ГъащIэр гъуджэщ! Нышэдибэ Хьэмид хэжеяти, псынщIэу къэтэджауэ зихуапэрт.
- Щхьэ сыхэбгъэжея, жьыуэ сызэрыдэкIыр пщыгъупщэжауэ арат? Сыхьэтиблым сынэсын хуеящ, - жиIэурэ, зигъэхьэзырри дэкIащ.
Фызым зыри пидзыжакъым, къыжриIэнур ищIэрти.
ЛIыр щIэкIа нэужь, и щхьэм хуэтхьэусыхэжащ Зэбидэт: «ХьэблэлI факъырэхэм уадэуэршэрурэ жэщыр бгъэкIуащ, Нэхущым ущыгъуэлъыжкIэ укъэтэджыфын-тIэ! Сыхуейуэ ухэзгъэжеящ, пхуэфэщэпсщ».
Арат а фызым и щхьэр здынэсыр, лэжьыгъэ пэрыту емысамэ, зыхуейр къыхуащIэмэ, сытыт зэгупсысынур?
Хьэмид къыхуагъэфэща къулыкъум папщIэ щIалэхэр къехъуэхъуат, къыщыгуфIыкIат, куэбжэпэм деж щищIа тетIысхьэпIэ дэгъуэм щызэхэсахэт. Пэжу лIыр гуащIафIэт, хьэлэлт, цIыху щабэт, зэпIэзэрытт, ныбжьэгъу куэди иIэт. Арат хуэмыхьыр и фызым. Езыр зыми якIэлъыкIуэртэкъым икIи зыкIэлъигъакIуэртэкъым. Гъунэгъуи, благъи, Iыхьлыи зыуи къридзэртэкъым, и щхьэр лъагэу Iэтауэ зыри зэрипэсыртэкъым. Iуэху гуэр къэхъуауэ и лIым и гъусэу зыщIыпIэ хьэщIапIэ кIуамэ, зыми ябгъэдыхьэртэкъым икIи зыбгъэдигъэхьэртэкъым. Абы щхьэкIэ и щхьэгъусэм дапщэрэ псэлъэмакъ хидзами, и хьэлым зихъуэжыртэкъым. Нышэдиби лIыр дэкIат, къулыкъукIэ зэрыдрагъэкIуеяр и фызым къримыгъащIэу.
ЩIалитI яIэти, уэрамым дэт сабиихэм ябгъэдыхьэу ядэджэгуну хуиттэкъым. Зэзэмызэ куэбжэм дэкIамэ, мы факъырэ быным факъыхэкI, - жиIэрти, къыдихуэжырт. Хьэмид и зыгъэпсэхугъуэ махуэу щыдэсым и деж, сабиитIым я гурыфIыгъуэт. Нобэ папэ дэсщи, иджы уэрамым дыдэтынущ дырикъухукIэ, - жаIэрт.
ТIэкIу нэхъ жьыуэ Хьэмид къыдыхьэжати, я хьэблэм дэс лIыхэр тетIысхьэпIэм деж хуэмурэ къыщызэхуэсырт. КъэкIуэжар игъэшхэн Iуэху зэримыхуэу щыст Зэбидэти.
- Сыт къэхъуар, щхьэ укъэгурымыкъауэ ущыс? - еупщIащ Хьэмид и щхьэгъусэм. - ТIэкIу себгъэдзэкъэну пIэрэ?
- Мес, къызэхуос хуэмурэ, уагъэшхэнщ абыхэм! Ухуей уэ унагъуэ?! ХьэблэлI факъырэхэмрэ уи ныбжьэгъу хьэмшомхэмрэ уиIэмэ, ахэращ ущIэпсэур!
- Уэ абы и унафэ уэзгъэщIакъым. Уэ хьэбли, благъи, зыри ухуейкъым! Уэ пхуэдэ сэри сыпщIыну ара? ПхузэфIэкIынукъым! Уимыгугъэ! Мис апхуэдэу «хьэнэнууэ» укъыщIэнэнущ унэм уэ, зыми уримыщIысыжу. СабиитIыр хьэблэ ныбжьыщIэхэм яхыхьэну хуимыту, я щхьэр ебгъэужэгъуащ, Иджы еджапIэ зэрыкIуэрэ тыншыжахэщ. Сэ ахэр зэрыпхуэзмыдэнур бощIэ, итIанэми убэяуркъым. УэсщIэнури сызэрынопсэлъэнури сымыщIэжу сыкъэбгъэнащ. И ныбжьэгъум хуиту бгъэдэсу зи унэ щызыгъэхьэщIэм сохъуапсэ. Сыхуейкъым апхуэдэ гъащIэ! ЦIыху зыкIэлъымыкIуэжыр щIым щIэлъращ! Узыхуейуэ пхуэмыгъуэту ущIэныкъуакъуэр сщIэркъым! Уэ цIыху ухуэмыныкъуэмэ, сэ си лажьэр сыт? Сэ дуней дыкъэзыухъуреихьым псэ зыIуту хъуар сфIэфIщ, фIыуэ солъагъу. Хъунумэ, зыхэх мы уи хьэл мыхъумыщIэр! - жиIэри, къэгубжьарэ и пIэм имыхуэжу дэкIащ лIыр и уэршэрэгъухэм деж.
…Нобэ Зэбидэт нэщхъыфIэт, и щхьэгъусэр игъашхэри, телъэщIыхьыжурэ дигъэкIат, ерыскъыпхъэу къригъэщэхунур зэрыт тхылъымпIэр IэщIилъхьэри.
- Хьэмид, щIалитIыр нобэ къежьэжынущ, пщэдей къэсыжынущ. Ахэр лэжьапIэ зэрыуврэ иджы япэу къэкIуэжу аращ. IэфIрэ куэду сахуэпщэфIэнущи, псынщIэу къысIэрыгъэхьэ згъэхьэзырынухэр.
«Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым» жыхуиIэрати, фызыр IэфI дыдэу пщафIэрт икIи къабзэлъабзэт, унэри лъапсэри дахэу зэрихьэрт, ауэ и хьэл мыхъумыщIэм псори игъэкIуэдыжырт. ЦIыху фIэфIтэкъым, и бынхэмрэ и щхьэгъусэмрэ къищынэмыщIа.
Фызым жыхуиIауэ тхылъымпIэм иту хъуар къыхуигъэсащ лIым.
Зэбидэт щхьэкъэIэт имыIэу махуэ псом пщэфIащ, нэху къекIмэ къыщIэIуэнур имыщIэу.
Адэр, и къуэхэр къригъэблэгъэжын папщIэ, лэжьапIэм мыкIуэу къыдэнат. Ауэ хъыбар мыщхьэпэ къыIэрыхьам лIыр игъэджэрэзащ. Унэм къэсыжыным куэд къэмынэжауэ щIалэщIитIым я гъащIэр машинэ зэжьэхэуэм ихьат.
Сыт ящIэнт гузэвэгъуэшхуэ къызытепсыха зэщхьэгъуситIым я сабиитIыр щIалъхьэжащ. ЛIыри куэд дэмыкIыу и щIалитIым я гукъеуэм ихьыжащ.
Апхуэдэу Зэбидэт унагъуэ мылъкум хэсу къэнащ. ЦIыхуи къыкIэлъымыкIуэрэ зыкIэлъыкIуи щымыIэу, и щхьэзакъуэ и лъакъуитIу, куэбжэпэр и зэштегъэууэ.
Махуэ гуэрым, шэджагъуэхуегъэзэкIыу куэбжэпэм къыдэкIауэ дэплъей-къеплъыхыу здэщытым, фыз гъур кIыхь гуэр уэрамым къытехьауэ къилъэгъуащ. Зэми къыфIэщIу къыщыхъуащ, ауэ къэсри нэкIуэпакIуэу къыбгъэдыхьащ.
- Уи махуэ фIыуэ!
- НэхъыфIыжу! Къеблагъэ!
ИгъащIэм и жьэм къемыкIуа псалъэ гуапэхэмкIэ къригъэблэгъащ фыз мыцIыхур.
- КъакIуэ, къэтIыс, мыр си щхьэгъусэ мыгъуэм ищIа зыгъэпсэхупIэ тетIысхьэпIэщ, - жиIэри, игъэтIысащ къыбгъэдыхьар. ЗэрыцIыхуащ. КъыIухьам и цIэр Фузэт. Я гукъеуэхэр зэхуаIуэтащ, зэманыр зэрыхъуам гу лъатакъым зэбгъэдэситIым. Зэуэршэрэгъухэм зыкъыщащIэжам ахъшэм хъуат.
- Хъунщ-тIэ, Зэбидэт, сэ сежьэжынщ, - Фузэ щыжиIэм:
- Хьэуэ, хьэуэ! КхъыIэ, Фузэ, уемыжьэжу ныдыхьэ, лэкъум хуабэ пхуэзгъэжьэнщ, IэфIу узгъэшхэнщ, зыкъом щIауэ си щхьэми сыхуэпщэфIэжакъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, уэри сэри ди закъуэщ, уэри уи къуэр уиIэжкъым. Иджыри дыуэршэрынщ, ди губампIэхэр зэхуэтIуэтэнщ. А фыз хьэщIэри езым хуэдэ гуэру щытауэ арат.
ГъащIэр «гъуджэщ», уиплъамэ уи IуэхущIафэхэр, уи бзэм къыжьэдэкIымрэ уи Iуэхур зэребгъэкIуэкIымрэ къызэригъэзэжыр къищу.
- Хъунщ, - жиIэри, еблэгъащ хьэщIэр.
ЖыпIэнурамэ, езы Зэбидэти зыкъыхуэцIыхужыртэкъым - цIыху зылъагъу мыхъуу щытарауэ пщIэжынтэкъым ар.
ХуэпщэфIащ, хуабэу игъэшхащ, уэршэрурэ эзэманри хэкIуэтащ, гъуэлъыжыгъуэри къэсащ.
Здыхэлъым, аргуэру псэлъэн щIадзэжауэ мэуэршэр, тIуми я нэхэм жей къемыкIуэу.
- Иджы сэ сызэгупсысращи, Зэбидэт, дэ тIум Алыхьыр къыдэуауэ къысщохъу. Сэри, зэран фIэкIа, сэбэп зыми сахуэхъуакъым, цIыхуи сфIэфIу щытакъым. Арауэ пIэрэ жызоIэр мыгъуагъэр къытхуэзыхьар. СщIэркъым! Уэ дауэ уеплърэ? - жеIэ Фузэ.
- Тхьэ мыгъуэ, пэжыр жысIэнщи си щхьэгъусэ тхьэмыщкIэр, жэнэткIэ гуфIауэ Тхьэм къыщIигъэкI, Iэджэрэ къысфIэнэу щытамэ: цIыху уимыIэмэ, цIыху уриуасэкъым, цIыхуращ узыгъэлъапIэр, - жиIэурэ. Сэри зы цIыху зэзмыпэсу, зыми сыбгъэдэмыхьэу икIи зыбгъэдэзмыгъыхьэу щытамэ, Фузэ.
- НтIэ мис аращ, Зэбидэт, дэ езым ди IэкIэ бэлыхь зыхэддзэжащ. Алыхьышхуэу псори зи IэрыкIым зыкъыдигъэщIэжын щхьэкIэу къыщIэкIынщ апхуэдиз удын къыщIыдидзар!
Зыкъомрэ щыму щылъа нэужь, Зэбидэт зигъэзэжащ, и щхьэр и жагъуэу:
- НэхулъэфI укъикI, - жиIэри.
- Уэри укъикI, Зэбидэт!
Куэдрэ гупсысэу хэлъащ фызыр, итIанэ, сытми, ерагъыу Iурихыжащ. Пщэдджыжьым жьыуэ фыз хьэщIэм хуэпщэфIэну къэтэджмэ, бгъуэтмэ къащтэ - цIыхубзыр щIэкIыжат, унэгуащэм зыкъримыгъащIэу. Бысым зыхуэхъуа фызым егупсысу Зэбидэт жэщри махуэри егъакIуэ, и гъуджэм иплъэжарэ ищIэр къыгурымыIуэжу, зыкъищIэжарэ зыми хуэмеижу. Фыз хьэщIэми и Iуэхур зыкIи нэхъыфIтэкъым - жэщ хъумэ здепсыхыр и тIысыпIэщ. Унэ нэщIымрэ пщIантIэ псыIэмрэ дэмыхьэжын папщIэ, и лъэр здынэмыс щымыIэу къеущыхьри дэтщ.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 17:34 →
Тхылъыр тыгъэ лъапIэщ!
13.02.2026 - 15:06 →
Сабийхэм я бзэм зезыгъэужь усэхэр
12.02.2026 - 12:14 →
Гупсысэ куукIэ гъэнщIащ
11.02.2026 - 11:02 →
УсакIуэр зыщIэхъуэпсахэр
10.02.2026 - 14:01 →
Хэплъэжынри щхьэпэщ
| ||




