Нэщэнэхэр

ЦIыхубэм и набдзэгубдзхаплъагъэр кърибгъэлъэгъуэну уасэ иIэкъым нэщэнэхэм. Зэман-зэманкIэрэ дунейм и къэхъукъащIэхэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэм, щIыуэпсым и къэхъугъэхэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм кIэлъыплъурэ, цIыху губзыгъэхэм гу зылъатахэращ абыхэм лъабжьэ яхуэхъур. ЗакъуэтIакъуэххэщ арэзы узытемыхъуэну абыхэм къахэкIри. Дахэвгъаплъэт абыхэм ящыщ зыбжанэм. 

Абгъуэрынэ кърамынэу джэдыкIэ псори кърахтэкъым. 
Бещто лъэныкъуэкIэ зызэIуибзмэ – уэфIщ жаIэрт. 
Бещтоужьыр къепщэмэ, гъэр гъэфI хъунущ жаIэрт.
Бжэ блыпкъым зыкIэрыбгъащIэмэ, тхьэмыщкIагъэ къишэу къалъытэрт. 
БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ жаIэрт.
БжэщхьэIум утету е утесу уигу къэкIар мэхъу жаIэрт. 
Бжыхь я зэхуакуу ахъшэ зэIахтэкъым. 
Бзэгу зепхьэну гуэныхьышхуэщ жаIэрт.
Бзэгупэр шхэмэ, пцIы къыптралъхьэ жаIэрт.
БзыхьэхуэщIэ бгъэсыну фIыкъым жаIэрт.
Блэгъур жьэдумычу хыфIэбдзэу ядэртэкъым. 
Былым букIамэ, уи гъунэгъухэр хэбныну фIыкъым жаIэрт.
Былымыр, насыпыр къызыдэкIуэр бынырщ жаIэрт.
Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ жаIэрт.
Вагъуэбэр гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэхэр хохъуэ жаIэрт.
Вакъэм зиIубмэ, фIыкъым жаIэрт. 
Гущэ нэщI щIэбупскIэну фIыкъым жаIэрт.
Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр хокI жаIэрт. 
Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гуплIэщ жаIэрт. 
Гъуэгу утету уиш и нал къыщIэхуну фIыкъым жаIэрт.
Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIий кIэлърадзтэкъым. ГъуэгурыкIуэм и гъуэгу зэпаупщIыртэкъым. 
ГъуэгущхьэIум пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ жаIэрт.
Гъубж махуэм Iуэху яублэртэкъым, гъуэгу техьэртэкъым.
Гъуджэ пIэщIэкъутэну фIыкъым жаIэрт.
Гъунэгъур бий пщIыну фIыкъым жаIэрт.
ГъущIыпэ къэбгъуэтыну фIыщ жаIэрт.
Джэдум и щIыб мафIэм хуигъазэмэ, уае хъунущ жаIэрт.
Джэдум уи гъуэгу зэпиупщIыну фIыкъым жаIэрт. 
Ежьам кIэлъыгъэхуабэ хуащIырт.
Ежьам кIэлъыджэртэкъым, кIэлъыгъыртэкъым, фIыкъым жаIэрти. 
Жэп темыхауэ къэбыр хъуркъым жаIэрт.
Жыхапхъэр уэмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ жаIэрт.
Жэщу жьыщIэпс иумыкIут, фIыкъым жаIэрт. 
Зи цIэ жыпIэм игу укъокI, уи гугъу ещI жаIэрт. 
Имылъэгъуа зылъагъум и гъащIэм хохъуэ жаIэрт.
Ищхъэрэжьыр къепщэмэ, гъэр гъей мэхъу жаIэрт. 

Поделиться:

Читать также: