхащ Кавказым теухуауэ Германием иIа мурад бзаджэхэр. Бийр хуейт Кавказым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэригъэ­хьэу ехъулIэныгъэкIэ дунейпсо зауэм иджыри пащэну. Ауэ советыдзэм фашист зэрыпхъуакIуэ­хэм я ебгъэрыкIуэныгъэр къызэтригъэувыIа къудейкъым, атIэ бийр хигъащIэри, иубыдауэ щыта жы­лэхэри хуит къищIыжащ. 
 Сталинградрэ Кавказ щIыналъэмрэ ди дзэхэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр хъуащ Дзэ Плъыжьыр Берлин хуэзышэу ТекIуэныгъэ Иныр къихьыфынымкIэ джэлэс нэхъыщхьэ. Кавказым папщIэ екIуэкIауэ щыта зэзауэр лъэпкъыбэу зэхэт ди цIыхухэм я гум игъащIэкIи илъынущ. 
Мы зэманым ди зауэлIхэр аргуэру Iутщ зауэ IэнатIэ гугъум – Урысей Федерацэм дуней псом и лъэпкъ­хэр щехъумэ нацистхэм я бзаджэнаджагъэ иным. Си фIэщ мэхъу абыи ТекIуэныгъэ къызэ­рыщытхьынур.
Щхьэщэ лъахъшэу яхузощI Хэкум и хъумакIуэ псоми. 
Кавказыр зыхъумахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ», - етх КъБР-м и Iэтащхьэм.

Поделиться: