Зи фэеплъыр ящымыгъупщэ къэфакIуэ

«НыбжьыщIэ дыдэу кIуащ ансамблым Соня. И Iэпкълъэпкъ лантIэмрэ зэрыщIыкIафIэмкIэ ар Кавказым и къэфакIуэ бзылъхугъэ нэхъыфI дыдэхэм занщIэу ящыщ хъуащ. «Къафэм и Гуащэ» цIэр абы зэрытрагъэIукIар хуэфащэ дыдэт. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Уэркъ къафэр» щабэу, дахэу бгъэзэщIэныр ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэшхуэ зыпылъу къалъытэ ди лъэпкъым. А къафэр лъэпкъ гъуазджэм и фIыпIэщ, лъэпкъым и псэ, и хьэл абы хэлъщ. Ар Шэру Соня къызэрехъулIэм хуэдэу нэгъуэщI тлъэгъуакъым», - мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэр Шэрум хуэгъэзауэ КIэш Евгение «Бгырыс щIыналъэм ипхъухэр» и тхылъым щитхащ.

ИпэжыпIэкIи РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэр зэрысабийрэ къэфэну зыфIэфI, и ныбжьым хуумыгъэфэщэнуи телъыджэу ар къызэхъулIэу щыта къэфакIуэщ. ЗэратхыжымкIэ, абы адыгэ лъэпкъ къафэхэм хуищIу щыта гулъытэмрэ хуиIа гукъыдэжымрэ къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу лъагэт.

«Мыхэр узот, къафэм и гуащэ цIыкIу», - жиIэри, и анэшхуэм Соня къритат пхъуантэм къыдиха, налмэсу зэщIэлыдэ тажыр, налкъуткIэ гъэщIэрэщIа лэрыпсымрэ тхьэгъухэмрэ. Хэт ищIэрэ, хъыджэбзыр «вагъуэ» хъуным и щIэдзапIэр а дакъикъэхэр арагъэнкIи хъунут.

ПцIы зыхэмылъыжырщи, зи къэфэкIэ хьэлэмэтыщэм теухуауэ «Дыгъэ къуэмыхьэж» усэр Къэшэж Иннэ щIитха, зи дахагъэр Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и скульптурэ образ хъуа Шэру Соня гъуэгуанэ дахэ къикIуащ.

А зэманым ирихьэлIэу икъукIэ цIэрыIуэ хъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым Уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым Шэрур щыхыхьар 1946 гъэрщ. А гуп гъуэзэджэм Соня зэрыхэта илъэсхэм къриубыдэу ди къэфакIуэхэр союзпсо, дунейпсо фестивалхэм я лауреат зыбжанэрэ хъуащ. «Соня хуэдэу къофэ» жаIамэ, ар пщащэхэм я дежкIэ щытхъухэм я нэхъ лъапIэт. Шэрум и къэфэкIэу щытам и дахагъэр гъэсакIуэ куэдым нобэр къыздэсым къахуэмыIуэтами, гурыIуэгъуэ хъуар зыщ: ар къафэм и щэху псори къызэIузыхыфат.

И къару емыблэжу зэрылэжьам, езыр цIыху уардэу зэрыщытам я фIыщIэкIэ, Шэру Соня Кавказым и къэфакIуэ нэхъыфI дыдэхэм, зэрыжытIауэ, ящыщ хъуащ. Соттаев Къанщауэ Соня игу къигъэкIыжу жиIэгъащ: «ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым (Москва къалэм щекIуэкIауэ щытам) дыщыхэтам, дыкъэфэн и пэ къихуэу, Соня утыкум къихьэри, «Къафэм» и тхыдэмрэ и купщIэмрэ тепсэлъыхьат. Зыкъэдгъэлъэгъуа нэужь, зэхыхьэм и къэпщытакIуэ гупым хэта Улановэ Галинэ Соня IэплIэ къыхуищIри, жиIат: «Мы къафэмрэ мы цIыхубзымрэ фиIэмэ, зэи фыкIуэдынукъым».

Шэру Соня кинофильмхэмрэ телефильмхэмрэ мызэ-мытIэу хэтащ. Абы республикэм и лъэпкъ къафэм зегъэужьыным къаруушхуэ ирихьэлIащ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ иджыпсту щылажьэхэм ящыщ куэд а гъуэгуанэм тригъэуващ.

Урысейр Къэбэрдейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и фэеплъыр щаухуэм, Шэру Соня и теплъэм ар тращIыкIыныр зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхукъым. Къэралым и къалащхьэм щыцIэрыIуэ художникхэу Махтин С., Листопадов М. сымэ куэдрэ хэплъа нэужь, адыгэ пщащэм и шыфэлIыфэ псори зыхэлъу къалъытар Соняти, абы къытеувыIауэ щытащ. Соня Ленинград ирагъэблагъэри, лъэпкъ фащэ зэхуэмыдэхэр щыгъыу сурэт хьэлэмэт куэд трахат, уеблэмэ езы сурэтыщIхэми шэрджэс пщащэм и дахагъэр я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъэгъуат.

КъБР-м и Архив IэнатIэм и къудамэм и унафэщI Якуэкъутэ С. О. зэритхымкIэ, IуэхущIапIэм иджырей тхыдэмкIэ дэфтэрхэр зыхъумэ и центрым Шэру Соня теухуа фонд щхьэхуэ - №П-26I5-р - иIэщ. Абы 1929 гъэм къыщыщIэдзауэ 1995 гъэ пщIондэ къызэщIэзыубыдэ дэфтэру 60 хэлъщ. КъэфакIуэшхуэм и гъащIэ гъуэгуанэм, и лэжьыгъэм щыхьэт техъуэхэр, артисткэ цIэрыIуэм теухуауэ ятхахэр, езым и сурэтхэр, нэгъуэщI куэди абы хэлъщ. А псом ящыщу гулъытэ хэха яIэщ унагъуэм, цIыху цIэрыIуэхэм яхэту Шэрум къытрахауэ щыта сурэтхэм. Псалъэм папщIэ, РСФСР-м и цIыхубэ артистхэу Лучко К.С, Моргунов Е.А. сымэ, кхъухьлъатэзехуэ-космонавт Леонов А.А., КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ А.П., РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къашыргъэ КIу.И., «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ гупым я гъусэу.

Творчествэм и IэнатIэм щызэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэм папщIэ, Шэру Соня къратат ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, «Псэемыблэжу зэрылажьэм папщIэ» юбилей медалыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр.

Шэру Соня хуэдэхэрщ зи цIэр тхыдэм къыхэнэр, зи фэеплъыр ящымыгъупщэр.=

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: