Псэ быдэ хъунухэм папщIэ

Адыгэбзэм и щытыкIэм дыщытепсэлъыхькIэ, цIыхухэм я нэхъыбэм анэхэр ягъэкъуаншэ. Езыхэм анэдэлъхубзэр зэраIумылъыжым нэмыщI, абыхэм ящыщ куэдым зи нэпс къудамэ къежэха нанум бжьэфым ещхьу телефоныр IэщIалъхьэри, бзэр къэгъэнауэ, сабийм и псантхуэхэри зэтрырагъэху.

Ауэ, ди гуапэ зэрыхъущи, анэфIхэр пасэми щыIащ иджыри кIуэдыжакъым. Ахэр хуейщ я быныр узыншэрэ ягу-ящхьэ зэтелъу къагъэтэджыну, зэрыжаIэу, псэ быдэ ящIыну. А мурадым хуэунэтIауэ пхужыIэнущ иджыблагъэ КъБР-м и ЗэхуэхьэсакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, тхылътедзэ, «Адыгэ тхылъ» интернет тыкуэныр зыгъэлажьэ Тхьэкъуахъуэ Iэуесрэ КIуэкIуэ Мурат зи унафэщI «СредаБук»-мрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра «Гущэхэпхэ» тхылъыр.

«СредаБук» тыкуэным и хъыбар мызэ-мытIэу «Адыгэ псалъэм» и напэкIуэцIхэм къытехуауэ щытащ, тхылъым и пщIэр къызэриIэтыжыр, щIалэгъуалэр еджэным зэрытригъэгушхуэр къыхэдгъэщу. «Гущэхэпхэ» тхылъым а щытхъур нэхъри егъэбагъуэ, сыту жыпIэмэ, тыкуэным хуэм-хуэмурэ тхылъ тедзапIэ хъуным «зыхуеузэд», абыкIи чэнджэщэгъу хъарзынэ хуохъу тхылъ зэхуэхьэсыжыным, пщIэ нэхъ зиIэхэр къыдэгъэкIыжыным елэжь зэпыт, лъэпкъ щэнхабзэм епха Iуэхухэм хуэжыджэр зэхуэхьэсакIуэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Зи гугъу тщIы тхылъым и хъыбар япэу дыщрихьэлIар «СредаБук»-м и телеграм напэкIуэцIырщ. «Иужьрей мазиплIым дызэлэжь проектым нэхъ убгъуауэ и гугъу фхуэтщIыну дыхуейт, - закъыхуигъэзауэ щытащ щIэджыкIакIуэхэм КIуэкIуэ Мурат. - Ар пасэрей адыгэ гущэкъу уэрэдхэр щызэхуэхьэса тхылъырщ. Сабийхэр щагъэгъуэлъыжкIэ анэхэм жаIэ хабзэ уэрэдхэм нэмыщI, абы ихуэнущ нану къалъхуагъащIэм и япэ лъэбакъуэм епха дауэдапщэхэмрэ хабзэхэмрэ ятеухуа Iыхьи. Лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу къэлъытапхъэ мы Iуэхугъуэр дымыгъэкIуэдыжынырщ ди плъапIэ нэхъыщхьэр».

Жинт Iув зытелъ, сурэткIэ гъэщIэрэщIа, напэкIуэцI 32-рэ хъу тхылъыр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтщ. Абы и купщIэр нэгъэсауэ зэпкърех тхылъым и пэублэм: «ЦIыхуи лъэпкъи щыIэкъым, езым и хабзэхэм темыту, щхьэрыхь къудейуэ псэууэ. Лъэпкъ къэси езым и хабзэ иIэжщ. Хабзэр цIыху къэс, унагъуэм, лъэпкъым я напэщ, я набдзэщ, я бзыпхъэщ, я нэмысщ, я гъуазэщ. Лъэпкъым хабзэфI иIэмэ, узыншэщ, щIэблафIэщ, къэкIуэну махуэ иIэщ».

ЩIалэ цIыкIухэми пщащэ шырхэми яхухэха гущэкъу уэрэдхэм нэмыщI, тхылъым ихуащ «хабзэ кIуэдыжа» зыхужыпIэфыну дауэдапщэхэм епха пычыгъуэхэри. Псалъэм папщIэ, хэт щыгъуазэр «фыз лъхуа хьэнтхъупс» жыхуаIэу нысащIэм хуагъэхьэзырым и щIыкIэм? Хьэмэрэ «гущэщIэхьэ» е «гущэтелъхьэ» хуэдэ дауэдапщэхэм я зэфIэхыкIэр зыщIэж куэд щыIэ? Нобэ Iэтауэ ирагъэкIуэкI гущэхэпхэхэм ахэр хагъэхьэжынкIи мэхъу мы тхылъым и фIыгъэкIэ. Абдежми къыщымынэу, пасэрей хабзэхэм нану къалъхуагъащIэхэр къызэрыхъуа унэм зэрырапхыр щынэрылъагъущ мы тхылъым. Хэт ищIэрэ, щIэблэщIэр нэхъ псэ махэу къыщIытфIэщIым апхуэдэ щэху гуэр хэлъынкIи мэхъу.

Нобэрей адыгэбзэм и щытыкIэм щытепсэлъыхькIэ, псоми зы жьэу ягъэкъуаншэр анэдэлъхубзэ зыIурымылъыж, зи нэпс къудамэ къежэха сабийм занщIэу телефоныр IэщIэзылъхьэ анэхэрщ. Дауи, псори апхуэдэ защIэу щытамэ, лъэпкъыр и щхьэм хуабжьу щIэтIэхъуэнут. ФIыр нэхъыфIыж ищIын, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм щIэгъэкъуэн хуэхъун папщIэ, мы тхылъ цIыкIур егъэлеяуэ щхьэпэнущ. Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр къэгъэнауи, «пасэрей гущэкъу уэрэд» щыжыпIэкIэ, уи нэгу къыщIэувэр IэфI зыщIэлъ, иджыри зи къару щIэмыкIа адыгэбзэжьырщ. Уеблэмэ макъами ежьуи хуейкъым, нанур жейм хригъэлъэфэн папщIэ, мыхуабжьыщэу, итIани, узрагъэдаIуэу, узыIэпашэу, «ущIаупскIэу» зэхэлъхьа уэрэдхэм:

Лэу, лэу, лэу, си щIалэ,

Лэу, лэу пщIыркъэ, си щауэ.

Уи анэр гуфIэ щумыгъащIэ,

Уи адэ гуфIэу къегъэкIухь.

Хьищэ-бгъищэ зыхуапI,

БацэпIэм хагъэфIыкI.

Лэу, лэу, лэу, си щIалэ,

Лэу, лэу пщIыркъэ, си щауэ.

Псалъэхэм я нэхъ лъапIэщ «зи адэм хуэдэ хъужын» щытхъукIэ иуххэу, унагъуэм и къарур зэзыгъэуIу, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхуакум дэлъ лъэмыжыр зыгъэбыдэ хъуэхъу курыххэр.

Тхылъыр къыдэзыгъэкIахэм фIыщIэ хуащI чэнджэщэгъурэ IуэхущIэгъу яхуэхъуахэу Авидзбэ Саидэ (сурэтхэр), Махтибеков Мухътар (дизайн), уэрэдхэр зэхуахьэсыжынымкIэ къадэIэпыкъуа ди лэжьэгъу Табыщ Мурат, чэнджэщ щхьэпэкIэ къадэгуэша Аброкъуэ Беллэ, Щхьэбацэ Маринэ, Шыбзыхъуэ Астемыр сымэ.

Гулъытэ щхьэхуэ яхуэфащэщ мы тхылъыр къыдэкIыным зи сом хэзылъхьа цIэимыIуэ псапащIэхэм, дэтхэнэ зыми и гуащIэдэкIыр хъерыфIэ ухъу. Тхылъыр ящэн щIадза къудейщ, «СредаБук» (+79674246592), «Адыгэ Тхылъ» (+79054364591) тыкуэнхэм къыщывгъуэтынущ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: