ПСЫПЭ ЖАГЪУЭИстамбылакIуэм, Каквказ зауэжьым, а Iуэхугъуэхэм яужькIэ дуней псом щызэбгрыдза хъуа адыгэхэм я щхьэ кърикIуам теухуа тхыгъэ куэд щыIэщ. Тхыдэ дэфтэрхэм нэмыщIкIэ, а Iуэхум траухуащ художественнэ тхыгъэхэри. Мэлей ФатIимэ «Псыпэ жагъуэ» зыфIища и Iуэхутэжми къыщыгъэлъэгъуэжар апхуэдэ зы теплъэгъуэщ. Къазбэч тхьэмахуэм нэсауэ нэщхъейуэ пщIантIэм дэст. Пэщащэ мыхъумэ, Iуэху бэлыхьи кърихуэкIыртэкъым. Е Iэпслъэпсхэм кIэлъыплъырт, е хадэм ипэщэщыхьырт. И щхьэгъусэми, и къуэми зэрепсэлъэшхуи щыIэтэкъым. ХьэщIэщым нэхуи къыщекIырт. - СыбдэIэпыкъун? - жери Мазэгъуэ къыбгъэдыхьати, жэуап къудеи иритакъым. Езым и закъуэ мыпIащIэурэ мэлылыр шыпсыранэ IугъуэкIэ игъэгъуащ. Ахэр бгыкъум пилъэжри, тахътэбаным - Мы лъэпкъышхуэм дэ дапэлъэщынукъым. ДызэтраукIэнущ. Зыри псэууэ дыкъагъэнэнукъым. Е Тыркум дыIэпхъуэн, е зыкъедгъэукIын. Сэ си щхьэкIэ си адэм и уэсятыр згъэзэщIэнущ, - - Сыт хуэдэ уэсяту пIэрэ Пщымырзэ къыпхуигъэнар? Дэри зэхэтх мыхъуну пIэрэ? - къеупщIащ абы Бэчмырзэ, хьэщIэщым щIэсхэр нэкIэ щIипщытыкIыурэ. - «Адыгэхэр гува-щIэхами Тыркум дагъэIэпхъуэнущ. Аращ ди натIэм илъыр. Арыншауэ ахэр ди ужь икIынукъым. Ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыж нэхърэ нэхъыфIщ дыIэпхъуэмэ», – аращ си адэм Иужьым Бэчмырзэ къэпсалъэри: - КъыдгурыIуащ, Къазбэч, уи мурадыр, къыдгурыIуа. Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ, жыхуиIэра ди Iуэхур здынэсар? Щхьэж и унафэр езым ищIыжу дыкъызэхэнауэ ара адыгэр? Дызэкъуэтмэ – дылъэщкъэ?! Къуажэ къэс джакIуэ хэдгъэхьэнщи, дызэщIэшэсэнщ. Дапэувынщ, – жиIащ. - Ди жылэ цIыхухъу дапщэ къыдэпшыну дэсыжми ущыгъуазэ, Бэчмырзэ? ШууипщI нэхъыбэ щыбгъуэтынукъым. Адрей жылэхэми нэхъыбэ дэсыну си фIэщ хъуркъым... Сэ сыIэпхъуэнущ. Ди адэм и пащхьэ ситу ста псалъэм сепцIыжыфынукъым, фигу къызэвмыгъабгъэ. Фи пщыхьэщхьэ фIы ухъу! – ар жиIэри, Къазбэч къахэкIыжащ. Иджы абы гъуэгум зыхуигъэхьэзырырт. Пщыхьэщхьэм и гъунэгъу Бэч деж екIуэкIри жриIащ: - Си Iэщыр гъунэгъухэм зэхуэвгуэш. Псэуалъэхэри фызэрыхуейуэ къэвгъэсэбэп. Ди ужьыр зэрыжылэу махуэ фхухъу! - Си мыIуэху зесхуэну сыхуейкъым, ауэ тIэкIу уемыпIэщIэкIыу пIэрэ, Къазбэч? – къеупщIащ абы Бэч. Къазбэч а упщIэм иритыжын жэуап имыгъуэту, я дежкIэ екIуэкIыжащ. КIыфI зэхэту Къазбэч къэтэджри, жьэгу яжьэм пэрыхъумауэ щыта дэпхэр къыщIигъэщыжри, мафIэр зэщIигъэстыжащ. Шыуанышхуэр лъахъшым фIидзэщ, псы ирикIэри, лыр из ищIащ. - КъакIуэ, Парий, къыщIыхьэ, – жери пщэфIапIэм щIишэну иужь ихьа щхьэкIэ, хьэм зригъэнауэ и пIэ хуикIыртэкъым. Къазбэч и нэпсыр къызэпижыхьауэ хьэ цIыкIур IэплIэкIэ къищтэщ, пщэфIапIэм щIихьэри, ар иIыгъыу жьэгум дэтIысхьащ. Шыуаным вауэ хэлъ лым и мэр къыщыщIихьэм, хьэ цIыкIум зиущэхури, телъыджэу щIалэм и куэщIым щыумэзэхащ. Къазбэч абы Iэ дилъэурэ игу къэкIыжащ Парий хьэпшыр цIыкIуу къэзыхьауэ щыта и къуэш нэхъыщIэ Пщымахуэ. ЗауэлI хъыжьэм лъэмыкIыу и цIыхухъу нэпс гуащIэр къыщыфIыщIэжым, хьэмаскIэм щыукIытэурэ, и нэпсыр хигъэпщкIуащ абы и цы пхъашэм. - Парий, ди пщIантIэр зыхъумэну уэращ иджы лъапсэм къинэр. УдэмыкI икIи уныткIэлъымыкIуэ. Мы лы гъэвар уи хьэ Iусщ, - жиIэри, зы къупщхьэ къыхихри бгъэдихьащ. Ауэ лIым игу щыщIэр зыхищIа хуэдэ, хьэр ауи лым хуеплъэкIакъым. ЛIым жиIэр къыгурыIуэ хуэдэ, хьэр умэзэхауэ абы и IэплIэм ист. - КъыбгурыIуэрэ, Парий, бжесIэхэр, – жиIэурэ Къазбэч и псалъэм адэкIэ пищэрт. – Мы лъапсэм Iэмал имыIэу дэ тщыщ къинэн хуейщ... Ар жиIэри, хьэмаскIэр жьэгум и гъунэгъуу игъэтIысащ. Хьэми и нэпсыр къежэхырт. Абы хуемыплъэкIыфу, Къазбэчи Мазэгъуи къыщIэкIащ. Жьэгум дэс Парий гущIыхьэу къыхэбэныкIащ, псыпэ жагъуэр хэзыш унагъуэм «Гъуэгу махуэ!» яжриIэжу... Уэрамым здрикIуэм къуажэдэсхэр къыдэкIыурэ абыхэм щыму къакIэлъыплъырт. Адыгэхэм ящыщу зыри Тыркум Iэпхъуа щIыкIэтэкъым. Абы я Iуэхур нэмысыну къащыхъурт. Ауэ Къазбэч и адэ Пщымырзэ нэхъ жыжьэ кIуэцIрыплъауэ къыщIэкIащ. Кхъухьыр щежьэм, Къазбэч и нэр тенауэ хэкужьымкIэ къеплъэкIырт. Абы игукIи и псэкIи и фIэщ хъурт и щIэблэм, зэман гуэр дэкIами, лъапсэжьым къызэрагъэзэжынур.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:32 →
УсакIуэм и лэжьыгъэщIэ
12.12.2025 - 15:30 →
Кулиевым и сатырхэр
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
11.12.2025 - 12:00 →
Жаныкъуейхэм зэрахуэусам и хъыбарыр
09.12.2025 - 14:33 →
Хэкум ипхъу губзыгъэ
| ||




