ПсыкъепкIэхэм я хэщIапIэ![]() Сочэ къалэм ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ километр 35-кIэ пыIудзауэ хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Шахэпэ (Головинкэ) блэж псышхуэм и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ километри 7 хуэдиз бгыщхьэхэмкIэ удэкIуеймэ, ШахэкIеишхуэ (Большой Кичмай) зыфIаща шапсыгъ къуажэ цIыкIу гуэрым уIуощIэ. Абдежращ щиухыр хы Iуфэм уIукIыу Шахэ и тIуащIэм ущыдыхьэкIэ, машинэ псынщIэхэм къетыншэкIыу къыщажыхь хъу асфальт тепхъуэр. АдэкIэ гъуэгур мывалъэ быркъуэшыркъуэм и мызакъуэу, ныджэм щхьэщыт къуакIэ-бгыкIэхэми йохьэ. ИкIи, а лъэныкъуэмкIэ километриплI нэблагъэкIэ удэкIуеижмэ, мэз Iувым къыхэпIиикI къыр дзэпкъхэм нэжэгужэу къащхьэщыпкI Джэгуэщ псы бгъунж цIыкIур Шахэ щыхэлъэдэж удзылъэ гъуэфылъэм уохьэ. А щIыпIэр и щIэдзапIэщ Сочэ и Iэшэлъашэм зыщыгъэпсэхухэм, иужьрей илъэс тIощIым къриубыдэу яфIэтелъыджэу, хуабжьу къагъэунэхуа нэгузегъэужьыпIэу къуэ бгъунжымкIэ дыхьэм. Абгъуэм къилъэтыкIа бзу шырым хуэдэу, мы щIыпIэм къытеуфэразэ псы нэщIэпкIэ къишкIушкIукIым иджыри укъримыхьэлIэ щIыкIэ, псэкIэ зыхыбощIэ къызэрымыкIуэу зы дахагъэ гуэр ипэкIэ къызэрыщыппэплъэр. Пэж дыдэу, бгы зэхуакухэм къафIыдэжу, зыхуэзэ къырылъэ дзакIэхэмрэ мывалъэ сэтейхэмрэ 33-рэ къащхьэпрылъ, 13-рэ тепхъэ щыхъу, а псом я гущIыIужкIи 7-нейрэ джабэ нэкIухэм псыхьэлыгъуэу къыщех Джэгуэщ псы бгъунж цIыкIур къызыдэунэхукI къуэбэкъу зэври абы удэзышэ лъагъуэ хэшари нэри пэри пфIэзыхьэхущ, адэкIэ щыплъагъунухэм я гугъу умыщIыххи. «Псыкъелъэу 33»-м и дыхьэпIэ дыдэм деж нэгузыужьакIуэ къежьахэм къащыпоплъэ гъунэгъу къуажэхэм щыпсэухэм ерыскъыхэкI зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къагъэтIылъыхьа дапхъэхэр. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр нэхъ зэхъуапсэщ щIыпIэ дахащэм и Iэшэлъашэм бжьахъуэхэм щызэхуахьэс фор, щыщIаху санэр, щагъэхьэзыр-щапщэфI адыгэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. КъуэкIий цIыкIум апхуэдиз псыкъелъэ зэуэ къызэрыщыунэхуам теухуауэ шапсыгъ адыгэхэм я деж псысэ гъэщIэгъуэн къыщокIуэкI. Абы кIэщIу и гугъу фхуэтщIынщ. Еуэри, еIэт жеIэ, аддэ пасэ зэманым щыгъуэ, Шахэ и тIуащIэ бгъуфIэм цIыхухэр Iуву дэсыгъащ. Ахэр, зым адрейм зыщIигъакъуэрэ зытес щIыгум телэжьыхьу, мамырыгъэ я зэхуаку дэлърэ хъерымрэ берычэтымрэ зыщамыгъащIэу, я Хэку щIэращIэм къещэхэм япэувыфу апхуэдэт. Зэгуэрым псыхъуэдэсхэм я щIыналъэм, къыздикIари къыздихутари къагурымыIуэу, зы иныжь еруужь гуэр къищхьэрыуащ. Хьэщхьэвылъэжьым цIыхухэр игъащтэрт, зыдэс жылэхэр ихъунщIэрт, хадэхэр зэхиутэрт, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг Iэрысэхэр зэхифыщIэрт. Абы, дауи, цIыхухэр иригузавэ хъуати, кIуэцIрыкъуэжьым зэрыпэлъэщын Iэмалхэми лъыхъуэн щIадзащ. Къуажэхэм джакIуэхэр хаутIыпщхьащ, лIыгъэ зыхэлъу къэзылъытэж цIыхухъу Iэчлъэчхэр зы щIыпIэ гуэрым деж щызэхуэсыну къыхураджэу. ЩызэрихьэлIэм, пхъэидзэ ящIри, иныжьым япэщIыкIэ пэщIэувэныр зэхагъэкIащ. Зи «кIэн къикIар» Мыгу лIакъуэм щыщ, гъукIэ Iэзэм и къуэ ГъущIкIэ зэджэ щIалэрт. Ар икIи Шахэ псышхуэм къедза тIуащIэм дэс щакIуэ нэхъыфIхэм хабжэрт. Иныжьыр здэщыIэм кIуэн и пэ къихуэу, щауэ хахуэр зы жэщ гуэрым и адэшхуэм епщIыхьащ. ПщыхьэпIэм здыхэтым, нэхъыжьыр къуэрылъхум къеущиерт, и къарумрэ и хахуагъэмрэ зэрыщыгугъым хуэдэ къабзэу, бзаджагъэ–хьилагъэ гуэрхэми зэрыхуекIуэным къыхуриджэу. «КIуэцIрыкъуэжьым нэхъыбэрэ къыщиущыхь бгы лъапэм деж фо кIадэ зыбжанэ щыгъэув, - къыжриIэрт адэшхуэм ГъущI. - А шхыныгъуэм пищI зэрыщымыIэм ар текIуэдэжынущ. IэфIым бжьэхэр къришэлIэнурэ, иныжьыр ирахужьэнущ. ИтIанэ, утемыплъэкъукIыу, Iуэхур адэкIэ гъэкIуатэ». Дунейр кIыфIрэ нэм къыщIэIэбэр имылъагъуу, фо зэрыт кIадэхэр щIалэм зэбгригъэувыкIащ. Гурыщхъуэ лъэпкъ зи щхьэ къимыхьэ иныжьыр абыхэм щарихьэлIэм, и IэшхуэжьитIыр хиIури, зэрызицIэлэжри къыфIэмыIуэхужу, шхыныгъуэ IэфIыр зыIурилъафэу щIидзащ. Ерыскъы гуакIуэм и мэм къришэлIа бжьэхэр къызэдэпщIащ, арыххэуи иныжьым къедзэкъэн щIадзащ. Фохэх цIыкIухэм щыщIахуэм, кIуэцIрыкъуэжьыр кIийуэ къыпэгъунэгъу бгымкIэ зидзащ. ИкIи зыхуэза мэзылъэ джабэ нэкIум дэжеин щIидзащ, зытеувэм лъакъуапIэшхуэхэр щыпхигъэмбу. Иныжьыр Iуащхьэ щыгум щынэсым, къыпэплъэр ГъущI и джатэ къихарат… Домбеижьыр зытеджэла къырыр тIууэ щызэгуэхум, абдежым псы къабзащэ къыщызыпхиващ, и къуэпсхэр зэжэх джабэ нэкIум иныжьым къыщина лъэужь куухэр иритхьэщIэхыжу. Хъыбарыжьым хэтам пхигъэмба мывалъэ лъакъуапIэхэм къат-къату къелъэ псыпыху къабзащэхэм нобэ яIуплъэ дэтхэнэри имытхьэкъуныр Iэмал зимыIэщ, щIыпIаплъэхэр мыбы уэру къезышалIэри ахэращ…
Поделиться:
Читать также:
19.01.2026 - 13:33 →
ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ
19.12.2025 - 12:23 →
Гъуэгуанэ кIыхьхэм я пэщIэдзэт
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
27.11.2025 - 16:30 →
КъалэмыщIэ, гупсысэщIэ
03.04.2025 - 19:04 →
Анатолий Мукожев – народный поэт КБР
| ||





