Къэзакъхэм адыгэ Iэщэ-фащэр къызэращтар

«Кавказ    къэзакъхэми   КъуэкIыпIэм   щыIэ    урыс    армэми   адыгэ зауэ  хуэIухуэщIэхэр   къызэращтар   апхуэдизкIэ   шэч  зыхэмылъыххэщи,    щIэныгъэ   тегъэщIапIэ   къэплъыхъуэу   ущIызэдэуэн   хэлъыжкъым», - жеIэ Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт  музейм  и   тхыдэ  къудамэм и  лэжьакIуэ ФРОЛОВ   Борис.

Япэу а Iуэхум щыхьэт техъуахэм язщ  къэзакъ тхыдэтх Попко  Иван: «Адыгэ   Iэщэ-фащэмрэ    шы    хуэIухуэщIэхэмрэ     офицерми    сэлэтми    зэрызагъэщIагъуэ   шыфэлIыфэщ.  Адыгэхэм   зэрахьэ   псоми    къэзакъхэм   я   деж   пщIэшхуэ  щиIэщ. «ФIыуэ   къагупсысар   къэбгъэщхьэпэнри   губзыгъагъэщ», - аращ  абы Iущыгъэу  хэлъыр.  Кавказ    зауэм   теухуа   тхылъышхуэхэр   зи  IэдакъэщIэкIхэм  зыжьэу  жаIэ:   «Кавказ бгырыс лъэпкъ  псоми,   абыхэм   я   ужьым  иту   ди   къэзакъхэми   Къэбэрдейм   и фащэри,  и  Iэщэри,   шы   тесыкIэри,   къинэмыщIхэри   къащтащ».   

Къэзакъхэм езыр-езыру адыгэ Iэщэ  зэрызэрагъэпэщыр  1824 - 1828 гъэхэм  хуэмурэ  къэрал  унафэм  хуэкIуэн  щIидзащ.  Абы  и  щхьэусыгъуэри  IупщIщ.  Кавказ  гъунапкъэм  трагъэтIысхьа  хыфIыцIэIуфэ   къэзакъхэр   зауэ  IэнатIэм  Iухьэху,   адыгэхэм   я  шуудзэ псынщIэ  телъыджэм   пэщIэувэн  хуей  хъухэрт.  Дауи,  дзэ  зэгъэпэщам апхуэдэ шуудзэр  къыпэщIэтыфынутэкъым. Ауэ хыфIыцIэIуфэ къэзакъыдзэри  зэтеухуа  дыдэу   щыттэкъыми,  узижагъуэн   и   махуэт   абыхэм  я  дежкIэ  адыгэ  шууейхэр.  XIX  лIэщIыгъуэм  щыщ  тхакIуэ  гуэрым  зэрыжиIауэ:  «Езыхэми  я  нэгу  зэрыщIэкIыу,  къэзакъхэм  иджы  къапэщIэтыр  кърым   шыдыгъухэратэкъым,  атIэ  уи псэр пхуIузых   гузэвэгъуэт».  

Къэзакъ  уанэхэр, Iэпслъэпсхэр, шы  тесыкIэр, Iэщэ  хьэлъэр – ахэр губгъуэ хуитым зыгуэру  къыщысэбэпми, Псыжь деж мыхьэнэ щиIэжтэкъым.  Шынагъуэр   къыздикIынкIэ  хъуну  IуащхьэмкIэ  плъэн  ямыухыурэ,   псэхэхыр    езыхэр   зытес   шым   и    лъэгум   къыщIэлъэтырт.   Зауэр   нэхъыбэу  щекIуэкIыр   псыежэх,  бгы,  мэз  хуэдэхэрати,  адыгэхэм   я   зэуэкIэ   хабзэр   щIыпIэм  хуэщIэпат.   «Адыгэхэм  я  Iэщэр  къэзакъхэм  яIыгъхэм куэдкIэ  йофIэкI, -  ятхыжырт  Iуэхур   зи   нэгу  щIэкIхэм. –  Азиатхэм   я   тажхэр,   хьэдзэгъейхэр,   жырыщхъуэ   къамэхэр,   хьэрып   е   инджылыз  кIакхъу  зиIэ  кIэрахъуэхэмрэ   фочхэмрэ  къэзакъыр  зыщIэхъуэпс  Iэщэт,   езыхэм   а   зэманым   зэрахьэу   щытахэм  елъытауэ». Генерал-майор Попко  зэритхыжымкIэ,  хыфIыцIэIуфэ  къэзакъхэм  зэманыфI  яфIэкIуэдащ адыгэхэм   зэрахьэу  хъуар  къащтэным   зэрыхунэмысам  и  зэранкIэ: «Къэзакъ  шуудзэр  адыгэ  шуудзэм зэрыхуэзэу  занщIэу икIуэтын  хуей  хъурти,  абы  иужькIэ  ебгъэрыкIуэжын  дэнэ  къэна, бгъурыхьэжыфыртэкъым. Армэм хэту  къэжэрхэри  тыркухэри  зэтезыукIэу  щыта  урыс  сэлэтхэм  я  хэкум  исыж   шапсыгъхэм  Iэмал  хуагъуэтыртэкъым».

 ХыфIыцIэIуфэ  къэзакъхэм   адыгэ   Iэщэр   Псыжь  Iуфэ  зэрыIэпхъуэу  къагъэщхьэпэн  щIадзащ. Ипэм  деж  адыгэ  Iэщэ  зиIэхэр  мыкуэдами,  ар  къэзакъ  псэукIэм  щыщ зэрыхъуам  и   щыхьэтщ 1811 гъэм  ХыфIыцIэIуфэ  Гвардиер  щагъэхьэзырым  ар  адыгэ IэщэкIэ  узэдын хуейуэ унафэ  къыдэкIауэ зэрыщытам.  1811 гъэм  накъыгъэм и 18-м  зи  щIыхьыр ин  Императорым хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм ящыщу езым  и  Iэгъуэблагъэм щиIыгъын  Гвардие   щыхуагъэхьэзырым,  «я фочхэр адыгэ фочу щрет»  жаIэри  унафэ ящIауэ  щытащ. Урысыдзэм  а  зэманым  къигъэсэбэп  фочхэр нэхъыбэу зыщIыр  Тулэ  щыщ  фочыщIэхэрат,    абдежым щыщIэдзауэ зэрахьэн щIадзар  «тулэ фочыщIэхэм  ящIа  адыгэ фочщ». Iуэхум  фIыуэ щыгъуазэ  Ермолов  Алексей  пащтыхьыгъуэм зыхуигъэзауэ  щытащ  я  закъуэрыуэ  фочхэр  Iуахыжын   лъэIукIэ.  1821  гъэм  апхуэдэ  хуитыныгъэ   къыдокI,   къэзакъхэм «адыгэ   фочхэм  я  дакъэм  хуэдэ   зиIэ   фочзэгуэт» зэрахьэн  щIадзэ. А зэман  дыдэм  Ермоловыр  мэлъаIуэ   къэзакъхэм 1809  гъэ лъандэрэ зэрахьэ джатэр сэшхуэкIэ  яхъуэжыну  хуит  къащIыну.  ЗанщIэу  жыIапхъэщ къэзакъхэр лейуэ  гугъу  езыгъэхь а джатэр  IэщэфIу зэрыщымытар.  Къэзакъхэм я тхыдэтх  Короленкэ Прокопий  шэрыуэу жеIэ: «Адыгэхэм  я  сэшхуэ  жанхэмкIэ щIакIуэ зэфIэтыр зэпаупщIыф, къэзакъхэм  я  сэшхуэ дзагуэхэмкIэ   нащэ  фIэкIа   зыри   пхуэупщIэтэнукъым».   

 «ГъущI сампIэм илъ джатэхэр мы щIыпIэм ис къэзакъхэм къахуэгъэсэбэпкъым, ахэр пIыгъыу тIасхъэщIэх укIуэфынукъым, укъаубыдынкIэ  умышынэу, – захуегъазэ нэхъыщхьэхэм  Ермолов  Алексей. - Бийм  и  сэшхуэхэм хуэдэ зетхьэн щIэддзэмэ, абы зэраныгъэ къихьынукъым,   фIы  фIэкIа».  Императорыр  абыкIэ арэзы мэхъу, ауэ сэшхуэ зэращIын  ахъшэ иджыри  къахуимыутIыпщми,  Ермоловым  унафэ  ещI  «гъущI сампIэм  илъ  джатэ афIэкIа  ямыщIыжыну». «Сыт щхьэкIэ?» жаIэу щеупщIым:  «ХыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм иджы яIыгъ джатэхэм  нэхърэ сэшхуэ яIыгъмэ нэхъыфIу къызолъытэ», -  жиIэри жэуап  къаритыжащ. Ар  зыхуэзэр  1824 гъэм и  мэкъуауэгъуэрщ.

Унафэ  пыухыкIа  къызэрыдэмыкIам  къыхэкIыу, зэманкIэ къэзакъхэм джатэм и гъусэу   сэшхуи зэрахьэну  хуит  ящIащ. Ауэ а хуитыныгъэр къэзыгъэсэбэпыфын къэзакъ щIагъуэ щыIэтэкъым, сыту жыпIэмэ, къэзакъхэм  мылъку зэрабгъэдэмылъым къыхэкIыу,   а   джатэ   дыдэри   зимыIэхэр  нэхъыбэт. 

1840 гъэм  къэрал  унафэ  къыдокI  хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм я Iэщэ-фащэм сэшхуэр  Iэмал  имыIэу хэтын, къамэхэри адыгэ къамэу щытын хуейуэ.  Сэшхуэхэр яхуэзыщI  нэмыцэ  IэщIагъэлIми  жраIащ ахэр  «адыгэхэм  яIыгъым  ещхьу, къэзакъхэм  я  псэлъафэкIэ - езыр-езыру  кIуэуэ - зэрыщытыпхъэр».

А унафэхэм къыкIэлъыкIуащ  къэзакъ зауэлIым  «черкескэ» адыгэ фащэр щыгъыну  зэрыхухахари.   Ар  къыщыхъуар 1861 гъэращ. Япэрауэ,  адыгэхэм я  зауэ хабзэхэр къэзакъхэм къэрал  унафэкIэ къащтат. ЕтIуанэрауи,  1860 гъэхэм и  кIэм нэблэгъа  зауэм  къащыпэщIэта бийм хуащI  пщIэри къигъэлъагъуэрт.  Дигу къэдгъэкIыжынщ  Попко  Иван  адыгэ шууейхэр бургунд,  лотаринг  щауэхэм   яхуигъадэу зэрыщытар.

  ЧЭРИМ Марианнэ.  

                                                         

 

Поделиться:

Читать также: